КЛАСС УНАФЭЩIХЭМРЭ УНЭТIАКIУЭХЭМРЭ Я ЗЭХУЭС

Урысейм и Президент Путин Владимир и унафэм ипкъ иткIэ УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм Класс унафэщIхэмрэ унэтIакIуэхэмрэ я Урысейпсо зэхуэсыр мы гъэм ещанэу иригъэкIуэкIынущ. КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэсым къриубыдэу зэхашэну Iуэхугъуэхэм ар я IэтащхьэIулIэж хъунущ.

Зэхуэсым хэтыну гукъыдэж зыщIхэм я бжыгъэм илъэс къэс хохъуэ. Къыхэбгъэщмэ, а бжыгъэр нэгъабэ мин 64-м щIигъуу щытащ. Абыхэм ящыщу цIыху 1300-р бжьыгъуэ зэфIэхьым нэсат. Ди гуапэ зэрыхъущи, я лэжьыгъэрэ я Iуэху зехьэкIэкIэ зэпеуэм къыщыхэщахэм ди щIыналъэм икIа егъэджакIуэхэри яхэтащ.

Апхуэдэу Бахъсэн къалэ дэт, Къалмыкъ Руслан и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ №3-м сурэт щIынымкIэ и егъэджакIуэ, щIэныгъэ гуэдзэ сабийхэм етынымкIэ гъэсакIуэ ГъукIэпщокъуэ Марьяни зэхьэзэхуэм къыщыхэщахэм языхэзщ. И фIэщу лэжьыгъэм бгъэдэт егъэджакIуэм къызэрилъытэмкIэ, лъагъуныгъэ зыхэмылъ Iуэхур и пIэ икIынукъым, псэм щыщ зыхыумылъхьэ егъэджэныгъэми къикIын щыIэкъым. Аращ абы и лэжьыгъэм сабийр и курыхыу, абы хузэIухауэ, пэжу бгъэдэтын хуейуэ къыщIилъытэр. «Гурэ псэкIэ узыбгъэдэт сабийхэр къыппэджэжынущ, щытыкIэ къызэрымыкIуэ куэдми укърашынущ. СэркIэ класс унафэщIхэм я зэхуэсышхуэр си IэщIагъэм хузиIэ тегушхуэныгъэм зезыгъэубгъуа утыкущ. Ипэм сызыхуэIэнкун, зэуэ зызэзмыпщытыф гуэрхэр къыхэкIыу щытамэ, иджы пхузэфIэмыкIын зэрыщымыIэр си фIэщ хъуащи, еджэныгъэм къыхэслъхьэну сызыхуей Iэмалхэм нэхъ сытогушхуэ. ЦIыхущIэ зэрыплъагъум, щIэщыгъуэ Iэджэ уи нэгу зэрыщIэкIым я закъуэтэкъым зэхуэсыр гъэщIэгъуэн зыщIыр, атIэ узыпэрыт IэнатIэм фIы и лъэныкъуэкIэ зебгъэужьыну, уэри зыдэбузэщIыну Iэмал къызэрыуитми гукъинэж ищIырт», – жеIэ Марьянэ. ИлъэсипщI лъандэрэ егъэджэныгъэм хэт ГъукIэпщокъуэр зэрыгъуазэри щылажьэкIэ тегъэщIапIэ ищIри сабийхэм Iэмалыншэу яхуиIэн хуей лъагъуныгъэрщ. А гурыщIэр сыт хуэдэ гузэхэщIэми ипэ зэритын хуейм зэхуэсым куэду зэрыщытепсэлъыхьам егъэджакIуэр нэхъри къызэщIаIэтащ, гъуэгу захуэ зэрытетри и фIэщ ящIащ.

