ШЭМ И ФIАГЪЫР

Дуней псом гъэшу щызэрахьэм и бжыгъэр тонн мелуан 700-м щхьэдох. Шэм и процент 90-р псыуэ зэхэтщ. Шэм хэлъщ цIыхум и узыншагъэм сэбэп хуэхъу минерал лIэужьыгъуэ 80 хуэдиз. ЩIэныгъэлIхэм жаIэ илъэсищэм щIигъукIэ псэу цIыхухэм я нэхъыбэр зэпымыууэ шэ ефэхэр е гъэш зыхэлъ ерыскъы зышххэр зэрыарар. Бжэнышэр нэхъ къэуату къалъытэ жэмышэм нэхърэ. КъыщIэхъуаIа нэужь жэмым шэ къыщIокI мазипщI хуэдизкIэ. Шэ литр 21-м тхъуцIынэ киллограмм къыхэкIыу аращ. Кхъуей киллограммыр шэ литри 10-м къыхокI. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, цIыхухэм гъэшыр шхыным халъхьэу щIадзащ илъэси 10000 ипэкIэ. Абы щыгъуэ КъуэкIыпIэ Курытым мэлрэ бжэнрэ унэм щызрахуэн щIадзат. Дуней псом зи шэ нэхъ Iув дыдэу тетыр хыджейхэрщ. Нэхъыбэ дыдэу гъэшхэкI щашхыу къалъытэ Финляндием. Китайм щыпсэухэр шэ ефэркъым, зэрамызэгъым къыхэкIыу. ЛIэщIыгъуэкIэрэ узэIэбэкIыжмэ, европейхэм абы ефэн щIадзауэ щытами, Китайм шэр щызыIуалъхьэртэкъым. Вьетнамым къыщыбгъуэтыфынукъым фошыгъу е пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэрэ зыхэмылъ шэ къабзэ.

Пасэрей Мысырым и пащтыхь гуащэу щыта Клеопатрэ шэкIэ зигъэпскIыу щытащ. Абы и щIыфэр зэмылъэнымкIэ сэбэп хъууэ жиIэрт. Революционер ныбжьыщIэ Ленин Владимир лъэхъуэщым шэкIэ письмо къритхыкIыу щытащ. Шэр тхылъымпIэм тегъущыкIа нэужь, хэплъагъукIыжыртэкъым. Абы итым укъеджэ щыхъур шэху уэздыгъэм щхьэщыпхьэу тIэкIу къэбгъэхуабэмэт.

Шэм инфекцэ къыщыхэкI куэдрэ къэхъурт. XIX лIэщIыгъуэм икухэм «пастеризацэ» жыхуаIэр къежьащ. Ар къигупсысащ франджы IэщIагъэлI, микробиолог Пастер Луи. Апхуэдэу ягъэкъэбза шэм укъэзыцIэлэн инфекцэ хэлъыжыркъым, езы шэри нэхъыбэрэ мыфIэIуу щытщ. Къапщтэмэ, пастеризацэр лIэужьыгъуищу гуэшащ. Япэм шэр дакъикъэ 30 - 40-кIэ къагъэкъуалъэ градус 63 - 65-рэ иIыгъыу. ЕтIуанэм, зы дакъикъэкIэ къагъэкъуалъэ градус 82 - 85-рэ иIыгъыу. Ещанэм медан зыбжанэкIэ фIэкIа къагъэкъуалъэркъым, ауэ градус 92 - 98-рэ иIыгъщ. Градуси 100-м щIигъу пщтырагъ иIыгъыу шэр къэгъэпщтыным ультрапастеризацэкIэ йоджэ.

Мэкъуауэгъуэм и 1-р дуней псом шэм и махуэу щагъэлъапIэ. Ар 2000 гъэм игъэуващ ООН-м ерыскъыхэкIхэмрэ мэкъумэшымкIэ и IэнатIэм.

ГЪУЭТ Синэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