АХЪУБЭ ИРИЗЭДАУЭХЭР

Къэрэшей-Шэрджэсым къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щиIэ Абиширэ-Ахубэ лъагапIэр къурш тхыцIэ, шытх теплъэ зиIэщ, Лабэшхуэ и тIуащIащхьэм къыщхьэщыт Загедан Iуащхьэм (метр 3099-рэ и лъагагъщ) и джабэщIхэмкIэ къыщIедзэри къуэкIыпIэмкIэ «къыщына» Джэмэрыкъуэ (Джэмарыкъу - лощина Джемару) щыгум (метр 3180-рэ и лъагагъщ) йоуалIэ. Иужьрейм къэрэшейхэм, кIуэ ар къызыхахыр уэ къащIэ, «Джемараклы-Тебе» фIащащ.
Гу зэрылъытэгъуафIэщи, «Абиширэ-Ахубэ» щIыпIэцIэр пычыгъуитIу зэхэтщ. Япэр, «Абиширэ» Iыхьэр, бзэ щIэныгъэлIхэм я нэхъыбэм къызэралъытэмкIэ, унагъуэцIэ гуэрым, Абэшырхэ, къытехъукIащ. Ар хэти, езым зэрыфIэкъабылу, къэрэшейуэ егъэув (и кIэм пыт «рэ» пычыгъуэм гу зэрылъатэ щымыIэу), мыдрейхэми ар абазэ лъэпкъым я деж щызекIуэ лIакъуэцIэм ирапх.
ФIэщыгъэм и етIуанэ пычыгъуэр, «Ахубэ» Iыхьэр, лъахэхутэхэм ящыщ куэдым, ди гуапэ зэрыхъущи, адыгэбзэм хэт «хъупIэ» псалъэм хуахь, «Абиширэ-Ахубэ» щIыпIэцIэр «Абэшырхэ я хъупIэ» мыхьэнэм хуагъакIуэу.
Мы щIыпIэцIэм теухуауэ Iуэху еплъыкIэ щхьэхуэ зиIэхэм ящыщщ Къэрэшей-Шэрджэсым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым къэбэрдей-шэрджэсыбзэмрэ абазэбзэмкIэ и къудамэм и унафэщI, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Иуан Сарият. Аращ япэу къыхэзылъхьар «Абиширэ-Ахубэ» фIэщыгъэм и етIуанэ Iыхьэр абхъаз цIыхухъуцIэу е унагъуэцIэу «Ахъубэ» зыхужаIэм къытехъукIагъэнкIэ зэрыхъунур.
Пэжми хэт ищIэн, ауэ бзэщIэныгъэм зыдезыгъэхьэххэм яхэтщ мы фIэщыгъэм и япэ Iыхьэр, «Абиширэ» жыхуиIэр, «аб» - «ширэ» пычыгъуитIу зыгуэшу, япэми етIуанэми я лъабжьэхэр санскрит бзэм къыхахыу, абы пэгъунэгъуу къалъытэ пуштун-таджик ираныбзэхэм къыхэна псалъэхэм хуэзыгъакIуэхэри.
Апхуэдэхэм зэрагъэувымкIэ, «аб» пычыгъуэм къикIыр «псыщ» е «псыежэхщ», «ширэ» Iыхьэр зыхуэпхь хъунур «ткIуаткIуэ къишкIушкIукIщ». АрщхьэкIэ, итIани, дызыгъэгуфIэр аращи, дызытепсэлъыхь щIыпIэцIэм и «Ахъубэ» кIэухыр, нэгъуэщI къыхуамыгупсысыжыфа хуэдэ, ираныбзэм и телъхьэхэми зыхуахь хъуну къалъытар абазэ-адыгэбзэхэм хэт «тхыцIэ», «бгы», «лъагапIэ» егупсысыкIэрщ. Зэрыщыту къатщтэмэ, «псыежэх къэзыгъэщI тхыцIэ» мыхьэнэм хуагъакIуэу.
Апхуэдэхэм зэрагъэувымкIэ, «Ахъубэ» жыIэкIэр абазэ-адыгэбзэхэм «тхыцIэ, бгыщхьэ, лъагапIэ» мыхьэнэхэм щыпалъытэу блэкIа зэманхэм хэта «ахъуэ» псалъэми хуэтхь хъунущ. Аращи, «Абэширэ-Ахъубэ» (Абишира-Ахуба) фIэщыгъэр, къызэщIэдубыдэмэ, къызэрыдгурыIуэ хъунур (зи гугъу тщIа иужьрейхэм къызэралъытэмкIэ) «псы ежэххэр къэзыгъэщI Ахъубэ тхыцIэм и джабэ нэкIухэр» жыхуиIэущ...

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

01.05.2024 - 10:01

ДАХАГЪЭ КЪЭЗЫГЪЭЩI

Дунейм къафэ лIэужьы­гъуэу тетым я махуэшхуэр мэлы­жьыхьым и 29-м ягъэ­лъапIэ. Къафэм и дунейпсо махуэр гъэлъэпIэн жэрдэмыр ЮНЕСКО-м КъафэмкIэ и советым 1982 гъэм къыхилъхьауэ щытащ.

01.05.2024 - 09:03

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭМ И ДАМЫГЪЭ

Ярославль щекIуэкIащ лъэпкъ гъуазджэхэмкIэ «Ритмы Кавказа» IV лъэп­къыбэ фестивалыр. 

01.05.2024 - 09:03

ХЭКУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ТЕУХУАЩ УЭРЭДХЭР

Музыкэ къэрал театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки-2024» фестиваль-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. Сабийхэм ар къы­хузэрагъэпэщащ Суд приставхэм я федеральнэ къу­лыкъущIапIэм.

01.05.2024 - 09:03

ГЪАТХЭМЭ КЪАПЕХ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хы­-хьэу яухуа гъуазджэ гале­реем зэуэ щагъэлъагъуэ республикэм и художникибгъум я

01.05.2024 - 09:03

МАКЪАМЭ IЭМЭПСЫМЭХЭР ЗЫГЪЭБЗЭРАБЗЭХЭР

Астрэхъан къэрал консерваторэм щекIуэкIащ урыс цIыхубэ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Каспийская волна»  VII дунейпсо зэпеуэр.