Зи цIэ дахэкIэ къраIуахэм ящыщщ Зеикъуэ къуажэм дэт, Шафий Хьэчим и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ №2-м географиемкIэ и егъэджакIуэ Шыбзыхъуэ Марьяни. Курыт еджапIэм зэрыщылэжьа илъэсийм къриубыдэу егъэджакIуэ ныбжьыщIэр къэралпсо, хэгъэгупсо, щIыналъэпсо мыхьэнэ зиIэ зэпеуэхэм хэтащ, екIуу зыкъыщигъэлъэгъуащ, куэд зэрыхузэфIэкIри IэщIагъэлIхэм нэрылъагъу ящищIащ. Класс унафэщIхэм я зэхуэсым хэтыныр Шыбзыхъуэ Марьянэ и IэщIагъэм хуиIэ гукъыдэжыр иджыри нэхъ лъагэу къэзыIэт, и зэфIэкIхэр щигъэунэху зы Iэмалущ къызэрилъытэр. «ЦIыхур цIыху щIыжщ, жыхуаIэр зэрыпэжыр си щхьэкIэ зэхуэсым щызгъэунэхуащ. Сыт хуэдизу IэщIагъэм фIыуэ хыумыщIыкIми, уи закъуэу пхузэфIэкIынур зэрымащIэр, акъылэгъу уимыIэмэ, жыжьэ узэрымыкIуэнур къызгурыIуащ. Ди лэжьыгъэр акъыл зэхэдзэкIэщ зэрыпхуегъэфIэкIуэнур. Класс унафэщIхэм я зэхуэсым щыслъэгъуамрэ щызэхэсхамрэ нэгъуэщI цIыху сащIауэ къысщохъу. Иджы сызыпэрыт лэжьыгъэм и кIуэрабгъухэр ищхьэкIэ сыкъеплъыхым хуэдэу нэхъыфIу солъагъу, хэслъхьэну сызыхуей Iэмал гъэщIэгъуэнхэм, лэжьэкIэ щIэщыгъуэхэм фIэщхъуныгъэ яхузиIэщ», - жиIащ Шыбзыхъуэ Марьянэ.

Зэхьэзэхуэм и гъунапкъэхэм мы гъэм нэхъ зрагъэубгъунущ: иджы абы хэтыну Iэмал зиIэр курыт школхэм я егъэджакIуэхэм я закъуэкъым, атIэ я зэфIэкIыр щагъэлъэгъуэну хуитщ IэщIагъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм, колледжхэм, техникумхэм я лэжьакIуэхэми.

Зэхьэзэхуэм зыхуигъэувыж къалэнхэм ящыщщ класс унафэщIхэр зэкъуэгъэувэныр, абыхэм я пщIэр къэIэтыныр, ирагъэкIуэкI лэжьыгъэр зэгъэуIуныр, зым зыр лъэIэсу хасапIэ къахузэгъэпэщыныр. КъытщIэхъуэ щIэблэр узыншэу, зэхэщIыкI яIэу, дуней гупсысэкIэ ябгъэдэлъу къэхъуныр зыкъомкIэ егъэджакIуэхэращ зэлъытар, псом хуэмыдэу махуэ къэс зылъэIэс, IуэхукIэ зыбгъэдыхьэ класс унафэщIым. Сыт и лъэныкъуэкIи щапхъэ хъу егъэджакIуэ, ущиякIуэ, узэщIакIуэ, унэтIакIуэ, гъэсакIуэ еджапIэм иIэныр зэхьэзэхуэм и мурадхэм хохьэ. Абы къыхэкIыу фIым я фIыжыр къэлъыхъуэныр, абы и лэжьэкIэр хэIущIыIу щIауэ IэнатIэм пэрытхэм я деж нэгъэсыныр къызэгъэпэщакIуэхэм я хьэкъ нэхъыщхьэхэм ящыщу къалъытэ.

Класс унафэщIхэмрэ унэтIакIуэхэмрэ я III урысейпсо зэхуэсым хэтыну хуейхэм я лъэIу тхылъхэр къызэгъэпэщакIуэхэм я деж мэлыжьыхьым и 20 пщIондэ ягъэхь хъунущ. «ВКонтакте» интернет утыкум Класс унафэщIхэмрэ унэтIакIуэхэмрэ я III урысейпсо зэхуэсым и напэкIуэцI щиIэщ, лъэIу тхылъхэр зэрагъэхь хъуну щIыкIэм и хъыбарри абы итщ.

Езы зэхуэсыр жэпуэгъуэм 3-м щегъэжьауэ и 7 пщIондэ Мэзкуу щекIуэкIынущ, зэрыхуагъэфащэмкIи, цIыху минищым щIигъу хэтынущ.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.

28.04.2024 - 09:03

ПЭРЫТ УВЫПIЭР АДЭКIИ ИIЫГЪЫНУЩ

Налшык къалэ и Музыкэ театрым щекIуэкIащ «ФIагъым и лъагапIэ-2024» фIэ­­щыгъэр зиIэ Япэ Кавказ-Ищхъэрэ конференц.