«Кавказ» федеральнэ гъуэгум щыщ Iыхьэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и Бахъсэн районым хиубыдэм щекIуэкIащ хабзэ яхуэхъуа, гъуэгухэм шынагъуэншэу щызекIуэным, нэщI зыIыгъыу рулым дэсхэм яхуэгъэза псапащIэ. КъБР-м и ав-тоинспекторхэр, жылагъуэ, дин IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр щIэупщIащ рулым дэсхэм я узыншагъэм икIи нэщIхэм хъурмэрэ псырэ иратащ.
Рулым дэсхэм автоинспекцэм и лэжьакIуэхэм ящIыгъуу зыхуагъэзащ КъБР-м щыIэ МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ со-ветым и тхьэмадэ Мэкъушэ Руслан, КъБР-м и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ, КъБР-м и волонтёрхэм я «Уи гъунэгъум дэIэпыкъу» сабий-щIалэгъуалэ республикэ гупымрэ «КъБР-м и гъуэгухэм автомобиль зэжьэхэуэхэр къыщымыгъэхъун» жылагъуэ зэгухьэныгъэмрэ я унафэщI Сыжажэ Алим.
Iуэхум и жэрдэмщIакIуэхэр щIэупщIащ рулым дэсхэм я щытыкIэм, ягу къагъэкIыжащ гъуэгу хабзэхэр, сабийхэм я гъащIэмрэ узыншагъэмрэ хъумэным, зэрызекIуапхъэ псынщIагъым темыкIыным хэхауэ гу лърагъатэу. Апхуэдэуи жраIащ уезэшауэ рулым удэсыныр зэрышынагъуэр.
Шофёрхэм хъурмэрэ псырэ, хабзэм къыхуезыджэ тхыгъэхэмрэ уэздыгъэ нэху тридзэмэ, къаблэ плIэ цIыкIухэмрэ иратащ.
Рулым дэсхэм ящыщ куэд нэщI ист. Абыхэм фIыщIэ хуащIащ Жылагъуэ советым и тхьэмадэм, КъБР-м и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэмрэ полицейхэмрэ, псоми я лэжьыгъэр къэхъукъащIэ къызэрымыкIуэ къыхэмыхуэу ирахьэкIыну зэ рагуапэри жаIащ.
БАХЪСЭН Азэмэт.