ГУАЩЭХЭМ Я ЗЭIУЩIЭШХУЭ

Узбекистаным и щыхьэр Ташкент бзылъхугъэ мин бжыгъэ зэхуэзышэса «Узбекистан гуащэхэм я зэIущIэшхуэ» щекIуэкIащ щэкIуэгъуэм и 10-м. «Дэ щхьэ дигу къэмыкIрэ апхуэдэ зэхуэс едгъэкIуэкIыну?» - жыуегъэIэ къэрал унафэщIхэм я нэIэ щIэту зэхаша мы зэIущIэ гъэщIэгъуэным.

«Дауэ унагъуэщIэм узэрыдэIэпыкъунур?», «Гуащэм иджырей унагъуэм щиубыд увыпIэр», «Си къуэм иджы кIэлъыплъын сиIэщ», «Унагъуэр нэхъ быдэ зэрыпщIынур» - зэIущIэм къыщыпсэлъахэр утыку къызэрихьа темэхэри щIэщыгъуэ защIэт. Форумыр къызэригъэпэщащ Унагъуэмрэ бзылъхугъэхэмрэ я управленэу Ташкент дэтым. Унафэ зыIэщIэлъ къулыкъущIэхэр, щIэныгъэлIхэр, юристхэр, профессорхэр щхьэж и IэнатIэм и хьэтыркIэ къеблэгъауэ щытми, «гуащэ» псалъэм и мыхьэнэр зи гъащIэм пхымыкIа яхэтагъэнкъым абыхэм.

«Щапхъэ зытепх хъуну гуащэхэри, унагъуэм лъэпощхьэпо гуэрхэр щызышэчхэри хэтащ ди форумым, - жиIащ абы тепсэлъыхьыжа психолог Исаковэ Шоирэ. - ЗэIущIэм мурад зыхуищIыжар унагъуэр нэхъ быдэ, нэхъ зэкъуэт щIын папщIэ, япэрауэ, езы гуащэхэм я пщIэр къэIэтыжа зэрыхъунум тепсэлъыхьынырт. ЕтIуанэрауэ, абыхэм я зэран унагъуэщIэхэм емыкIын, зэрышагъащIэхэм я зэхуаку дэмыхьэн папщIэ, ды зэхэтыкIэм щыщу хъуэжын хуейхэр убзыхунырт. Иджырей гуащэхэр зэрыщытыпхъэми зихъуэжащ, аращи, куэдым я гупсысэкIэр ямыхъуэжу хъунукъым».

Къызэхуэсахэм унафэ къащтащ илъэс къэс щэкIуэгъуэм и 30-м Узбекистаным Гуащэхэм я махуэр щагъэлъэпIэну.

ЧЭРИМ Марианнэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.

08.05.2024 - 09:03

ЗИ НАПЭ ЕМЫПЛЪУ ЛЪЭБАКЪУЭ ЗЫМЫЧА

ТхакIуэ, журналист Къудей Владимир илъэс 70 ирокъу

08.05.2024 - 09:02

РАДИОМ И МАХУЭМ ТЕУХУА ТЕЛЕЧЭЩАНЭ ДЖЭГУ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэгъэгушхуэм къызэрацIыхуж телечэщанэ цIэрыIуэр Радиом и махуэм ирихьэлIэу нурыбэу къызэщIагъэблэнущ, идз нэхум хэлъ тхыпхъэхэр макъамэрэ уэздыгъэ джэгуу зэхэту яутIыпщынущ.

08.05.2024 - 08:10

ЛIЫГЪЭР ЗЫГЪЭУНЭХУАР

(Нарт тхыдэжь)

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI