«ЧЕРКЕС»-Р КЪОФЭ

БжьыхьэлI Замир зи гъэсакIуэ «Черкес» къэфакIуэ гупыр иджыблагъэ хэтащ НТВ-мкIэ екIуэкI «Страна талантов» телеп­роектым. «Черкес»-р кавказ къафэхэмкIэ Урысейм и чемпионщ. Ди ныбжьыщIэхэм я жыджэрагъым, утыку итыкIэм итхьэкъуащ къэпщытакIуэхэр, телевизореплъхэр. КъэфакIуэхэм  зыкъызэрагъэлъэгъуар интернетым иралъхьа нэужьи, абы еплъа­хэм псалъэ гуапэхэмрэ хъуэхъу дахэхэмкIэ куэдым зы­къыхуа­гъэзащ. КъэпщытакIуэхэм къыхагъэщащ къафэр бгъэ­зэщIэну зэрыгу­гъур, ауэ ныбжьыщIэхэм ар уардэрэ уатхьэкъуу къазэрехъулIар. 

- Кавказым и цIыхухэм лъэпкъ къафэр я лъым хэтщ. Къэфэн щIа­дзамэ, къызэрыбгъэувыIэни щыIэкъым. АтIэ ар фIыкъэ?! – жиIащ Урысейм и цIыхубэ артисткэ Бабкинэ Надеждэ. 
«Поедем поедим» нэтыныр езыгъэкIуэкI итальян пщафIэ, гитарист Арнальди Федерико жиIащ нэтын трихыу Кавказым щыщыIам зыпэрыса Iэнэр игу къызэрагъэкIыжар:
- Фи шыгъупIастэ IэфIым фи Iэнэхэр къызэрикъутэм хуэдэщ мы фи къафэкIэмкIэ иджыпсту утыкур зэрывгъэбжьыфIар. Дыкъыщылъэту щхьэ дыкъэмыфэрэ, жытIэу дыкъытриIэтыкIырт дэри!
- ИгъащIэм сымылъэгъуа слъэгъуащ, игъащIэм зыхэзмыщIаи зы­хэсщIащ нобэ! Сэ си гугъат къафэм теухуауэ згъэщIэгъуэжын щымыIэу. Ауэ! Макъамэр щызэхэсхым, фи нэхэм хъуаскIэ къыщIэлъэлъу, IэпкълъэпкъкIэ фыпсалъэу фыкъыщилъадэм, сэ псалъэ сиIэжакъым! - жиIащ уэрэджыIакIуэ Сумишевский Ярослав.
Урысейм щIыхь зиIэ и артист Дружинин Егор игу ирихьащ къэфакIуэ цIыкIухэм «асса»-р къызэрапсэлъыр, ар я гум къызэриIукIым хилъэгъуащ телъыджэ. 
- ЦIыкIухэм къафэщIэ щезгъащIэкIэ, щIэщыгъуэ зэрысщIыным иужь ситщ. Сюжет гуэр хызолъхьэ, театр хуэдэу сощI. Сабийхэр къа­фэбзэкIэ зэпсэлъэн-зэрыщIэнымкIэ ар IэмалыфIщ. Зэрызгъэунэ­хуамкIи, апхуэдэм деж къафэм и мыхьэнэр нэхъ зыхащIэ. ЗыхащIа нэужь, цIыхугум нэмысынкIэ Iэмал иIэкъым. Сэ согугъу къэфакIуэхэр утыкум къихьа нэужь ахэр фIыуэ ялъэгъуным, еплъхэм я нэгум къыщIэнэным. Адыгэм ди хьэлым хэтщ мыри: «ТекIуэныгъэракъым нэхъыщхьэр, атIэ Iуэхум дызэрыхэтырщ» жыIэкIэм арэзы ды­къищIыркъым, - жиIащ БжьыхьэлI Замир. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэфакIуэхэр финалым нэсащ! 

ГУГЪУЭТ Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