Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм 2021 гъэм жэпуэгъуэм и 15-м щегъэжьауэ щэкIуэгъуэм и 14 пщIондэ иригъэкIуэкIа Урысейпсо къыхэтхыкIым кърикIуахэр Iыхьэ-Iыхьэу гуэшауэ цIыхубэм я пащхьэ кърилъхьэжын иухащ 2022 гъэм и кIэм. Мызыгъуэгум Iуэхур нэхъ тыншу икIи псынщIэу зэфIагъэкIащ бжыгъэхэр зи лъабжьэ технологиехэр къагъэсэбэпкIэрэ. КъыхэтхыкIым къыхаша волонтёрхэр сэбэп хъуащ планшетхэм унагъуэхэм я хъыбархэр иратхэну. Апхуэдэуи «Къэрал Iуэхутхьэбзэхэр» сайтымкIэ зебгъэтх зэрыхъур куэдкIэ къахуэщхьэпащ.
КъыхэтхыкIым щызэхуахьэсхэр къэрал гъэзэщIакIуэ властым сэбэп хуохъу унафэ пыухыкIахэр къащтэнымкIэ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, псэукIэм, экономикэм зегъэужьыным теухуа проектхэм, ухуэныгъэхэм, гъуэгу телъхьэным, псэупIэ ухуэным, еджапIэ, сабий IыгъыпIэ къызэIухыным, газ, псы, ток зэрыкIуэ бжьамийхэмрэ кIапсэхэмрэ дэлъхьэным, жылагъуэ транспортым и зекIуэкIэр убзыхуным, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми лъабжьэ яхуэхъур къыхэтхыкIым къигъэнаIуэ бжыгъэхэрщ. Аращ ар мыхьэнэшхуэ иIэу къалъытэу илъэсипщIым зэ щIрагъэкIуэкIыр. Иджырейр 2020 гъэм коронавирус уз зэрыцIалэм зэрызиубгъуам щхьэкIэ къайхъулIатэкъыми, 2021 гъэм ирагъэкIуэкIащ. АтIэ сыт хуэдэ бжыгъэхэмрэ хъыбархэмрэ къыхэтлъэгъукIа къыхэтхыкIым? ТфIэгъэщIэгъуэн хъуахэм дыкъытеувыIэнщ.
Псом япэрауэ, Урысейм 2021 гъэм и кIэм ирихьэлIэу цIыху 147 182 123-рэ щыпсэууэ щатхащ, лъэпкъ 207-рэ исщ. 2010 гъэм екIуэкIа къыхэтхыкIым кърикIуахэм ятепщIыхьмэ, ди къэралым и цIыху бжыгъэр процент 1,4-кIэ хэхъуащ. ЦIыхухэм я бжыгъэр щыхэхъуар хэгъэгу 28-ращ.
СтатистикэмкIэ къулыкъущIапIэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, цIыхубэм я процент 74,8-р къалэдэсщ, иджыри къалэхэм жыджэру Iэпхъуэр куэдщ. Мегаполисхэм нэхъри заубгъу, къуажэхэр хокIуэдэж. 2010 гъэм мелуан е нэхъыбэ зыдэс къалэу Урысейм 12 иIамэ, иджы 16 хъуащ. Абы къегъэлъагъуэ цIыхухэр Москварэ Санкт-Петербургрэ къинэмыщIауэ, нэгъуэщI къалэхэми зэрыIэпхъуэр, къалэшхуэхэм экономикэ и лъэныкъуэкIэ нэхъ хуэщIащи.
Урысей Федерацэм ис лъэпкъхэм я Iуэху зыIутым уеплъмэ, 2010 гъэм нэхъыбэу къалъытэу щыта лъэпкъитхум ящыщт урысхэр (цIыху мелуани 111-рэ), тэтэрхэр (мелуани 5,310-рэ), украинхэр (мелуан 1,927-рэ), башкирхэр (мелуан 1,584-рэ), етхуанэрэ еханэу къакIуэрт чувашхэмрэ (мелуан 1,435-рэ) шэшэнхэмрэ (мелуан 1,431-рэ).
