ДОМБЕЯКЪ МЕДАЛЫР И IЭРЫЛЪХЬЭУУФ-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ Федоров Юрий и фэеплъу дзюдомкIэ зэхьэзэхуэ Челябинск къалэм и спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ. А урысейпсо зэпеуэм екIуу зыкъыщигъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэсэн Шыкълъашэ Елдар. ЗэIущIэм кърихьэлIат къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 38-м, Белоруссиемрэ Къэзахъстанымрэ я бэнакIуэ щIалэрэ хъыджэбзу 400-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 18-м щIимыгъуауэ. И хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупым (кг 66-м) Шыкълъашэ Елдар япэ зэIущIиплIыр къыщихьащ, ауэ къыкIэлъыкIуэр иригъэхьащ фэеплъ зэхьэзэхуэм иужькIэ япэ шыхъуа, Сахалин областым и бэнакIуэ Резников Илья. «Финал цIыкIум» ещанэ увыпIэм щхьэкIэ Елдар IущIат ди командэм щыщ щIалэ Бэждыгъу Аскэр. Мыбдежым Шыкълъашэр щытекIуащ. ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|