Зэран къызэрытхуэхъу Iэмалхэр мэбагъуэ

КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ - ­КъБР-м и министр Къуэшы­рокъуэ Залымрэ КъБР-м и Прокуратурэм экстре­миз­мэм­рэ терроризмэмрэ пэ­щIэ­тыным, лъэпкъ зэхущы­тыкIэхэм, къэрал шынагъуэншагъэм теухуа законхэр зэрагъэзащIэм кIэлъы­плъы­ным-
кIэ и къудамэм и унафэщI Шурдым Анзоррэ иджыблагъэ журналистхэм яIущIащ. 

Ахэр тепсэлъыхьащ щIыналъэ унафэщIхэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ экстремизмэмрэ терроризмэмрэ пэщIэтынымкIэ республикэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэм, цIыхухэм я шынагъуэншагъэр, жылагъуэ зэ­пIэ­зэрытыгъэр къызэрызэрагъэпэщым.
Зэхуэсыр къыщызэIуихым, Къуэшырокъуэ Залым къыхигъэщащ Урысейм Украинэм дзэ Iуэху хэха зэрыщригъэ­кIуэкIым къыхэкIыу, къухьэпIэ къэралхэм ди Хэкур зэры­хь­зэрий хадзэн щхьэкIэ сыт хуэдэ Iэмалми зэрыхуэкIуэр, псом хуэмыдэу хъыбар нэпцI­хэр зэрызэбграгъэхыр. «А псор зыхуэунэтIар ди цIыхубэр ягъэ­шынэу къарууншэ ящIынырщ, ди зэкъуэтыныгъэм зэран хуэхъунырщ. Абы дызэ­рыпэ­щIэ­тыфынур цIыхухэм хъыбар пэжхэр яIэрыдгъэхьэущ. Пэжращ къару зиIэри, дэ аращ дызителъхьэр. Ди лъэпкъ гуп­сысэхэмрэ Iуэху еплъыкIэхэм­рэ хъума хъунымкIэ а Iуэху бгъэдыхьэкIэм мыхьэнэшхуэ иIэщ, - жиIащ Залым. - Мы зэманым Къэбэрдей-Балъкъэ­рым щыдогъэзащIэ «2021 - 2025 гъэхэм экстремизмэм­рэ терроризмэмрэ зэрыпэ­щIэ­тыр» къэрал программэр. Абы къыщыгъэлъэгъуа пщэрылъ­хэм щIыдгъужащ, СВО-р ­зэ­рекIуэкIыр къэтлъытэри. Тхыдэм дриплъэжмэ, фощIэж зэман зэхуэмыдэхэм Урысейм куэд къебгъэрыкIуэу зэры­щытар, ауэ абы зэи зыри къытекIуакъым. Хэку зауэшхуэм и зэманым Гитлер дуней псом щыжиIат Урысейр игъэкIуэдыну зэримурадыр. АрщхьэкIэ ди цIыхубэм я лIыхъужьыгъэм ар фIэкIыфакъым. Нобэ Украинэмрэ КъухьэпIэмрэ зи ужь итри аращ - ди къэралыр зэбграгъэлъэлъыжыныр я хъуэ­псапIэу абы щыгъуэм яху­зэфIэмыкIа мурадыр ягъэ­зэщIэнырщ, фашизмэр къагъэщIэрэщIэжынырщ. Абы дыпэщIэтын хуейщ ди къару зэхэдзэкIэ.
Къуэшырокъуэм жиIащ псом нэхъыщхьэу щIалэгъуа­лэр хъыбар нэпцIхэм пэIэщIэ ящIын зэрыхуейр. «Дэ ди цIыхубэр сыт щыгъуи Iущу, _захуагъэм и телъхьэу къекIуэ­кIащи, къытпэщIэувэхэм я ­хьилагъэхэри пхыкIынукъым. Украинэмрэ абы къыгуэт ­къухьэпIэ къэралхэмрэ Урысейм ямыбзыщIу къызэ­рыпэ­щIэувар къэплъытэмэ, зэман гъунэгъум экстремизмэмрэ терроризмэмрэ дызэры­пэ­щIэ­тым нэхъри делIэлIэнущ», - дыщIигъуащ къэпсэлъам. 
Шурдым Анзор жиIащ къа­Iэта Iуэхум мыхьэнэшхуэ зэриIэр икIи тепсэлъыхьащ прокуратурэм и къалэн нэхъыщхьэхэм. «Дауи, дызэрыт зэманми къару гуэрхэр иужь итщ лъэныкъуэ зэхуэмыдэхэмкIэ щIыналъэм щытыкIэр щы­зэщIагъэплъэну, - жиIащ абы. - Ди IуэхущIапIэр псом япэу цIыхухэм я хуитыныгъэхэр зэрахъумэм кIэлъоплъ, уголовнэ Iуэхухэр зэхегъэкI. Иужьрей илъэситхур къапщтэмэ, экстремизмэмрэ терроризмэмрэ пыщIауэ цIыху пщIы бжыгъэхэр ягъэтIысащ. 2023 гъэм республикэм щIэпхъаджагъэ Iуэхуищ щалэжьыну я мураду къызэпыдудащ, абы и пэ илъэсым - Iуэхугъуи 2-м. Апхуэдэ лэжьыгъэм и фIыгъэкIэ республикэм шынагъуэ къыщымыхъуу екIуэкIащ. А Iуэхум хэтащ IэнатIэ щхьэ­хуэхэмрэ республикэм и ­МВД-м и къудамэхэмрэ», - жиIащ Шурдымым.
