ГИЖГИН ГУЭЛЫР ДАХЭМИ…

Бгым къыщIах къулеигъэхэр щIым къыхагъэкъэбзыкIа нэужь, ар зэратхьэщIа псы фIейр щахъумэ, щызэхуахьэс щIыпIэм щхьэкIэ «хвостохранилище» жаIэ. Апхуэдэ зэхуэхьэсыпIэхэр километр зыбжанэкIэ фабрикэм, комбинатым пэжыжьэу щаухуэ. ЗэманкIэ щыта псы фIейр тIууэ зэщхьэщокI, щIыр щIотIысыкIри. ИужькIэ абы псыр къыщхьэщахыжри, иджыри къагъэсэбэп, нэгъуэщI пкъыгъуэ гуэрхэр къыхахыж е ягъэкъабзэри псы ежэххэм хаутIыпщхьэж. Псы фIейр нэхъ псынщIэу зэщхьэщагъэкIын папщIэ, коагулянтхэмрэ флокулянтхэмрэ къыщагъэсэбэп щыIэщ.

Сыт хуэдэ Iуэхугъуэми хуэдэу, псы фIей хъумапIэхэр, егупсысауэ убгъэдыхьэмэ, кIэрыхубжьэрыху къэмынэу къэбгъэсэбэпыфынущ. Зэманыр кIуэху, технологиехэм заужьыху, промышленностым сэбэп щыхъуну IэмалыщIэхэр цIыхум къегупсыс. Уеблэмэ псы фIейм уелэжьыжыным фейдэ щыпылъ щыIэщ.

Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, псы фIей хъумапIэхэр и нэхъыбэм зэранщ. Псы фIейм зэрелэжьыжым и пIалъэр щамыщIэу щыта зэманым яухуа хъумапIэхэм уэшхыпс, уэсыпс илъадэмэ, нэхъри зыкъеIэт. Абы и зэран, зэрымыщIэкIэ, цIыхумрэ унагъуэ псэущхьэхэмрэ зэрекIынури пщIэнукъым. Псалъэм папщIэ, апхуэдэщ Закаменск къалэм дэт псы фIей хъумапIэхэр, зэгуэр Тырныауз щылэжьа вольфрам-молибден комбинатым и кIэрыхубжьэрыху идзыпIэхэр.
Ди щIыналъэм и псы фIей хъумапIэр Былым къуажэм щыIэ Гижгит гуэлырщ. А щIыпIэр сейсмологхэм шынагъуэу къалъытэ, икIи щIыхъей къэхъурэ гуэлыр Бахъсэныпсым хэлъадэмэ, псым и закъуэ мыхъуу, ар зыхэлъэдэж тенджызым и экосистемэр зэхикъутэнущ. Гижгит щIы километр зэбгъузэнатIэ 35-м, цIыху мелуани 2,5-м зэран яхуэхъуну шынагъуэщ. КъБР-м ЩIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм зэрыщыжаIэмкIэ, ди щIыналъэм и закъуэ мыхъуу, Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэ зыбжанэ къызэщIиубыдэнущ а Iуэхугъуэм. Комбинатыр лэжьэху кIэрыхубэжьэрыху тонн мелуан 25-рэ зэхуахьэсащ икIи абы цIыхум дежкIэ, щIыуэпсымкIэ шынагъуэу пкъыгъуэ 30 хэлъщ. А псори зэи ямыгъэкъэбза, гыныр зэрыгыну къызыхэна гуэлым хэлъщ нобэр къыздэсым. 
Илъэси 10 - 12 хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ, Iуащхьэмахуэ куеймрэ Бахъсэнымрэ я зэпылъыпIэм деж щыIэ къуажэ цIыкIу зыбжанэм щыпсэу цIыхухэм лышх узыр яхуэлъэ хъуауэ къахутат. Ар къызыхэкIыр къахуэмыщIэу къэхутэныгъэ куэд ирагъэкIуэкIащ. КъызэрыщIэкIамкIэ, а къуажэм щыпсэухэм я Iэщыр хъупIэ щыдахукIэ, комбинатым и псы фIей хъумапIэм инам былымыр хэфурэ, узыншагъэмкIэ зэранышхуэ зыпылъ химие пкъыгъуэхэр гъэшым хэлъу цIыхухэм яшхыу арат.
Дызытепсэлъыхь хъумапIэхэм епха шынагъуэм ди унафэщIхэр йогупсыс: «2012 - 2017 гъэхэм щIыуэпсыр хъумэн», «Къэрал къабзэ» Iуэху гъэбелджылахэм ящыщу, 2017 - 2018 гъэхэм къэрал бюджетым къыхэкIыу сом мелуан 39,8-рэ, къанэр щIыналъэ мылъкум къыхахыу ди щIыуэпсыр зыхуей хуагъэзэну жаIат. КIэрыхубжьэрыху шынагъуэхэр гъэкIуэдыным ехьэлIа лэжьыгъэр мызэ-мытIэу яублэну я мурадащ. Апхуэдэ зэгурыIуэныгъэр УФ-м ЩIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэмрэ КъБР-м и Правительствэмрэ зэращIылIат. Ауэ гуэлыр зэритщ, туристхэри абы и дахагъэм дехьэхри, зэпымычу къокIуалIэ. Гижгит къызэрыунэхуамрэ и зэхэлъыкIэмрэ и хъыбар зыщIэхэм жаIэ: «Хьэндыркъуакъуэ хищIами, бдзэжьей къуэлэныр хэсми, уи Iэ хэптхьэщIэну дзыхьщIыгъуэджэщ. Гижгит гуэлыр щIыуэпс насыпыншагъэщ, армыхъумэ, дахагъэкъым».
Мы Iуэхум и чэзум унафэ трамыщIыхьмэ, кърикIуэнкIэ хъунум и щапхъэщ 2014 гъэм шыщхьэуIум и 4-м Канадэм къыщыхъуа насыпыншагъэр. Дыщэрэ жэзрэ къыщыщIах Маунт Поли щIыпIэм и псы фIей хъумапIэм и IущIапIэр къыIуиудщ, псы метр зэбгъузэнатIэ мелуан 17-рэ абы щIэтIысыкIа кIэрыхубжьэрыху метр зэбгъузэнатIэ мелуани 8-рэ бгым кърилъэсэхри, Iэгъуэблагъэм ит гуэлитIым хэлъэдащ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, ар Канадэм и щIыуэпсым зэран хуэхъуащ, Маунт Поли щIыпIэм и экономикэмрэ щыIэкIэ-псэукIэмрэ егуэуащ. А Iуэхугъуэм дуней псом ягу къигъэкIа хуэдэщ псы фIей хъумапIэхэм гулъытэ щхьэхуэ хуэщIын зэрыхуейр.
 

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

30.04.2024 - 12:25

БЖЭ ЗЭIУХАХЭМ Я МАХУЭ

115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм и цIэр зезыхьэ лъахэхутэ гупым и хэщIапIэм иджыблагъэ щыхьэщIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIищым я гъэсэнхэр.

30.04.2024 - 09:03

ИТАЛИЕМ БЗЫЛЪХУГЪЭУ ИСЫМ ДАХАГЪЭКIЭ ЕФIЭКI АДЫГЭ А­НЭТ

Италием щыщ тхакIуэ,  да Винчи Леонардэ и тхы­дэмрэ лэжьыгъэм­кIэ щIэ­ныгъэлI нэхъыщхьэ Вечче Карлэ и Iэдакъэ къы­щIэкIа «Катеринэ и гуфIэкIэр: Леонардэ и анэ» романыр Налшык къалэ щагъэлэгъуащ мы

30.04.2024 - 09:03

ВИТЕБСК ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪЭГЪУЭНУЩ

Кавказым и уэрэджыIакIуэхэр хэтынущ Витебск щекIуэкIыну «Славянский базар в Витебске» лъэпкъыбэ макъамэ фестивалым. 

30.04.2024 - 09:03

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ФЫХЭТ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэлы­жьы­хьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхынущ Хэку зауэшхуэм теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф