Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ «Iуэхушхуэхэр щызэфIах Урысей» Урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэмрэ зэдэлэжьэным теухуа ЗэгурыIуэныгъэ зэращIылIэ

«Iуэхушхуэхэр щызэфIах Урысей» Урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и лIы­кIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ къыщыкIуам зэIущIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ зэгухьэныгъэм и президент Титов Павелрэ.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ КъБР-м и экономикэм инвестицэхэр къешэлIэным сэбэп хуэхъуну щытыкIэхэр щIыналъэм къыщызэгъэпэщынымкIэ, бизнесым зыщегъэужьынымкIэ, щхьэзакъуэ жэрдэмхэр щыпхыгъэкIынымкIэ, хьэрычэт IэнатIэ мы­инымрэ курытымрэ защIэгъэкъуэнымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэм.
«Iуэхушхуэхэр щызэфIах Урысейм» и лIыкIуэхэм фIэхъус ярихри, КъБР-м и Iэ­тащхьэм къыхигъэщащ республикэр зы­хуэбгъадэ хъун щымыIэ щIыуэпскIэ зэрыкъулейр, щIыпIэм бизнесым зэрызыщиу­жьыр.
Абы къыдэкIуэу, жиIащ КIуэкIуэ К. В., дэ къыдгуроIуэ ди щIыпIэм инвестицэхэр къыхегъэлъхьэным хуэунэтIа лэжьыгъэр зэпымыууэ едгъэкIуэкIын, хьэрычэты­щIэ­хэм я мылъку ди щIыналъэм къыхалъхьэн, щагъэлэжьэн папщIэ ахэр а Iуэхум тезыгъэгушхуэн щытыкIэхэр къахузэдгъэпэщын зэрыхуейр.
Титов Павел Къэбэрдей-Балъкъэрым и унафэщIхэм фIыщIэ къахуищIащ республикэм къызэрырагъэблэгъам папщIэ икIи къыхигъэщащ я жылагъуэ зэгухьэныгъэмрэ КъБР-м и властым и органхэмрэ быдэу зэпыщIауэ куэд щIауэ зэрызэ­дэ­лажьэр - «Iуэхушхуэхэр щызэфIах Урысейм» и къудамэр 2006 гъэм къыщыщIэ­дзауэ Налшык щыIэщ.
Апхуэдэу щытми, зэгухьэныгъэм лэ­жьыгъэм и пIалъэ фIыуэ зэрищIэр къэ­лъытауэ, адэкIи нэхъри куууэ зэдэлэ­жьэнымкIи Iэмалхэр щыIэщ икIи ахэр щIэгъэкъуэн хъуфынущ щIыналъэм иIэ хэкIыпIэхэм ­зегъэужьынымкIэ, респуб­ликэм и хьэрычэт IэнатIэр къэрал кIуэцI, къэрал щIыб сату щIыпIэхэм япыщIэ­нымкIэ, мэкъумэш, ту­ризм IэнатIэхэм ­ин­вестор лъэрызехьэхэр ­къешэлIэным­- кIэ.
ЗэIущIэм зыщытепсэлъыхьахэм япкъ иткIэ КIуэкIуэ Казбекрэ Титов Павелрэ ­Къэбэрдей-Балъкъэрым и социально-эко­номикэ зыужьыныгъэм и унэтIыныгъэ ­нэхъыщхьэхэр гъэзэщIэным щызэ­дэлэ­жьэным теухуа ЗэгурыIуэныгъэм Iэ щIа­дзащ.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

12.05.2024 - 09:03

ЛЪАХЭХУТЭ ЗЭПЕУЭ

КъБР-м и Сабий, щIалэгъуалэ творчествэ унэм иджыблагъэ щекIуэкIащ урысейпсо зэIущIэ.

11.05.2024 - 12:25

ЩIЭНЫГЪЭЛI УСАКIУЭХЭР

 Зэ еплъыгъуэкIэ къыпщыхъунщ литературэр математикэм, социологием, физикэм, экономикэм, биологием, нэгъуэщI щIэныгъэхэми зыкIи емыпхауэ.

11.05.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ ХУЭПАБГЪЭУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Прохладнэ щIыналъэм и Приближнэ къуажэм зи узыншагъэкIэ сэкъат зиIэ сабийхэр щрагъаджэу дэт школ-интернат №2-м и гъэсэн цIыкIухэр къыщыхэжаныкIащ Сочи къалэм и «Сириус» фед

11.05.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ЩIЫХЬКIЭ

ТекIуэныгъэм и махуэ къэблэгъам пежьэри, Кэнжэ къуажэм иджыблагъэ дзюдомкIэ зэхьэзэхуэ щрагъэкIуэкIащ. Абы щызэпеуащ 2011 гъэм къалъхуа ныбжьыщIэхэр - псори зэхэту 113-рэ.

10.05.2024 - 12:25

КIЭРЫХУБЖЬЭРЫХУР УАФЭМ НЭСАЩ

ЦIыхум и лъэр нихьэсащ хы лъабжьэми, къуршу щыIэм я нэхъ лъагэми, хьэршми. Ари хъунт и Iэужь къыщимынэу, щIыуэпсым хэмыIэбэу, пщIэ хуищIу щытатэмэ.