УРЫСЕЙР ЗЫ УНАГЪУЭ БЖЬЫФIЭШХУЭМ ХУЭДЭУ

Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир цIыхубэм захуигъэзащ УФ-м и президент хэхыныгъэхэр зэриухам и щIыхькIэ.
- ПщIэ зыхуэсщI Урысейм и цIыхухэ! Ныбжьэгъу лъапIэхэ! Урысейм и Президентыр хэхыным теухуа IэIэтым кърикIуахэр ипэжыпIэкIэ утыку кърахьащ. Ди къэралым, жылагъуэм, цIыхухэм я дежкIэ мыхьэнэ ин дыдэ зиIа Iуэхур зэфIэкIащ. Дэтхэнэ кандидатми, езым илъагъу гугъуехьхэмрэ ар зэрызэфIихыну и мурадхэмрэ иIащ. ХэхакIуэхэм къыдахьэлIахэри, IэщIагъэлIхэм къагъэлъэгъуахэри зэхэтлъхьэнурэ къэралым и зыужьыныгъэм къыхуэдгъэсэбэпынущ. ЕкIуэкIа Iуэхур гугъуу, жэуаплыныгъэ пылъу щытащ, арыншауэ хъунутэкъым, дэ къыхэтхырт ди щхьэм, ди бынхэм я къэкIуэнур. Ар фIыуэ къагурыIуэрт жыджэру хэхыпIэхэм къекIуэлIахэм. 
Иджыри зэ фIыщIэ фхузощI хэхыныгъэхэм хэтахэм, хэт щхьэкIэ Iэ фIэтами емылъытауэ. Нэхъыщхьэр, фэ хьэкъ фщIащ къэралым и пащхьэ щыфхь жэуаплыныгъэр зэрызыхэфщIэр, фызыхэдэн зэрыщыIэр къызэрывгурыIуэр, фи еплъыкIэм мыхьэнэ зэриIэр, - жиIащ къэрал УнафэщIым.
Путин Владимир жиIащ хэхыныгъэхэм къыщихьа текIуэныгъэм нэхърэ я дзыхь къезыгъэзхэр куэду зэрыщыIэр нэхъ и гуапэ зэрыхъуар. Езым щхьэкIэ Iэ зэраIэтар къэралыр зытет политикэ, экономикэ гъуэгум къыпызыщэу къилъытащ, икIи абы Урысейр нэхъри нэхъ лъэщ, нэхъ быдэ зэрищIынур жиIащ. 
Президентым щхьэхуэу къыхигъэщащ хэхакIуэ комиссэхэр Iуэхум хуэIэижьу зэрылэжьар, хабзэм зэрытетар. «Сэ къызгуроIуэ къызэвгъэза дзыхьым Урысейм и пащхьэ щысхь жэуаплыныгъэр нэхъри нэхъ лъагэж зэрищIыр, ди цIыхубэм я зэIузэпэщыныгъэм сэри, си лэжьэгъу гупри псэемыблэжу хуэлэжьэн зэрыхуейр. Дэ тхузэфIэкI псори етхьэлIэнущ иджыблагъэ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуэзгъэзам къыщыгъэлъэгъуа лъэпкъ проектхэмрэ программэхэмрэ гъэзэщIэным», – жиIащ Путиным. 
Къэрал Iэтащхьэм игъэбелджылащ хэхыныгъэхэм Урысейр зы унагъуэ бжьыфIэу зэрыщытыр къызэригъэлъэгъуар, тхыдэм хиша лъагъуэм тету зэрыкIуэр. 
- Ди щхьэми ди къаруми, ди къэкIуэнуми дзыхь тызощIэ, – жиIащ Путин Владимир. 

НэщIэпыджэ Замирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