УХУЭНЫГЪЭМ ЙОУЖЬЭРЭКI

Къэбэрдей-Балъкъэрым и унафэщIхэм я зэфIэкI псори ирахьэлIэ иджырей мардэхэм тету дэтхэнэ зы цIыхуми медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр зыхуей хуэзэу и чэзум зэрырагъуэтыным.

Нэгъабэ лъандэрэ дыкIэлъоплъ Хъураным и уэрамым щаубла, къалэ поликлиникэм и ухуэныгъэм. Ар Урысейм и Iэтащхьэ Путин Владимир япэ медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр цIыхум щагъуэт IэнатIэхэм я Iуэхур егъэфIэкIуэным теухуауэ щIыналъэ унафэщIхэм пщэрылъ зэращищIам ипкъ иту къыхалъхьа ухуэныгъэхэм ящыщ зыщ.
Поликлиникэм и ухуэныгъэр зы махуи къызэтемыувыIауэ йокIуэкI. Мы зэманым ирихьэлIэу етIуанэ къатыр дращIеящ. Ухуэныгъэм къыщагъэсэбэп иджырей пкъыгъуэ нэхъыфI дыдэхэр: чырбыш плъыжьыр, сыткIи псынщIагъуэ иджырей депозит пкъыгъуэхэр, гъущIыкIэ нэхъыфIхэр. Фигу къэдгъэкIыжынщи, медицинэ IэнатIэм зы махуэм хуэзэу цIыху 500 - м Iуэхутхьэбзэ щыхуащIэфынущ, езым и инагъыр метр зэбгъузэнатIэ мини I0 мэхъу. Абы хэтынущ дэфтэр хъумапIэ, Iуэхутхьэбзэ псынщIэмкIэ къудамэ, узыншагъэр къыщапщытэ (УЗИ, рентген) пэшхэр, цIыхухэм махуэм щеIэзэ, административнэ, хозяйствэ хуэIухуэщIэхэмкIэ, узыншагъэр щрагъэфIакIуэ, терапиемкIэ, эндоскопиемкIэ къудамэхэр.
Поликлиникэм апхуэдэу хэтынущ иджырей Iэмэпсыпэ ехьэжьахэмкIэ къызэгъэпэща, нобэ щыIэхэм я нэхъ ин, зэфIэкIышхуи зиIэ лабораторэ, студентхэм папщIэ еджапIэ пэшхэр.
Мы поликлиникэм хуэдэу инрэ, дунейпсо щапхъэхэм тету къызэгъэпэщарэ Кавказ Ищхъэрэм итынукъым. Абы и ухуэныгъэм текIуэдэну сом мелард 700 - р къэрал бюджетым къыхэкIынущ. Ухуэныгъэр мы илъэсым къриубыдэу зэфIагъэкIыну я мурадщ.
Ухуэныгъэм ихъуреягъым иджырей техникэ зэпэщхэр щолажьэ. Куэдым фIыуэ ящIэж, къалэ сымаджэщ №1-м и Iэхэлъахэр псей, уэздыгъей, пхъэхуей жыгхэм, лъэс зекIуапIэ Iэхуитлъэхуитхэм ягъэдахэу зэрыщытар. Апхуэдиз ухуэныгъэ лэжьыгъэр щекIуэкI щIыпIэм а жыгхэр зэрыщытым хуэдэу къранащ, техникэхэри зэран зэрыхуамыгъэхъуным хэтщ. Ахэр къанэ щымыIэу къагъэщIэрэщIэжынущ икIи абдежым щаухуэнущ ипэкIэ щыIа лъэс зекIуапIэмрэ иджырей дизайнымрэ сыткIи щызэхэзагъэ парк цIыкIу.

ШЭРЭДЖ Дисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

22.03.2025 - 12:00

ЗыгъэпIейтейхэри мащIэкъым

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Наркотикхэм япэщIэтынымкIэ и комиссэм и зэIущIэ иригъэкIуэкIащ республикэм и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек.

22.03.2025 - 09:05

КъулыкъущIэхэр ягъэхьэзыр

ЩIалэгъуалэм я унэм иджыблагъэ лэжьэн щыщIидзащ «IэщIагъэлI ныбжьыщIэм и школ» зыфIаща еджапIэм. 

22.03.2025 - 09:05

КъуийцIыкIу Валерэ ягъэлъапIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩэнхабзэмкIэ и фондым, Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэм, щекIуэкIащ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и егъэджакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, музыкант, усакIу

21.03.2025 - 10:13

ЛъэныкъуитIми я сэбэп хэлъу

Беларусь Республикэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ зэдэлэжьэным пыщIа Iуэхухэр зэкIэлъызыгъакIуэ гупым и зэIущIэ видеозэпыщIэныгъэ Iэмалым тету зэхэтащ.

21.03.2025 - 09:50

ГъащIэ кIыхьым и къежьапIэр

Ахэр фIыуи Iейуи къыщIэкIынкIэ ­мэхъу, ауэ нобэ зи гугъу тщIыр езы гъащIэм и кIыхьагъырщ. Мыр щытщ дэтхэнэ къэралми и щыIэкIэ-псэукIэр зы­хуэдэр къызэрапщ пщалъэхэм ящыщ зыуэ.