Къэбэрдей-Балъкъэрым уго­ловнэ Iуэху 13 къыщаIэтащ УФ-м IэщэкIэ зэщIэузэда и ­къарухэм я лэжьыгъэм зэры­пэ­щIэуэм теухуауэ. Зыр щэху­рылажьэ Iуэхум епхат, тIур - къэралым зэрепцIыжам. Шурдымыр тепсэлъыхьащ иджы­благъэ щIэпхъаджагъэ ялэ­­-
жьыну зи гугъахэм ящыщ зыбжанэ Налшык къалэм пэгъунэгъуу зэраубыдам, цIыхуитI зэраукIам. 
ЗэIущIэм къыщыхагъэщащ Урысейм къыпэщIэтхэм къэралым зэран къызэрыхуэхъуну Iэмалхэм ящыщу нэхъыбэу ­телефоныр къызэрагъэсэ­бэпыр, гъэпцIагъэкIэ щIэпхъаджагъэ гуэрхэр ялэжьыну цIыхухэр къызэрыхураджэр, террорист Iуэхухэм хашэн папщIэ, щIалэгъуалэр къыдахьэхыну зэрыхэтыр. Абы и лъэныкъуэкIэ телефонхэм трагъатхэ джэгу зэмылIэужьы­гъуэхэри къагъэсэбэпыф.
Шурдым Анзор къызэрыхигъэщамкIэ, 2023 гъэм къы­щыщIэдзауэ хъыбар нэпцIу 200-м нэблагъэ къыщIагъэщащ, цIыху 50-м нэс административнэ жэуапым ирашэлIащ.
Дызэрыт зэманым гулъытэ хэха зыхуащIынухэм я гугъу щищIым, Къуэшырокъуэ Залым жиIащ къалэн нэхъы­щхьэу зыхуагъэувыжхэм лъэпкъ фIыгъуэхэр хъумэным ехьэлIа лэжьыгъэ ирагъэ­кIуэкIыныр зэрыхэтыр. «Сэ сызэреплъымкIэ, цIыхубэ шынагъуэншагъэр къызэгъэпэща хъуным и IыхьэфI хэлъщ лъэпкъхэм илъэс минхэм къыпхраха я хабзэфIхэр Iэ­щIыб емыгъэщIыным. ЦIыхугъэм и мыхьэнэм, хэкур фIыуэ лъагъунымрэ абы хуэпэжын зэрыхуеймрэ зыщIэ цIыхур Iуэху мыщIагъуэхэм хэшэгъуей хъунущ. Мы зэманым ди щIалэгъуалэр къагъэсэбэпу къэ­ралым зэран къызэрыхуэхъунум куэд йощэ. ЗэрыжытIауэ, сабийхэм къаIэрохьэ хабзэм къемызэгъыу Iуэхугъуэ гуэрхэр ялэжьыну къыхураджэу. Абы къыхэкIыу хъыбар нэпцI­хэм дызэрыпэщIэтыным иджыпсту гулъытэ хэха иIэн ­хуейщ», - дыщIигъуащ абы.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ ислъам диным къигъэувыр зэрахъуэкIыу жылагъуэм еплъы­кIэ щхьэхуэхэр зэрыхахьэм и зэран къазэрекIми, лъэпкъ щэнхабзэхэр (къафэр, джэгур, макъамэр, гъуазджэр) IэщIыб зэрыхъуми. «Уры­сей Федерацэм щыпсэу­хэр зыщыщ лъэпкъи яIыгъ дини емылъытауэ Законым къигъэувым дыщытетщ. Къэралым и Конституцэм зыми и ­хуитыныгъэ къызэпиудыркъым. Къэбэрдей-Балъкъэ­рым Ислъам институт диIэщи, дин и лъэныкъуэкIэ хамэ къэралхэм щIэныгъэ къыщамылъыхъуэу, абы ди щIэблэр щеджэныр нэхъ сфIэкъабылщ. Къэлъытэн хуейщ нэ­гъуэщI къэралхэм гупсысэ­кIэр, диным теухуауэ яукъуэдийр нэгъуэщIу къыщIэкIынкIэ зэрыхъунур», - жиIащ министрым.
Апхуэдэуи ар къытеувыIащ республикэм и нэIэ зытригъэт Херсон щIыналъэм экстремиз­мэм, терроризмэм епха гуэрхэр къыщымыхъуным хуэгъэзауэ щекIуэкI лэжьыгъэм. ­Къуэшырокъуэм хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр къыхуриджащ зэбграгъэх хъыбархэм набдзэгубдзаплъэу ­хущытыну, цIыхухэм я деж пэжыр нахьэсыну.

