ГУРЭ ПСЭКIЭ ДАЩIЫГЪУЩ ДИ ЛЪЭПКЪЭГЪУХЭМ

Тыркумрэ Сириемрэ къыщыхъуа гузэвэгъуэшхуэм дуней псор кIэлъоплъ, ирогузавэ, сэ­бэп зэрыхъуфын щIыкIэхэр къа­гупсысурэ зыхуэныкъуэхэр ирагъашэ, къегъэлакIуэхэр щы­зэхуос. Ди жагъуэ зэрыхъущи, хэкIуэдауэ къагъуэтыжым я бжыгъэр сыхьэт къэс нэхъыбэ мэхъу, кърагъэлхэр нэхъ мащIэми, зы цIыхущхьэм ущы­мыгуфIыкIыу къанэркъым.

Тыркухэмрэ хьэрыпхэмрэ къатехьа лейм дегъэгумэщI, нэхъыбэжу дрогузавэ а къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъу адыгэ­хэми я щхьэ кърикIуам. Псоми ящIэ адыгэхэр Тыркум зэрыIэпхъуэрэ гъунэгъуу зэбгъэ­дэсмэ  нэхъ къащтэу, щIыпIэ зыбжанэм нэхъыбэу зэры­щы­зэхэтIысхьар. Апхуэдэ тIысыпIэхэм ящыщщ щIыр нэхъ ину щыхъея Кахраманмарашрэ Гёксунрэ.
Кахраманмараш Мараш ви­лайе­тым и къалащхьэщ. Дэ ды­зэрыщыгъуазэмкIэ, абы адыгэ унагъуэ 1500-рэ хуэдиз дэсщ. Ди лъэпкъэгъу куэд щопсэу Гёксуни, Газиантепи, Хьэтаи. Гёксун къедза ­къуажэ 50-м щIигъум щыщу 23-р адыгэ жылэщ, адыгэцIэ зезы­хьэхэр яхэту - Къаншууей, Инарыкъуей, Индрей, Астэмрей, Мэр­гъущей, ХьэпцIей, Ботэщей, Хьэзиз и къуажэ, КъуэжэкIэ, Къарэ-ахьмэд, Анзорей Ипщэ, Анзорей Ищхъэрэ. А бжыгъэм хохьэ абазэхэ къуажиплIрэ зы убых жы­лэрэ. КъищынэмыщIауэ, дагъыс­тэн къуажитIрэ зы шэшэн жылэ-рэ я гъунэгъущ.
 Мы зи гугъу тщIы къуажэхэм щIыр хуабжьу щыхъеящ. Ди лъэпкъэгъухэм зэрыжаIэмкIэ, унэ зэтемыкъута къыдэнэжакъым джылахъстэней жылэхэм. Гузэвэгъуэр зылъыIэса щIыпIэр инщи, дэIэпыкъуэгъухэм, къегъэ­лакIуэхэм псори зэуэ яхузэ­щIэгъэхьэркъым. Тыркум и джы­лахъстэней щIыналъэм хуабжьу тогузэвыхь Анкара, Истамбыл дэс ди лъэпкъэгъухэр. Зэрыжа­IэмкIэ, а къуажэхэм дэсхэр къалэшхуэхэм зэрыщылажьэм къы­хэкIыу, гъэмахуэм нэхъ щызэ­хуэ­сыж хабзэщ, ауэ иджыпстуи, мыкуэдми, цIыхухэр дэст къуажэхэм. Иджы абыхэм ялъэмыIэсыфу мэгуIэ.
Тыркум щыIэ Кавказ Хасэхэм я федерацэм и тхьэмадэ Щоджэн Умит яхуэгузавэ псоми адыгэбзэкIэ закъыхуигъэзащ. ЗэрыжиIэмкIэ, махуитху лъандэрэ КАФФЕД-р жэщ-махуэ имыIэу мэлажьэ, къэралым къуэту. Унэ зэтещэхахэм щIэлъхэр къыщIэ­хы­жыным, кърагъэлахэм псыкIэ, шхынкIэ, хущхъуэкIэ, щыгъын хуа­бэкIэ защIэгъэкъуэным иужь итщ. «Iуэхур зэрымытыншыр жыIэн хуейщ, ауэ дигу хэзыгъа­хъуэр дэнэкIэ щыIэ адыгэри къызэрытщIэупщIэрщ, я Iэ къихь къызэрамыгъанэрщ. Тхьэр арэ­зы къыфхухъу яжесIэну сыхуейщ мы махуэхэм къытщIэупщIэ ди къуэшхэм. Хэкуми, Иорданиеми, Израилми, Америкэми, Канадэми, Европэми щыпсэу адыгэхэр къыткъуэуващ. Нобэ хуэдэ зы махуэт къуэш къыщалъыхъуэри, адыгэм дигу ягъэкIуэдыркъым, сыт и лъэныкъуэкIи къызэрыддэIэпыкъуным иужьщ итхэщ», - жиIащ Умит.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм хэт Хьэпэ Бильге жиIащ езыр зыдэс Анкараи хъыринэм хуэдэу зэрыщIиупскIэр, Тхьэм уелъэIун фIэкIа, нэгъуэщI зы Iэмал зэрыщымыIэр. Бильге къыхигъэщащ ахъшэкIэ куэдым зыкъызэрыщIагъакъуэр, ар банкым кърахыурэ Хасэм зэрырахьэлIэр, цIыху куэд къызэхуэсауэ жэщ-махуэ ямыIэу хуэныкъуэхэм зэрадэIэпыкъур.
- Илъэс куэд щIауэ ягъэхъыбар, щIэныгъэлIхэми жаIэ Тыркум щIыхъей ин къыщыхъуну шынагъуэ зэрыщыIэр, дэ абы дыхиу­быдащ, ди нэгу щIэкIащ мы махуэхэм, - жеIэ Емуз Бэязит. - Кахраманмарашрэ Газиантепрэ нэхъ дыщыщIиупскIами, къалипщI хуэдизым нэхъ гуащIэу щыхъеящ. Япэ махуэм и пщэдджыжьыпэм хуабжьу хъеящ щIыр, етIуанэ махуэм нэхъ иныжу къытригъэзэжри, мис абы щы­гъуэм ди адыгэ къуажэхэм уни жьэгуи къыдинакъым, ди унэжь­ри яхэту. Унэхэм я процент 60 хуэдизыр щIым щIиIубащ, къэнахэри ущIэс мыхъуну зэтекъутащ. Ауэ, ди насыпти, щIымахуэм нэхъыбэр къалэхэм дэст. ИтIани, къыдэна щыIэхэщи, махуэ къэс цIыхуитI-цIыхуищу жылэхэм щы­щIалъхьэ. Шыбзыхъуэхэ, Албо­рэхэ, УнащIэхэ, Хъущтхэ, Балъкъэрхэ, Хьэщэхэ, ХьэцIыкIухэ ящыщхэр зэрыхэкIуэдам я хъыбар зэхэсхащ, гуауэшхуэщ. Дя­пэкIи къагъуэтыжынухэр щыIэщ, унэм зэрыщIэсар ящIэу, ауэ иджыри къамыгъуэтыжауэ цIэ-унэцIэхэр тхауэ яIыгъыу къалъыхъуэ. Адыгэ, тырку иIэкъым, псори гущIыхьэщ, хуабжьу гузэвэ­гъуэшхуэщ ди нэгу щIэкIыр.
Къайсэр щыпсэу Iэпщэ Сер­-дал жиIащ Гёксунрэ Хьэтайрэ куэд зэрыщыхэкIуэдар, Мараш унэ куэд зэрыщызэтекъутар, къуа­жэхэр щIым щыщ зэрищIыжар. «Къайсэри фIыуэ щIиупскIащ, ауэ Iейуэ зэтрикъутахэм ящыщкъым. Иджыри къытре­гъазэри, цIыхухэр унэм щIагъэхьэжыркъым. Си унагъуэр ди гъунэгъу еджапIэм щIэсу аращ», - жиIащ Сердал.
ЦIыхущхьэ зэрыхэкIуадэм егъэгумэщI ди лъэпкъэгъухэр, ап­хуэдэуи адыгэ щIыгу пэлъытэу, джылахъстэнейкIэ еджэу, яIа щIыпIэр щIы хъейм зэрыхигъэ­кIуэдэжар жагъуэ ящохъу.
Джылахъстэнейхэр зэрыс щIы­пIэм илъэс къэс лъэпкъым ехьэ­лIа щэнхабзэ фестивалхэр щрагъэкIуэкIыу щытащ. Адыгэ дадэ-нанэхэм я нэгум нурыр кърихыу, щIэныгъэ, IэщIагъэ яIэу къалэхэм дэс щIалэгъуалэр къе­кIуэ­лIэжарэ гушхуэу зэрызэхэтар си нэгу къыщIохьэж, къыщыткIухьа щIыпIэхэм иджыпсту щекIуэкIыр къызэрыщ сурэт шынагъуэхэм сыщеплъкIэ…
Мы махуэхэм дэнэ щыпсэу адыгэри я лъэпкъэгъухэм, Тырку, Сирие къэралыгъуэхэм зэрадэIэ­пыкъу­ным иужь итщ. Ахъшэ ирагъэхьмэ, зыхуэныкъуэхэр, цIыхур япэу зыхуей хъу хьэпшыпхэр, ерыскъы къращэхунщ жыхуаIэу, Iэмалхэр къалъыхъуэ. Дунейпсо Адыгэ Хасэр занщIэу пэджэжащ къэхъуа Iуэхум, ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий яхуэгузэващ ди лъэпкъэгъухэм, махуэ къэси запещIэ, ядэIэпыкъун папщIэ щыIэ Iэмалхэр къегъэсэбэп. ДАХ-м къызэIуиха расчетнэ счетыр дзыхь зыхуэпщI хъуну Iэмалщи, тыдодзэ абы и реквизитхэр:
Получатель: «Международная Черкесская Ассоциация»
ИНН  0721002124
КПП  072501001
р/сч  40703810910000000308
Реквизиты банка: Банк «Нальчик» ООО
БИК: 048327741
Кор/сч  30101810700000000741  
Назначение платежа: помощь пострадавшим от землетрясе-ния
 Мы счетым ахъшэ езыгъэхьхэм +79287142799 телефоным е dahkbr@mail.ru электрон адре­сым фи цIэмрэ хэфлъхьамрэ евгъэхьыну къыволъэIу, ябжы­фын щхьэкIэ.

