КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ УФ-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Назаров Сергейрэ «Iуащхьэмахуэ» турист-рекреационнэ комплексым адэкIэ зэрызрагъэужьынум теухуа зэIущIэ ирагъэкIуэкIащ. Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэм и къуэдзэ Надыкто Владимир, «Кавказ.РФ»-м и генеральнэ унафэщI Юмшанов Андрей, къэрал министерствэхэм, зыужьыныгъэмкIэ институтхэм, «Iуащхьэмахуэ» ВТРК-м я лIыкIуэхэр.
Республикэм и Iэтащхьэм Назаров Сергей фIыщIэ хуищIащ УФ-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэр республикэм сыт и лъэныкъуэкIи дэIэпыкъуэгъу къызэрыхуэхъум папщIэ. КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ, туризмэри хыхьэу, зыужьыныгъэ зиIэну унэтIыныгъэхэмкIэ лъэныкъуитIми я фейдэ хэлъу «Кавказ.РФ»-м дэлэжьэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
Назаров Сергей жиIащ республикэм и Правительствэм щIыгъуу Iуащхьэмахуэ туризм IэнатIэм зэрызыщрагъэужьынум теухуа Iуэхухэр зэрыщаубзыхуар, бгы-лыжэ спортыр егъэфIэкIуэнымкIэ лэжьыгъэхэр зэрырагъэкIуэкIыр.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Урысейм и Правительствэм Iуащхьэмахуэ дунейпсо мардэм хуэкIуэу бгы-лыжэ курорт къыщызэгъэпэщынымкIэ къыхилъхьа проектыр егъэзащIэ. 2022 гъэм абы зыщагъэпсэхуащ турист мин 580-м нэблагъэм, ар нэгъабэ щыIам нэхърэ процент 48-кIэ нэхъыбэщ. АдэкIи я мурадщ инвестицэ Iуэхухэр ирагъэфIэкIуэну. «Iуащхьэмахуэ» зыгъэпсэхупIэм щекIуэкI ухуэныгъэхэм заужьыхукIэ, шэч хэмылъуи, абы текIуадэ мылъкуми хохъуэ.
«Кавказ.РФ»-м и унафэщI Юмшанов Андрей къызэригъэлъэгъуамкIэ, къалэ- ухуэ, щIы-мылъку IуэхухэмкIэ щыIа гугъуехьхэр псори зэфIахащ, щIыналъэм къехьэлIа дэфтэрхэр мэлыжьыхьым и 24 пщIондэ республикэм и Правительствэм и пащхьэ иралъхьэнущ.
Къагъэлъэгъуахэм ящыщу экономикэ щIыналъэ щхьэхуэу плIым инвестор лъэщу 15 къыщIэупщIащ. Къапщтэмэ, инвесторхэр дэзыхьэхыр туризмэм пыщIа Iуэхухэм я закъуэкъым.
Тырныауз бгыгъэбатэ комбинатым и лэжьыгъэр зэтеублэжыныр къэралым и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ икIи абы и лъэныкъуэкIэ Iуэху пыухыкIахэр республикэм щрагъэкIуэкI. Назаров Сергей зэрыжиIамкIэ, а проектым хухаха мылъкум хэгъэхъуэнымкIэ къэрал унафэ къащтащ. Ар гъэзэщIа хъумэ, абы цIыху 1200-рэ лэжьыгъэ IэнатIэкIэ къызэригъэпэщынущ. «Мы мазэм и кIэм ирихьэлIэу а Iуэхур зэтеувэнущ. ИджыпстукIэ УнафэщIхэм я Советыр хоплъэж. «ВЭБ.РФ» къэрал корпорацэми «ВТБ» банкми я кредит комитетхэм унафэхэр къащтащ», - къыхигъэщащ УФ-м экономикэ зыужьыныгъэхэмкIэ и министрым и къуэдзэм.
Апхуэдэу къэрал дэIэпыкъуныгъэкIэ щIыналъэм щагъэзащIэ АПК-м, псэупIэ ухуэныгъэм, IT-технологием епха инвестпроектхэр.
Назаров Сергей инвестицэ Iуэхухэм теухуа зэIущIэ республикэм и хьэрычэтыщIэхэм ядригъэкIуэкIащ. Ахэр тепсэлъыхьащ щIыналъэм и зыужьыныгъэм, абы щрагъэкIуэкIыну ухуэныгъэхэм, лэжьыгъэ IэнатIэхэр къызэгъэпэщыным, хьэрычэтыщIэ Iуэху цIыкIум-рэ курытымрэ, кредит дэIэпыкъуныгъэхэм, нэгъуэщI куэдми. Щхьэж и Iуэху еплъыкIэр хуиту къыщагъэлъагъуэу екIуэкIа зэIущIэм къыщыпащэнущ накъыгъэ мазэм зэхэтыну Кавказ инвестицэ гъэлъэгъуэныгъэм.