ПАРЛАМЕНТ ЗЭДЭЛЭЖЬЭНЫГЪЭМ ХЫХЬЭУ

УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Геккиев Заур хэтащ СНГ-м щыщ къэралхэм я парламентхэр зыхэт ассамблеем (МПА) политикэ Iуэ­ху­хэмрэ дунейпсо зэдэ­лэ­жьэныгъэмкIэ зэпымыууэ щыIэ и комиссэм и зэIущIэм.

Зэхуэсыр къызэрагъэпэщат     СНГ-м и МПА-м и гъатхэ лэ­жьэгъуэм ирагъэкIуэкI Iуэху­хэм хыхьэу. Зэрыхабзэу, ар Санкт-Петербург къалэм мэ­лыжьыхьым и 13 - 14-хэм техуэу йокIуэкI.
Депутатхэр едэIуащ США-м нэгъуэщI щIыпIэхэм, Украинэри абыхэм яхэту, щригъэкIуэкI дзэ-биологие лэ­жьы­гъэхэр къызэрапщытам кърикIуахэм.  
Комиссэм къызэрызэщIикъуэжамкIэ, США-р щIэгъэкъуэн яхуохъу цIыхумрэ псэущхьэмрэ я узыншагъэм зэ­ран хуэхъу «Iэщэхэр» къы­щIагъэкIыным, апхуэдэхэр къа­гъэсэбэпыным.
ЗэIущIэм арэзы щызэдэ­хъуащ «биологие Iэщэхэм» ехьэлIауэ шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным нэхъри зэрегугъупхъэмкIэ.
Апхуэдэуи зэIущIэм щы­тепсэлъыхьащ терроризмэм­рэ экстремизмэмрэ пэщIэты­ным теухуауэ СНГ-м и Парламентхэр зэрызэдэлэжьэну щIыкIэм.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