БАГЪЭТЫР  Луизэ.
Сурэтхэр
Къарей  Элинэ  трихащ

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.04.2026 - 09:03

Куэдым хащIыкI

КъБКъУ-м Жылагъуэ жэрдэмхэмкIэ и пэшым иджыблагъэ щекIуэкIащ ­«Хабзэ хъуа псэкупсэ-щэнгъасэ лъапIэныгъэ­хэр: сыт дызэкъуэзыгъэувэр?» зэп­сэ­лъэныгъэр.

15.04.2026 - 09:03

Лъэпкъыр, бзэр, щэнхабзэр япэ изыгъэщ

Театрым, кином, щэнхабзэм зэрыщыту хухэха махуэхэм журналистхэр ди гуа­пэу датотхыхь а IэнатIэм пэрытхэм, цIыху гъащIэр, къэ­ралыр, псэукIэр нэхъ зыгъэбжьыфIэ, зыгъэдахэ цIыху цIэрыIуэхэм.

15.04.2026 - 09:03

Гъунапкъэншэ зэпсэлъэныгъэ

КъБР-м и Парламентым и депутатхэр иджыблагъэ студентхэм яIущIащ.

14.04.2026 - 15:59

Театр лэжьакIуэхэм я пшыхь гуапэ

Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр къэрал драмэ театрым щекIуэкIащ Урысей Федерацэм и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэхэр (СТД) илъэси 150-рэ, абы и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэр илъэс

14.04.2026 - 09:12

«Гупсысэм и къарур»

Апхуэдэ фIэщыгъэ зиIэ узэщIакIуэ, егъэджэныгъэ пэхуэщIэ купщIафIэ илъэс зыбжанэ лъандэрэ щрагъэкIуэкI ди къэралым.  «Вагъуэ» къэралпсо зэгухьэныгъэм къы­зэригъэпэщ, УФ-м Лъэпкъ Iуэху­хэмкIэ и федер