ПСЫКЪЕЛЪЭХЭР

Псыр къежэхыурэ, ар нэпкъым жьым ириудэкIыурэ, псыкъелъэхэр къоунэху. Ауэ псыкъелъэ къихъукIыфынущ дунейм и къэхъукъащIэ шынагъуэхэми. Псалъэм щхьэкIэ, щIыхъейм, къэбэкъауэм (вулкан). Къапщтэмэ, псыкъелъэу лIэужьыгъуэ 17 щыIэщ. ЩыIэщ псыщIагъ псыкъелъэхэри. Абыхэм я бжыгъэр блы мэхъу. Псыкъелъэхэм яхэтщ IэрыщIу ящIахэри. ГъэщIэгъэунщ, псыкъелъэхэм я макъым къуалэбзухэр щылъэтэжкIэ зэрыригъуазэр.
1786 гъэм Швейцарием и щIэныгъэлIхэм гу лъатащ псыр лъагапIэм къыщехуэхым деж электричествэ къызэрыхыхьэм. 1913 гъэм «баллоэлектрический эффект» жыхуаIэр къэунэхуащ - псыр щызэбгрипхъкIэ, отрицательнэу зэхэт пкъахуэхэр къызэрыхъум аращ зэреджэр. А къэхъугъэр цIыхум и узыншагъэм сэбэп хуэхъуу, шхалъэ узыр, лъы дэуей-къеухыр, псанхуэм и узыр игъэхъужу къалъытэ. Хуабжьагъ егъэлея зыIыгъ псыпыхухэм къару лъэщ къащIохьэ. Аращ абыхэм гидроэлектростанцхэр щIытращIыхьыр.
Дуней псом нэхъ ин дыдэу къыщалъытэ метр 979-рэ хъу «Анхель» псыкъелъэр, Венесуэллэ щыIэр. ИспаныбзэкIэ псыкъелъэм и цIэр «мелыIыч» жиIэу зэрадзэкI. Ар къызэхуэх «Ауянтепуи» бгым и цIэм «шейтIаныбг» жиIэу къокI. Нэхъ бгъуэ дыдэщ километри10 зи бгъуагъ «Кхон» псыкъелъэр, Лаос щыIэр. Нэхъ лъэщ дыдэхэм ящыщщ Африкэ Ипщэм щыIэ «Викторие» псыкъелъэр. Абы и лъагагъыр метри 120-рэ, и бгъуагъыр – метри 1800-рэ мэхъу. Псыкъелъэм и фIэщыгъэр игъуэтащ пащтыхь гуащэм и цIэкIэ. Ар ЮНЕСКО-м хебжэ дунейпсо щIыуэпс щIэинхэм. ГъэщIэгъуэн дыболъагъу «Ниагар» псыкъелъэм. Илъэсым къриубыдэу ар игъунэмкIэ йокIуэтэкI сантиметр 90-кIэ. Махуэм псыкъелъэм и макъыр зэхыбох километри 2-кIэ упэжыжьэу, жэщым - километри 7-кIэ упэжыжьэу. ЩIэныгъэлIхэм трагъэчыныхь «Ниагар» псыкъелъэм ищI макъыр цIыхум и псэр игъэтыншу. Псыкъелъэ нэхъ лъэщ дыдэхэм хабжэ «Игуас»-р ар Аргентинэмрэ Бразилиемрэ я гъунапкъэхэр щызэпыхьэм деж щыIэщ. Езыр псыкъелъэ 275-у зэкIэщIэкIащ.  Урысейм щыIэ псыкъелъэхэм ящыщу нэхъ цIэрыIуэу къалъытэ Сочэ къалэм пэмыжыжьэу щыIэ «Псыкъелъэ 33»-р. Абыхэм я лъагагъыр метр 12-м фIэкIыркъым, ауэ езы псыр къыщехкIэ телъыджэу уIуоплъэ, дэкIуеипIэ зыкъом хуэдэу зэщхьэщожри. Италием щыIэщ урымхэм IэрыщIу ящIа псыкъелъэ абрагъуэ. «Мармор»-м метри 165-рэ и лъагагъщ. Антарктидэм щыIэщ псыкъелъэ «Плъыжьыфэ» («Кровавый»). Псыкъелъэр плъыжь ещI гъущIым и оксид зэрыхэлъым. Ар къыщожьэ метр 400 хъу мыл джанэм щIэгъэпщкIуа «Тейлор» мылылъэм.

ГУГЪУЭТ Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

01.05.2024 - 10:01

ДАХАГЪЭ КЪЭЗЫГЪЭЩI

Дунейм къафэ лIэужьы­гъуэу тетым я махуэшхуэр мэлы­жьыхьым и 29-м ягъэ­лъапIэ. Къафэм и дунейпсо махуэр гъэлъэпIэн жэрдэмыр ЮНЕСКО-м КъафэмкIэ и советым 1982 гъэм къыхилъхьауэ щытащ.

01.05.2024 - 09:03

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭМ И ДАМЫГЪЭ

Ярославль щекIуэкIащ лъэпкъ гъуазджэхэмкIэ «Ритмы Кавказа» IV лъэп­къыбэ фестивалыр. 

01.05.2024 - 09:03

ХЭКУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ТЕУХУАЩ УЭРЭДХЭР

Музыкэ къэрал театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки-2024» фестиваль-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. Сабийхэм ар къы­хузэрагъэпэщащ Суд приставхэм я федеральнэ къу­лыкъущIапIэм.

01.05.2024 - 09:03

ГЪАТХЭМЭ КЪАПЕХ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хы­-хьэу яухуа гъуазджэ гале­реем зэуэ щагъэлъагъуэ республикэм и художникибгъум я

01.05.2024 - 09:03

МАКЪАМЭ IЭМЭПСЫМЭХЭР ЗЫГЪЭБЗЭРАБЗЭХЭР

Астрэхъан къэрал консерваторэм щекIуэкIащ урыс цIыхубэ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Каспийская волна»  VII дунейпсо зэпеуэр.