ИлъэсипщI дэкIри, нэхъыбэу къалъытэ лъэпкъхэм захъуэжащ, а тхум украинхэр яхэкIащ, иджы ахэр мин 884-рэ хъужу аращ. Нэхъыбэ хъу лъэпкъитхур - урысхэр, тэтэрхэр, шэшэнхэр, башкирхэр, чувашхэр. Ауэ щыхъукIи, урысхэм я бжыгъэр мелуани 5-кIэ хэщIащ, тэтэрхэр мин 600-кIэ нэхъ мащIэ хъуащ, чувашхэми мин 368-кIэ хэщIащ, башкирхэм я бжыгъэр зэрыщытауэ къэнэжащ, ауэ шэшэнхэр процент 17-кIэ бэгъуащ, цIыху мелуан 1,431-рэ хъууэ щытамэ, иджы мелуан 1,674-рэ хъуащ.
Кавказ Ищхъэрэм щыпсэур
Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм цIыху мелуани 10-рэ мин 171-рэ щопсэу. ИлъэсипщIым къриубыдэу, проценти 7,9-кIэ хэхъуащ. Ис цIыху бжыгъэм елъытауэ КИФЩI-р Урысейм иужь итхэм ящыщщ, ауэ блэкIа илъэсипщIым цIыху бжыгъэр зэрыщыхэхъуамкIэ, япэ итхэм хабжэ.
Кавказ Ищхъэрэм и къалэхэм - цIыху мелуани 5-рэ мин 153-рэ (50,7%), къуажэхэм - мелуани 5-рэ мин 18-рэ (49,3%) щопсэу. Къалэдэсхэр щынэхъыбэщ Шэшэным (процент 23,6-кIэ), Къэрэшей-Шэрджэсым (процент 17,4-кIэ), Дагъыстэным (проценти 9,6-кIэ).
ЦIыху нэхъыбэ дыдэ зэрысыр Дагъыстэнращ (мелуани 3-рэ мин 182-рэ). ЕтIуанэ увыпIэр Ставрополь крайм иIыгъщ (мелуани 2-рэ мин 908-рэ), ещанэр Шэшэнращ (мелуану 1-рэ мин 511-рэ), абы къыкIэлъокIуэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр (мин 904-рэ), Осетие Ищхъэрэ - Аланиер (мин 687-рэ).
Ингушым исыр нэхъ мащIэщ (мин 510-рэ), Къэрэшей-Шэрджэсыр иужь итщ (мин 470-рэ).
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iуэху зыIутыр
2021 екIуэкIа къыхэтхыкIым ипкъ иткIэ, а гъэм и жэпуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыху 904 200-рэ ису щатхащ. 2010 гъэм еплъытмэ, бжыгъэр проценти 5-кIэ хэхъуащ. Абыхэм я нэхъыбэр къалэхэм щопсэу (процент 52-р).
ЦIыху 904 200-м ящыщу 880 911-ращ къызыхэкIа лъэпкъыр къэзыгъэлъэгъуар. Абыхэм ящыщу 502 615-р къэбэрдейщ (а бжыгъэм хэмыту 26 544-м шэрджэсу зрагъэтхащ, 579-р адыгейщ, 9-р шапсыгъщ), 174 768 -р урысщ, 120 898-р балъкъэрщ, 16 860-р тыркущ, осетину - 6877-рэ, цыджану 4122-рэ, ермэлыуэ 3987-рэ, корейуэ 2926-рэ, азербайджану 1767-рэ, шэшэну - 1675-рэ, тэтэру - 1544-рэ, украину - 1461-рэ, куржыуэ 1279-рэ исщ, адрейхэм я бжыгъэр мин ирикъуркъым. Псори зэхэту къапщтэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым лъэпкъи 109-рэ щатхащ.
Адыгэу республикэм исщ 529 747-рэ.
Нэхъапэми хуэдэу, бзылъхугъэхэр нэхъыбэщ цIыхухъухэм нэхърэ. 2021 гъэм цIыхубзхэр мин 46-кIэ нэхъыбэщ, 2010 гъэм мин 56-кIэ нэхъыбэу щытащ.
Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щиIэ управленэм и унафэщIым и къуэдзэ Гъащтэ Аурикэ зэрыжиIамкIэ, сабийхэмрэ илъэс 15-м нэс ныбжьыщIэхэмрэ я бжыгъэр мин 16,4-кIэ хэхъуащ, ар проценти 9,2-рэ мэхъу. Лэжьыгъэ IэнатIэ пэрыт цIыхухэм я бжыгъэм зэрызихъуэжа щIагъуэ щыIэкъым, мин 540-рэ хъууэ къабжащ. Абыхэм нэхърэ нэхъыжьхэм я бжыгъэр мин 27,9-кIэ нэхъыбэ хъуащ 2010 гъэм елъытауэ. Абы тепщIыхьмэ, лэжьэгъуэ ныбжьым ит цIыху мин къэс ныбжькIэ нэхъыжьу 674-рэ яхуозэ.
КъыхэтхыкIым къызэригъэлъэгъуамкIэ, нэчыхь зиIэ цIыхухъухэм я бжыгъэр - мини 195,2 -рэ, нэчыхь зиIэ цIыхубзхэр мини 197,4-рэ мэхъу.
Ныбжьышхуэ зиIэ нэхъыжьу Къэбэрдей-Балъкъэрым цIыху 1981-рэ исщ, 2010 гъэм илъэс 90-м щхьэдэха дадэрэ нанэу 1661-рэ исащ республикэм. 2010 гъэм елъытауэ курыт ныбжьыр илъэс 35-м къикIри, илъэс 37-м нэсащ.
Адыгэхэм я бжыгъэр
Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм ди пащхьэ кърилъхьэжа бжыгъэхэм ухэплъэмэ, уолъагъу адыгэхэм - къэбэрдейуэ, шэрджэсу, адыгейуэ, шапсыгъыу зэрызрагъэтхар. Мы къыхэтхыкIым шэрджэсу зезыгъэтхар куэдкIэ нэхъыбэщ, япэм нэхърэ. Хэгъэгухэм щатха адыгэхэм я бжыгъэр зэрыщытыр мыпхуэдэущ:
Къэбэрдей-Балъкъэрым (529 747):
къэбэрдейхэр - 502 615,
шэрджэсхэр - 26 544,
адыгейхэр - 579,
шапсыгъхэр - 9.
Къэрэшей-Шэрджэсым (59 463):
шэрджэсхэр - 58 825,
къэбэрдейхэр - 523,
адыгейхэр - 115.
Адыгэ Республикэм (114 677):
адыгейхэр - 98 138,
шэрджэсхэр - 16 133,
къэбэрдейхэр - 397,
шапсыгъхэр - 9.
Краснодар крайм (19 491):
адыгейхэр - 10 484,
шэрджэсхэр - 6 166,
къэбэрдейхэр - 963,
шапсыгъхэр - 1878.
Ставрополь крайм (9537):
адыгейхэр - 242,
шэрджэсхэр - 7077,
къэбэрдейхэр - 2455,
шапсыгъхэр - 5.
Осетие Ищхъэрэ - Аланием (2245):
адыгейхэр - 31,
къэбэрдейхэр - 2214.
Къэралым и хэгъэгу, къалэ зэпэщхьэхуэхэм щыпсэу адыгэхэр псори зэхэту къапщтэмэ, цIыху 751 486-рэ мэхъу. 2010 гъэм екIуэкIа къыхэтхыкIым елъытауэ, ди лъэпкъэгъухэр 32 759-кIэ нэхъыбэ хъуащ.
Зи анэдэлъхубзэр зыщIэу зезыгъэтха адыгэхэм я бжыгъэр 536 427-рэ мэхъу, 2010 гъэм апхуэдэу къэзыгъэлъэгъуар нэхъыбэт - 635 135-рэ.
НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.