Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек Грознэ къалэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 200 зэрырикъум теухуа гуфIэгъуэм хэтащ

Грознэ къалэр къызэрызэрагъэ­пэщрэ илъэс 200 зэрырикъум теухуа ­гуфIэгъуэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэр. Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм щэнхабзэмрэ спортымкIэ я фестивалым хэтхэм я пащхьэ къыщыщыпсалъэм КIуэ­кIуэ Казбек Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэм я цIэкIэ шэшэн лъэпкъым пIалъэ гуфIэгъуэмкIэ ехъуэхъуащ.

Шэшэн Республикэм и япэ Президент, Урысейм и ЛIыхъужь Кадыров ­Ахъ­мэт-хьэжы и фэеплъым пщIэшхуэ ­зэ­ры­хуи­щIыр жиIэри, КъБР-м и уна­фэщIым къыхигъэщхьэхукIащ ди щIы­налъэм ­ма­мы­рыгъэмрэ зэпIэзэ­ры­ты­ны­гъэмрэ къы­­­щызэгъэпэщыным абы къаруушхуэ зэрырихьэлIар.
И адэм и Iуэхум тэмэму пищэурэ, жи­Iащ КIуэкIуэм, Шэшэн Республикэм и Iэтащхьэ, Урысейм и ЛIыхъужь Кады­ров Рамзан шэшэн лъэпкъыр зэкъуигъэу-ващ икIи мамырыгъэ гъуэгум тету абы ­зиужьын папщIэ зыхуэфащэ Iэмал псори иджыпсту щыIэ хъуащ.
Округым и субъектхэм я Iэтащхьэхэм ящIыгъуу КIуэкIуэ Казбек Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и щIыналъэхэм я лъэпкъ пщIантIэхэр къызэхикIухьащ, КъШР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рашидрэ абырэ Къэбэрдей-Балъкъэ­рымрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ я экспозицэхэм еплъащ.
Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм щэнхабзэмрэ спортымкIэ я фестивалыр къы­зэрызэIуахым теухуа дауэдапщэм хэтащ Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ, Урысейм и ЛIыхъужь Матовников Александр, УФ-м Кавказ Ищхъэрэм и IуэхухэмкIэ и ми­нистр Чеботарёв Сергей, къэралым и щIы­налъэхэм я Iэтащхьэхэр.
 

КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.

08.05.2024 - 09:03

ЗИ НАПЭ ЕМЫПЛЪУ ЛЪЭБАКЪУЭ ЗЫМЫЧА

ТхакIуэ, журналист Къудей Владимир илъэс 70 ирокъу

08.05.2024 - 09:02

РАДИОМ И МАХУЭМ ТЕУХУА ТЕЛЕЧЭЩАНЭ ДЖЭГУ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэгъэгушхуэм къызэрацIыхуж телечэщанэ цIэрыIуэр Радиом и махуэм ирихьэлIэу нурыбэу къызэщIагъэблэнущ, идз нэхум хэлъ тхыпхъэхэр макъамэрэ уэздыгъэ джэгуу зэхэту яутIыпщынущ.

08.05.2024 - 08:10

ЛIЫГЪЭР ЗЫГЪЭУНЭХУАР

(Нарт тхыдэжь)

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI