Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм иджыблагъэ щагъэлъэпIащ «Адыгэ дуней» фестиваль-зэпеуэм щытекIуахэмрэ хэтахэмрэ.
КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «Интеллект будущего» щIэныгъэхэмкIэ академием и лIыкIуэ, Тхыдэджхэмрэ дэфтэр хъумакIуэхэмрэ я урысей зэгухьэныгъэм Налшык щиIэ къудамэм и унафэщI Мер Людмилэ, КъБР-м и Парламентым и депутатхэу Пащты Борисрэ Махуэ Владимиррэ илъэс 15 ипэкIэ «Парламентарий ныбжьыщIэм и школ» къызэрагъэпэщауэ щытащ. Игъуэу ежьа Iуэхум зиубгъури, хуэмурэ «Инициатива» жылагъуэ зэгухьэныгъэм хуэкIуэжат.
Мерыр зи унафэщI а IуэхущIапIэм къызэригъэпэщ Iуэху дахэхэм ящыщщ «Адыгэ дуней» зэпеуэр. Абы зэкъуегъэувэ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Мэздэгу щIыналъэм щыпсэу адыгэхэр. А Iуэхум хэту ирагъэкIуэкI «Адыгэ IэпщIэлъапщIэхэм я къалэ» егъэджэныгъэ дерсхэм сабиищэм щIигъу лъэпкъ IэщIагъэхэм щыхуагъасэ, зэпеуэ гъэщIэгъуэнхэр зэхашэ. КъызэгъэпэщакIуэхэм жаIэ сабийхэм яфIэфIу мы Iуэхум зэрыхэтыр, абыхэм я жыджэрагъымрэ акъыл жанагъымрэ зэрыщыгуфIыкIыр.
«Адыгэ дуней» зэпеуэр лIэужьыгъуитIу гуэшащ - щIэныгъэ-къэхутэныгъэрэ художественнэу. Мер Людмилэ Дэфтэр хъумапIэм и лэжьакIуэхэр и гъусэу лъэпкъ щIэиныр хъумэнымкIэ Iуэхушхуэхэр зэфIигъэкIащ. Абы къыхэкIыу, зэпеуэм и зы Iыхьэр тхыдэм траухуащи, ныбжьыщIэхэм абы ехьэлIа щIэныгъэ лэжьыгъэ утыку кърахьэ. Людмилэ ди школакIуэхэм Iэмал ярет я проектхэр «ЩIы хъурейм и щIыпIэ нэхъыфI» зэпеуэм щагъэлъэгъуэну. НыбжьыщIэ цIыкIухэр къыщалъхуа къуажэм, лъахэм топсэлъыхь, абы дэлъ фIыгъуэхэм я гугъу ящIри, а щIыпIэм нэхъыфI щымыIэу къыщIалъытэр къэпщытакIуэхэм жраIэ. Апхуэдэу, «ЩIалэгъуэ. ЩIэныгъэ. Щэнхабзэ», «Къызэгъэпэщыныгъэмрэ къэгъэщIыныгъэмрэ» фIэщыгъэм щIэту проектхэм я зэпеуэ ирагъэкIуэкIхэми хэтщ ахэр. Абы унэтIыныгъэ зыбжанэ иIэщи, дэтхэнэ школакIуэми езым фIэгъэщIэгъуэнын къыщигъуэтыфынущ.
- Ди гъэсэн цIыкIухэм Обнинск, Анапэ, Сочэ къалэхэм зыкъыщагъэлъэгъуащ. Илъэс 15 хъуауэ абыхэм пашэныгъэ щаубыд урысейпсо зэхыхьэхэм, - жеIэ Мерым.
Художественнэ Iыхьэм сабийхэм къафэмкIэ, уэрэд жыIэнымкIэ, декоративно-прикладной гъуазджэмкIэ, усэ еджэнымкIэ яIэ зэфIэкIхэр екIуу утыкум щагъэлъэгъуащ.
Зэпеуэм и къэпщытакIуэ гупым Гран-при-р хуагъэфэ-щащ къафэмкIэ «Дархан» ансамблым (я унафэщIыр Тхьэмадокъуэ Маринэщ), Къып Мухьэмэд и цIэр зэрихьэу Къулъкъужын Ищхъэрэ дэт ГъуазджэхэмкIэ сабий шко-лым щеджэхэу Ездэч Адели-нэ, Шыкъуэ Раянэ, Бэлагъы Лизеттэ, Степан Элинэ сымэ, Старэ Шэрэдж щыщ бэрэбанауэ ныбжьыщIэхэм (гъэсакIуэр Бахаудин Стасщ). Зэпеуэм и япэ увыпIищым щыщ къахьащ Налшык дэт курыт еджапIэ №29-м и «Горянка» гупым (унафэщIыр Жылокъуэ Дианэщ), Къып Мухьэмэд и цIэр зезыхьэ ГъуазджэхэмкIэ сабий школым (унафэщIыр Къаныкъуей Алимщ), Налшык дэт курыт еджапIэ №31-м, Къулъкъужын Ищхъэрэ дэт курыт еджапIэ №3-м, Светловодскэ къуажэм дэт школым.
«Адыгэ дуней» зэпеуэм щытекIуахэмрэ пашэныгъэ щызыубыдахэмрэ «ЩIалэгъуэ. ЩIэныгъэ. Щэнхабзэ» «ЗэчиифIэхэм я вагъуэбэ»урысейпсо зэпеуэхэм хэтыну ирагъэблэгъащ.
Инэрокъуэ Данэ.
Сурэтхэр
Къарей Элинэ трихащ.