КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ гъэплъыгъуэ лъэхъэнэм зыхуэгъэхьэзырынымрэ къагъэсэбэпа гъэсыныпхъэмкIэ республикэм къытехуа щIыхуэмрэ ятеухуа зэIущIэ

КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек ды­гъуасэ иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Правительствэм и унафэщIхэр, министерст­вэхэмрэ ведомствэхэмрэ, щIыналъэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэр зыхэта, республикэм и IуэхущIапIэхэр, инженернэ инфраструктурэр бжьыхьэ-щIымахуэ лъэхъэнэм хуэгъэхьэзырыным, апхуэдэ­уи къагъэсэбэпа гъэсыныпхъэмкIэ республикэм къытехуа щIыхуэм ятеухуа зэ­IущIэ зыубгъуа.

ЩIыналъэм и Iэтащхьэм жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэсыныпхъэ-энергетикэ, псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэхэр я Iуэхухэр щызэблэу къэмыхъуу лэжьэн зэ­рыхуейр.
«А IэнатIэхэм къапэщыт, псэуныгъэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ къалэн псоми ­къагъэув абыхэм жэуаплыныгъэшхуэ пхэ­лъу убгъэдыхьэн, зэпымыууэ гулъытэ яхуэп­щIын хуейуэ», - къыхигъэщащ КIуэкIуэм.
Гулъытэ хэха хуищIащ къызэрымыкIуэ щытыкIэ къэхъу хъужыкъуэмэ, ар псынщIэу гъэзэкIуэжыныр зи пщэ дэлъ IэнатIэм сыт и лъэныкъуэкIи лъабжьэ быдэ къыхузэгъэпэщын зэрыхуейм.
КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ - инфраструктурэмрэ бжыгъэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ министр Бэлэ­токъуэ В. Хь. зэрыжиIамкIэ, республикэр дызыхуэкIуэ гъэплъыгъуэ лъэхъэнэм процентищэкIэ хуэхьэзырщ. Муниципальнэ щIыналъэхэмрэ къалэ округхэмрэ я щIыпIэ администрацэхэм, «Ростехнадзор»-м и лIыкIуэхэм къапщытащ псэупIэ фондым абы и лъэныкъуэкIэ иIэ щытыкIэр. ФокIадэм и 1-м ирихьэлIэу Iэ традзащ къат куэду зэтет псэупIэ унэхэр, хуабэкIэ къызэзыгъэпэщ IуэхущIапIэхэр лъэхъэнэм зэры­хуэхьэзырым теухуа тхылъхэм, псы, хуабэ зэрыкIуэ бжьамийхэу, уэздыгъэ кIапсэхэу жьы хъуахэр зэхъуэкIыным пыщIа лэжьыгъэхэр зэфIэкIащ.
Къыхагъэщащ мы илъэс дызэрытым зэрыщIидзэрэ (2018 гъэм и щIышылэ - шыщхьэуIу мазэхэм) сыт хуэдэ гъэсыныпхъэми пэкIуэ уасэхэр къыхэхынымкIэ ехъу­лIэныгъэ нэрылъагъухэр зэрыщыIэр - ар процент 77-м зэрынэсар. Республикэ, щIыпIэ бюджетхэм зи мылъкур къыхэкI IуэхущIапIэхэм а ахъшэхэр нэсу ят.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м и Премьер-министр Мусуков А. ТI., ЩIыуэпс, технологие, атом кIэлъыплъыныгъэмкIэ Федеральнэ къулыкъущIапIэм Кавказым щиIэ управленэм и унафэщIым и къуэдзэ Быф ­ Б. Хь., Налшык къалэ округым и администрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Т. Б., Прох­ладнэ къалэ округым и администрацэм и ­Iэтащхьэ Тараев И. В. сымэ.

 

КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэмрэ Прави­тельствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.

08.05.2024 - 09:03

ЗИ НАПЭ ЕМЫПЛЪУ ЛЪЭБАКЪУЭ ЗЫМЫЧА

ТхакIуэ, журналист Къудей Владимир илъэс 70 ирокъу

08.05.2024 - 09:02

РАДИОМ И МАХУЭМ ТЕУХУА ТЕЛЕЧЭЩАНЭ ДЖЭГУ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэгъэгушхуэм къызэрацIыхуж телечэщанэ цIэрыIуэр Радиом и махуэм ирихьэлIэу нурыбэу къызэщIагъэблэнущ, идз нэхум хэлъ тхыпхъэхэр макъамэрэ уэздыгъэ джэгуу зэхэту яутIыпщынущ.

08.05.2024 - 08:10

ЛIЫГЪЭР ЗЫГЪЭУНЭХУАР

(Нарт тхыдэжь)

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI