Тыркум щылажьэ Кавказ Хасэхэм я федерацэм и унафэщIымрэ абы хэтхэмрэ мы махуэхэм Урысей Федерацэм адыгэхэр зэрыс и хэгъэгухэм щохьэщIэ, Адыгэ Хасэхэм цIыхухэм щахуозэ, республикэ унафэщIхэм йопсалъэ.
Мызыгъуэгум гупышхуэу къэкIуа ди лъэпкъэгъухэр япэу къыщыувыIар Мейкъуапэщ. Адыгей Хасэм и тхьэмадэ ЛIымыщэкъуэ Рэмэзан къригъэблэгъа и къуэшхэр япэу IущIащ Адыгэ Республикэм и ЛIыщхьэ КъумпIыл Мурат. ЗэIущIэм хэтащ Кавказ Хасэхэм я федерацэм и тхьэмадэ Улучай Юнал, абы къыдэлажьэхэр, УФ-м Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министерствэм и лIыкIуэм и IуэхущIапIэу Краснодар щыIэм и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Шалимовэ Ольгэ, АР-м и министрхэм я кабинетым хэтхэр, Адыгей Хасэм щэнхабзэмкIэ, егъэджэныгъэмкIэ, хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм запыщIэнымкIэ и къудамэхэм я унафэщIхэр, Дунейпсо Адыгэ Хасэм хэтхэр, нэгъуэщIхэри.
ЗэIущIэм щIидзэн ипэ къихуэу, Тыркум къикIа хьэщIэ-хэм Адыгейм и социально-экономикэ зыужьыныгъэм, ухуэныгъэ, егъэджэныгъэ, щIэныгъэ, щэнхабзэ, спорт IэнатIэ-хэм щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм, псэукIэр, шынагъуэншагъэр къызэрыщызэгъэпэщам теухуа видео роликхэр ирагъэлъэгъуащ.
АР-м и Iэтащхьэм жиIащ КАФФЕД-м хэтхэм куэд щIауэ зэрапыщIар, зэрызэкIэлъыкIуэр, хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ я зэдэлэжьэныгъэм Урысеймрэ Тыркумрэ я зэпыщIэныгъэр нэхъ быдэ зэрищIыр. КъумпIыл Мурат ехъуэхъуащ иджыблагъэ КАФФЕД-м и тхьэмадэу хаха Улучай Юнал.
- Иджырей Iэмалхэр къэдгъэсэбэпу, къытщIэхъуэ щIэблэм щхьэпэ яхуэхъун зэпыщIэныгъэхэр дубзыхун хуейщ, нэхъри дызэзыпхын Iуэхугъуэхэм дылъыхъуапхъэщ. Хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэ щIалэгъуалэм ящIэн хуейщ ди тхыдэр, ялъагъун хуейщ я адэжь лъахэм къыщыхъухэр, ди ехъулIэныгъэхэм иригуш-хуэу псэуну игъуэу къызолъытэ, - жиIащ КъумпIылым.
Хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэм жылагъуэ мыхьэнэ зиIэ республикэ дауэдапщэхэм - Адыгэ Республикэм и махуэ, Къэрал ныпым и махуэ, зи Хэку къэзыгъэзэжахэм я махуэ, нэгъуэщI Iуэхухэм - хэтын щхьэкIэ хъыбар зэрырагъэщIэнур, къызэрырагъэблэгъэнур дыщIигъуащ Iэтащхьэм. Адыгейм и телерадиокомпанием и нэтынхэм я фIыгъэкIэ хэкум щыхъыбархэр псынщIэу ялъоIэс хамэ къэралхэм щыпсэухэм. Апхуэдэ дыдэуи Адыгэ къэрал университетымрэ Дюзджэ къалэм дэт университетымрэ зэдолажьэ.
ЗэIущIэм хэтахэм къыхагъэщащ коронавирус уз зэрыцIалэр къемыжьэ щIыкIэ жыджэ-ру зэкIэлъыкIуэу зэрыщытахэр къэублэжын зэрыхуейр, щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр, ди щIалэгъуалэр зэхъуажэурэ зэрыдгъэхьэщIапхъэр, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Iэмалхэр къагъэсэбэпу, егъэджэныгъэ, турист, лэжьыгъэ IуэхухэмкIэ зэкIэлъыкIуэн зэрыхуейр.
- Къапщтэмэ, быдэу жысIэфынущ Адыгеймрэ хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэмрэ я зэхущытыкIэм но- би зэрызиужь зэпытыр, си гугъэщ фэ фыкъызэрыкIуар а Iуэхум нэхъри сэбэп хуэхъуну, - къыхигъэщащ КъумпIыл Мурат.
КАФФЕД-м и тхьэмадэ Улучай Юнал Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэм фIыщIэ хуищIащ къахуищIа гулъытэмрэ къуэш хуэдэу зэрыригъэблэгъамрэ папщIэ. Абы жиIащ зи пашэ зэгухьэныгъэм илэжь Iуэхум урысей-тырку зэгурыIуэныгъэр лъабжьэ зэрыхуэхъур.
- Хэкум къэкIуэн и пэ дэ дахуэзащ УФ-м Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министерствэм и IуэхущIапIэу Тыркум щыIэм, Россотрудничествэм я къулыкъущIэхэм. Дэ дызытет къыхуеджэныгъэр «КАФФЕД-м и гупэр Урысейм хуэгъэзащ» гупсысэрщ. ИкIи хуабжьу ди гуапэ хъуащ ди къуэшхэр зэ-рыс республикэр къыддэлэжьэну хьэзыру къызэрытпежьар, - жиIащ Юнал.
Абы фIыщIэ хэха яхуищIащ Тыркум щIыхъей къыщыхъуам Адыгейм исхэр зэракъуэувам папщIэ, апхуэдэуи къыхигъэщащ а къэралым ис ди къуэшхэр хэкум щекIуэкI Iуэхухэм набдзэгубдзаплъэу зэрыкIэлъыплъыр, абы и ехъулIэныгъэхэм зэрыщыгуфIыкIыр.
КАФФЕД-м и тхьэмадэм утыку кърихьащ дызыхуэкIуэ илъэсищым а зэгухьэныгъэм ищIэну и мурадхэр. Хэкум ехьэлIахэр жыпIэмэ, адыгэхэр нэхъыбэу щыпсэу хэгъэгухэмрэ КАФФЕД-мрэ проект зыбжанэ зэдагъэзэщIэну я гуращэщ, ахэр теухуащ Тыркум щыIэ адыгэ къуажэхэмрэ хэкум щыIэхэмрэ нэхъри зэпыщIэным, адэжь лъахэм къэзыгъэзэжыну хуейхэм сэбэп яхуэхъуным, анэдэлъхубзэмкIэ конференцхэмрэ курсхэмрэ къызэгъэпэщы-ным, спорт зэхьэзэхуэхэр зэхэшэным, лъэпкъ IэщIагъэхэр къыдэкIуэтей щIэблэм щра- гъэцIыху Iуэхугъуэхэр къехьэжьэным, хьэрычэт, егъэджэныгъэ, нэгъуэщI унэтIыныгъэхэмкIи зэдэлэжьэным.
Абы и жэуапу КъумпIылым жиIащ ди къуэшхэм ядэлэжьэныр зэи гулъытэншэ зэрамыщIар, утыку кърахьа Iуэху-хэм хэплъэу, щIапхъэхэр зэраубзыхунур, зэрызэгурыIуэнур.
Адыгейм и хьэщIэхэр ирагъэблэгъащ Мейкъуапэ дэт, Пушкиным и лъэпкъ унэмрэ АР-м и Лъэпкъ музеймрэ. А махуэхэм ди лъэпкъэгъухэр ирагъэплъащ Къуиикъуэ Налбий и пьесэм къытращIыкIа «СыволъэIу, сыщIэфлъхьэж!» спектаклым. Адыгэхэм я декоративно-прикладной гъуазджэм щагъэгъуэзащ дыщэидэм хуэIэзэ бзылъхугъэхэу Чэт Сафиет, Гумэ Ларисэ, Джэримыкъуэ Зуретэ сымэ я IэдакъэщIэкIхэмкIэ.
Адыгэ Республикэм и Театрхэм я зэгухьэныгъэм и уна-фэщI Ачмыжь Рустам зэрыжиIамкIэ, зэкъуэшхэм я мыпхуэдэ зэкIэлъыкIуэм дунейпсо зэпыщIэныгъэхэр нэхъ егъэбыдэ, зэдэлэжьэныгъэхэр ирегъэфIакIуэ.
- Адыгэ театрыр къапщтэмэ, лъэпкъ, щIыналъэ зэпыщIэныгъэр иригъэфIэкIуэн папщIэ зыми щысхьынукъым. Нобэ- кIэ щэнхабзэ зэпыщIэныгъэр куэдым лъабжьэ зэрыхуэхъур долъагъу, Тырку Республикэм адыгэ куэд зэрыщыпсэур къэплъытэмэ, Iэмал имыIэу дызэрыщIэн, дызэкIэлъыкIуэн хуейщ. Уеблэмэ зэгъусэу зы Iуэху зэдэтщIэным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Лъэпкъ театрым и къалэн нэхъыщхьэ дыдэр анэдэлъхубзэр хъумэнырщ, ар гъуазджэм и утыку лъагэм щыгъэIунырщ, - жиIащ Рустам.
Пщыхьэщхьэм Тыркум къикIа хьэщIэхэм я нэгу зрагъэужьащ лъэпкъ къафэмкIэ «Налмэс» къэрал академическэ ансамблым, «Ашэмэз» цIыхубэ ансамблым, «Мыст» адыгэ макъамэмкIэ гу-пым.
Тхьэмахуэм щIигъукIэ Тыркум къикIа адыгэхэр щыхьэщIэнущ Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Краснодар крайм. Ахэр хэтынущ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым и зи чэзу зэхуэсу Налшык щекIуэкIынум.
Ди лъэпкъэгъухэм хы ФIы- цIэ Iуфэм Iус шапсыгъхэм я щыIэкIэ-псэукIэм зыщагъэгъуэзащ Шапсыгъ Хасэм и тхьэмадэ КIэкIыхъу Мэжид иригъэблагъэри. КупщIафIэу махуитI щагъэкIуащ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэми. Шэрджэс Хасэм и тхьэмадэ Аслъэн Алий я гъусэу ахэр IущIащ КъШР-м и Правительствэм и УнафэщI Аргун Мурат.
ХьэщIэхэр дыгъуасэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэсащ.
НэщIэпыджэ Замирэ.