Къэралым и хэгъэгу псоми йофIэкI

КъБР-м узыншагъэр ­хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам хэтащ УФ-м Узыншагъэр хъумэ­нымкIэ и министерствэм иригъэкIуэкIа зэIущIэм. Абы къыщызэщIакъуэжащ ведомствэм блэкIа илъэсым иригъэкIуэкIа лэжьыгъэр, мы гъэм зэ­фIагъэкIынухэр щаубзы­хуащ.

Зэхыхьэр иригъэкIуэ­кIащ УФ-м узыншагъэр хъу­мэнымкIэ и министр Мурашкэ Михаил. Абы и лэжьыгъэм хэтащ УФ-м и Правительствэм и Уна­- фэщI Мишустин Михаил, абы и къуэдзэ Голиковэ Татьянэ.
Урысейм и медицинэ Iэ­натIэм щызыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэм я гугъу ­щащIым, къыхагъэщащ «Узын­шагъэр хъумэн» лъэпкъ проектым къахуигъэув къалэн псори 2022 гъэм зыгъэзэщIэфар Къэ­бэр­дей-Балъкъэр Респуб­ликэм и закъуэу зэрыщы­-тыр.
Лъэпкъ проектым и фIыгъэкIэ, блэкIа илъэсым республикэм медицинэ Iэмэ­псымэу 80 къащащэхури, IуэхущIапIэхэм щагъэуващ, поликлиникэу 10-м зэгъэ­пэ­щыжыныгъэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIащ, къуажэ ам­булаторэу зы къыщызэIуахащ. КъищынэмыщIауэ, санитар транспорту 16, ягъэ­Iэпхъуэ мобильнэ комп­лексу 2 къаIэрыхьащ. ЩIыналъэм санитар авиацэр къагъэсэбэпын зэры­щы­щIа­дзэрэ, къызэрымыкIуэ щытыкIэ хьэлъэм ихуа, республикэм тыншу бгъэды­хьэпIэ зыхуумыгъуэтыф и щIыпIэхэм щыIэ сымаджэу 50-м щIигъум сэбэп яхуэ­хъуащ. «Къуажэ дохутыр», «Къуажэ фельдшер» программэхэмкIэ IэщIагъэлI 29-рэ лэжьыгъэ IэнатIэкIэ къызэрагъэпэщащ.
УФ-м Узыншагъэр хъумэ­нымкIэ и министерствэм и нэIэм щIэт ведомствэхэм я лэжьыгъэм и фIагъыр къызэрипщытэу къахуигъэу­ва къалэным фIы дыдэу пэлъэщащ Къэбэрдей-­Балъкъэрыр. Пщэрылъ нэхъыщхьэхэм зэрехъулIам и гугъу пщIымэ, лъыр зэрызекIуэм епха узыфэхэм илIыкI балигъхэр нэхъ мащIэ хъуащ, лышх узыфэхэр хэмытIасэу къахутэнымкIэ, цIыхухэм я гъащIэм и кIыхьагъым хэгъэхъуэнымкIэ яIэ зэфIэкIхэр хэпщIы­кIыу ефIэкIуащ, къалъхуа­гъащIэ сабийуэ дунейм ехыжхэм я бжыгъэм процент 28-кIэ хэщIащ. 
КъищынэмыщIауэ, IэнатIэм компьютерым и Iэмалхэр нэхъ жыджэру къыщагъэсэбэпу Iуэхур зэтраублащ. Псалъэм папщIэ, Къэ­рал IуэхутхьэбзэхэмкIэ зыуэ щыт порталыр къэбгъэсэ­бэпу зэпэIухауэ дохутырым и деж зебгъэтхыныр куэд­-кIэ нэхъ тынш хъуащ. Къэ­бэрдей-Балъкъэрыр а Iуэ­хум къыщыхэжаныкIащ, а Iэмалыр къэзыгъэсэбэпхэр процент 90-м нэсащ.

ЩхьэщэмыщI  Изэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.02.2025 - 09:03

ЩIымахуэ спорт лIэужьыгъуэхэм я уардэунэ

Налшык къалэм IэрыщI мыл зэрылъ уардэунэ къыщызэ­Iуахыну зыхуагъэхьэзыр. Ар хуэщIащ щIымахуэ спорт лIэужьыгъуэхэм зыщыхуэбгъэсэным икIи абы щхьэкIэ цIыхухэр зыхуэныкъуэну псом­кIи къызэгъэпэщащ.

10.02.2025 - 09:03

Гъуазджэм щIыналъэхэр зэпещIэ

КъБР-м и Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ «От берегов Дона к вершинам Кавказа» выставкэр. Абы къызэщIеубыдэ УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт художникхэм я лэжьыгъэхэм щыщ. 

10.02.2025 - 08:55

ДяпэкIи аращ дызытетынур

КIуэкIуэ Казбек Мэзкуу лэ­жьы­гъэ IуэхукIэ щыхуэзащ ­УФ-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Мурашкэ Ми­хаил.
 

10.02.2025 - 08:54

Къуажэхэм я зыужьыныгъэр зыхуэдэнур

КъБР-м и Парламентым и Президиумым и зэIущIэм «Правительствэм хухах сыхьэтым» хыхьэу, депутатхэр тепсэлъыхьащ Къэ­бэр­дей-Балъкъэрым и къуажэхэм зэрызрагъэужьым.

10.02.2025 - 08:53

Гъуазджэм щIыналъэхэр зэпещIэ

КъБР-м и Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ «От берегов Дона к вершинам Кавказа» выставкэр. Абы къызэщIеубыдэ УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт художникхэм я лэжьыгъэхэм щыщ.