 

НэщIэпыджэ Замирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

30.04.2024 - 12:25

БЖЭ ЗЭIУХАХЭМ Я МАХУЭ

115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм и цIэр зезыхьэ лъахэхутэ гупым и хэщIапIэм иджыблагъэ щыхьэщIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIищым я гъэсэнхэр.

30.04.2024 - 09:03

ИТАЛИЕМ БЗЫЛЪХУГЪЭУ ИСЫМ ДАХАГЪЭКIЭ ЕФIЭКI АДЫГЭ А­НЭТ

Италием щыщ тхакIуэ,  да Винчи Леонардэ и тхы­дэмрэ лэжьыгъэм­кIэ щIэ­ныгъэлI нэхъыщхьэ Вечче Карлэ и Iэдакъэ къы­щIэкIа «Катеринэ и гуфIэкIэр: Леонардэ и анэ» романыр Налшык къалэ щагъэлэгъуащ мы

30.04.2024 - 09:03

ВИТЕБСК ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪЭГЪУЭНУЩ

Кавказым и уэрэджыIакIуэхэр хэтынущ Витебск щекIуэкIыну «Славянский базар в Витебске» лъэпкъыбэ макъамэ фестивалым. 

30.04.2024 - 09:03

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ФЫХЭТ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэлы­жьы­хьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхынущ Хэку зауэшхуэм теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф