ПСЫМ И МАХУЭ

ЩIыуэпсым и щытыкIэм тегузэфыхьхэр зэзышалIэ Iуэхугъуэщ мыбы теухуа махуэхэр къызэрагупсысари зэрызэдагъэлъэпIэри. ООН-м и Ассамблее нэхъыщхьэм I993 гъэм мазаем и 22-м иригъэкIуэкIа зэхыхьэм гъатхэпэм и 22-р Псым и дунейпсо махуэу щагъэуващ. 
ТкIуаткIуэ телъыджэм и «хьэл-щэн» гъэщIэгъуэныщэхэм щIэныгъэлIхэри цIыху къызэрыгуэкIхэри куэд щIауэ топсэлъыхь. Зызыужь-зызыхъуэжу мы дунейм тет псоми я дежкIэ псыр псэхэлъхьэжу зэрыщытым тщыщ дэтхэнэри дыщыгъуазэщ. АрщхьэкIэ, а къэщIыгъэ телъыджэм хуэфащэ гулъытэ хуэтщIыфу пIэрэ? 
Иджырей щIэныгъэм и бгъэдыхьэкIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ къахутащ, цIыхур зэгупсысымрэ гурыгъу-гурыщIэу зыхищIэхэмрэ псым и щытыкIэм зэрызихъуэж-зэрызыдищIри. Псым «зэхих» хъыбарыр компьютерым ещхьу и «гум» иреубыдэ. «Псыр псэ хэлъхьэжщ», «Псыр псэм и зы ныкъуэщ» псалъэжьхэр а Iуэхум зэрызэпэджэри нэрылъагъущ.
Псым «псэ» зэрыхэлъыр зэхэзыгъэкI япэ къэхутэныгъэхэр езыгъэкIуэкIауэ къалъытэр Японием щыщ щIэныгъэлI, доктор Мосару Эмотощ.
- Гупсысэ Iей и акъылым щызыхъумэ цIыхур и Iэпкълъэпкъым хэт псыращ псом япэу зэгуауэри Iейм телэжьэн хуэдэу зэтриухуэри. Арагъэнущ уи гум нэхъыбэрэ фIы ибгъэлъыху нэхъыфIу щIыжаIэри. КъызэрыщIэкIымкIэ, гулъытэншагъэм нэхъ Iеижу псым и ухуэкIэр зэтрекъутэ. Аращ сабийхэмрэ зи ныбжь хэкIуэтахэмрэ едэхэщIэн, макъ щабэкIэ епсэлъэн щIыхуейри, - щыхьэт тохъуэ доктор Мосару Эмоторэ щIэныгъэлI Грубер Аллоисрэ. 
ЦIыхум и гурыщIэр, и гупсысэр псым зэрызыхищIэр къэзыгъэлъагъуэ лэжьыгъэшхуэхэр щрагъэкIуэкIащ профессор Коротков Константин и лъэщапIэ-лабораторэми. Псы зырагъэхъуа хьэкъущыкъур къэзыувыхьа гупыр лъагъуныгъэм, гу щабагъэм, къабзагъэм ехьэлIа гупсысэхэр зэрахузэфIэкIкIэ я щхьэм зэрыщаIыгъыным хущIэкъуащ. Псыр зэрахъуэкIри, гупсысэхэр шынагъэм, лъагъумыхъуныгъэм, зэуэным хущIэкъухэмкIэ зэблахъуащ. ТкIуаткIуэ лIэужьыгъуитIри зэщIагъэщтыхьащ, молекулэхэм я зэхэлъыкIэр IупщI къащIын папщIэ. «ФIыщIэ пхузощI», «Къысхуэгъэгъу» псалъэхэр зыжраIа псым и молекулэхэр тхыпхъэщIыпхъэ дахащэу зэхэуващ. «Си гур пщыкIащ» дыджыгъэр зрапэса псым и кластерхэр нэджэIуджэ дыдэу къыщIэкIащ.
I995 гъэм Мосару Эмото мурад ищIащ псыр макъамэ зэмылIэужьыгъуэхэм щIигъэдэIуну. Макъамэр зэриухыу, псыр игъэщтурэ, абы къыщыунэхуа кристаллхэм микроскопкIэ еплъыжати, Бах, Моцарт, Бетховен сымэ я IэдакъэщIэкIхэм псым теплъэгъуэ дахащэхэр къыхищIыкIащ, ауэ рок хьэлъэм кристаллхэм я теплъэр «зэIищIащ». Японием щыщ а къэхутакIуэм адэкIи иригъэкIуэкIа и къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, псом нэхърэ нэхъ IупщIу икIи нэхъ удэзыхьэхыу псым и молекулэхэр зыпэджэжыр икIи зэхэзыухуанэр цIыхум гъэфIэгъыбзэ (нэгъуэщIу жытIэмэ, уеубзэмэ, уедэхащIэмэ) зыщIилъхьэ и псалъэхэрщ. 
- Псым, компьютерым ещхьу, хъыбарыр игу иреубыдэ. Мы ткIуаткIуэм и зэхэлъыкIэр телъыджащэщ. Абы и алыфбийм «дэлажьэ» дэтхэнэми зэрыхуейуэ псалъэуха щыхуэтхынущ, зэрегуакIуэуи нэгъуэщIкIэ щыхузэхъуэкIынущ, - жеIэ псым «епхьэлIэр» зэритхымрэ зэрихъумэмкIэ щыхьэт техъуэ профессор Рустум Рой. 
А псом уедэIуа иужькIэ, ди псы ежэххэм яIэ хъуа щытыкIэм дытемыгузэвыхьын тлъэкIыркъым. Ахэр пхъэнкIий идзыпIэ зэращIыжам дызыхуишэнур сыту пIэрэ? 

 

ХЬЭТЫКЪУЭ ЩауапцIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