ЩIАЛЭГЪУАЛЭМ Я ЗЭХЫХЬЭ ИН

Мы махуэхэм Сочи къалэм щокIуэкI ЩIалэгъуалэм я дунейпсо фестиваль. Ар къызэрагъэпэщащ УФ-м и Президент Путин Владимир и жэрдэмкIэ. Зэхыхьэ иным хэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэ зи щIалэгъуэ гупышхуи. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ди хэкуэгу щIалэгъуалэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ.

 «Нобэ фызыхэтыр, егъэлеиныгъэ лъэпкъ хэмылъу жыпIэмэ, дунейпсо мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэщ. Абы зэтрегъэщахэ Урысей Федерацэр нэгъуэщI къэралхэм пыIудза хъуауэ къэзылъытэхэм я гупсысэхэм я лъабжьэхэр. Фестивалым зэхуишэсащ дунейм и къэрали 188-м щыпсэу щIалэгъуалэм я лIыкIуэхэр. Абы хэтщ ди лъэпкъыбэ къэралым щыщ, зи щIалэгъуэ цIыху мин 20-м щIигъуи. Нэрылъагъу хъуаращи, Iуэху бгъэдыхьэкIэ, еплъыкIэ зэмылIэужьыгъуэхэр щытепщэ дунейуэ ди къэралым и Президентым мызэ-мытIэу зи гугъу ищIар нобэ нэрылъагъу, нахуапIэ хъуакIэщ. Аращ щыпсэунур, Iуэхухэр щызэфIахынур иджырей щIалэгъуалэм, - къыхигъэщащ КIуэкIуэ Казбек. - Къэбэрдей-Балъкъэрым икIауэ дунейпсо фестивалым хэтщ цIыху 64-рэ. Жыджэрагъышхуэ зыхэлъ, зэчий зэмылIэужьыгъуэхэр зыбгъэдэлъ а щIалэгъуалэ гупым я насып къикIащ дунейпсо тхыдэ мыхьэнэ зиIэ а Iуэхугъуэм хэтыну. Си фIэщ мэхъу а гупым Къэбэрдей-Балъкъэрым и зэфIэкIхэр екIуу дунейпсо утыкум зэрыщагъэлъэгъуэнур, фестивалым къекIуэлIахэр ди тхыдэ, щэнхабзэ, хабзэ къулейхэм къызыхуэтыншэу щыгъуазэ зэрыхуащIынур. Апхуэдэу езыхэми зыщагъэгъуэзэнущ Урысей Федерацэм хыхьэ адрей щIыналъэхэм, хамэ къэралхэм я щIалэгъуалэм ябгъэдэлъ псэкупсэ къулеягъэм, я Iуэху зехьэкIэхэмкIэ псори зэдэгуэшэнущ. ЕхъулIэныгъэфIхэр фестивалым щызыIэрывгъэхьэну, зи щIалэгъуэхэ!»

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.01.2026 - 09:44

IэщIагъэм и фIагъыр зэхащIыкIмэ...

Лосэн Хьэмидбий ­КъБКъУ-м электроникэмкIэ, робототехникэмрэ зэ­хэщIыкI Iэ­ры­щIымкIэ и институтым электроникэмрэ бжыгъэ техноло­гиехэмкIэ и кафедрэм и егъэджакIуэ нэхъыжьщ.

23.01.2026 - 09:43

Пэрытхэр студентхэм яхохьэ

Иджыблагъэ Iуащхьэмахуэ лъапэ щекIуэкIащ КъБР-м и еджапIэ нэхъыщ­хьэхэмрэ колледжхэмрэ щIэсхэм я зэIущIэ.

23.01.2026 - 09:42

Нартыху бзийм и щэхухэр

КъБР-м ЦIыхубэ IэпщIэлъап­щIагъэмрэ IэпэIэсагъэмкIэ и цент­рым декоративно-прикладной ­гъуазджэм щыщ лэжьыгъэхэр ­щагъэлъагъуэ, «Ремесел древних новизна» грант Iуэхум хыхьэу.

22.01.2026 - 10:01

Къэрал мыхьэнэ зиIэ гъуэгу

Къэбэрдей-Балъкъэрым и транспорт инфраструктурэм мыхьэнэ ин щызыубыд, къэрал мыхьэнэ зиIэ и автомобиль гъуэгухэм хыхьэ Новопавловск – Прохладнэ – Мэздэгу трассэр Солдатскэ гъущI гъуэгум деж щыщхьэп

22.01.2026 - 10:01

Лъэпкъ хабзэхэм я дерс

Къэбэрдей-Балъкъэрым къ­ы­щызэ­Iуа­хащ республикэм  щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэмкIэ еджапIэ. «Къонакъым» и япэ зэIущIэм хэтащ Налшык къалэм дэт гимназие №14-м и 7-нэ классхэм щIэсхэр.