КЪЫЩIАГЪЭКIЫМ И КУЭДАГЪЫМ ХОХЪУЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ -мазаем къриубыдэу республикэм къыщыщIагъэкIа IэфIыкIэхэкIхэм я куэдагъым процент 24-кIэ, нэкулъу ящIым процент 43,7-кIэ, шатащхьэм – процент 1,2-кIэ, кхъуеймрэ кхъуейлъалъэмрэ – проценти 8,9-кIэ хэхъуащ.

ЩIакхъуэмрэ щIакхъуэхэкIымрэ, макарону къыщIагъэкIам и куэдагъыр къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бжыгъэхэм хуокIуэ.

Зэпалъытыж пIалъэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш, ерыскъыхэкIхэм елэжь IуэхущIапIэхэм зэфIэкIыфIхэр къагъэлъэгъуащ. Псалъэм папщIэ, республикэм сырэу къыщыщIагъэкIам и куэдагъым процент 25-кIэ, псыIэфIхэкIхэм – процент 15-кIэ хагъэхъуащ.

Зэрыщыту къапщтэмэ, КъБР-м ерыскъыпхъэ къыщIэзыгъэкI и  промышленностыр шэщIауэ мэлажьэ, иджыпстуи, къэралым щыщыIэ экономикэ щытыкIэм емылъытауэ, зеужь, ди цIыхухэр фIагъ лъагэ зиIэ шхыныгъуэхэмкIэ ирикъуу къызэрагъэпэщ.

                                     ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.06.2025 - 09:13

Дубай кIуэнухэр

Мэзкуу областым щыIэ Домодедовэ къалэм щекIуэкIащ Урысей Федерацэм универсальнэ зэзауэмкIэ и чемпионат.

19.06.2025 - 09:12

Проценти 7,2-кIэ хагъахъуэ

УФ-м и Правительствэм къэралым и щIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ и комиссэм и Президиумым и зэIущIэм щыхэплъащ псэупIэмрэ гъуэгу ухуэныгъэмрэ ехьэлIауэ къэралым щылажьэ лъэпкъ пэхуэщIэхэр зэрагъэзащIэ

19.06.2025 - 09:11

Гъуазэ яхуохъу

ЗэрытщIэщи, гъэмахуэм цIыхур Iуэхум къыщыпэрыкI, зыщигъэпсэхун щIыпIэхэр къыщилъыхъуэ лъэхъэнэщ. ЗыгъэпсэхуакIуэ кIуэхэм я нэхъыбэм бгылъэхэмрэ псы Iуфэхэмрэ къыхах.

19.06.2025 - 09:03

ЩIым игу

1962 гъэм Колумбием щыIэ университетым и щIэныгъэлI Оливер Джон къихутауэ щытащ ЩIым и «гур къызэреуэр».

18.06.2025 - 15:02

Бжэр япэу къызэIуех

Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэм ирагъэхьэлIэри, Налшык къалэм дэт, Иджырей пятиборьем зегъэужьынымкIэ центрым щIыналъэхэм псым есынымкIэ я зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ, «Спортыр наркотикхэм я бийщ» къ