ХЬЭЛЫГЪУМ И МАХУЭ

ЩIакхъуэм (хьэлыгъум) и дунейпсо махуэр (World Bread Day) щаIэт ЩIы Хъурейм тет къэралхэм я нэхъыбапIэм.

Дэнэ лъэныкъуэкIи щагъэлъапIэ шхыным гулъытэ хэха щыхуащI махуэ щыIэн зэрыхуейм теухуауэ япэ дыдэу жэрдэм къыщыхалъхьар ЩIакхъуэгъажьэхэмрэ IэфIыкIэ зыщIхэмрэ я къэрал зэхуаку зэгухьэныгъэм 2006 гъэм иригъэкIуэкIа зэхыхьэрщ. Жэпуэгъуэм и 16-м ар щIытрагъэхуар, 1945 гъэм а махуэ дыдэм ООН-м деж ЕрыскъыхэкIхэмрэ мэкъумэш хозяйствэмкIэ гуп щхьэхуэ щызэхашауэ зэрыщытарщ.  

Археологхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, ди планетэм щIакхъуэхэкIхэр япэ дыдэу ягъэжьэн зэрыщыщIадзэрэ илъэс мин 15-м щIигъу дэкIащ. АбыкIэ щыхьэтщ «лъэужь» зыбжанэу Курыт Азием къыщагъуэтыжар. Тхыдэтххэм зэрыжаIэмкIэ, а щIыпIэм щыпсэуахэм гуэдзыр зы мащIэ гуэркIэ ягъэщIытэрти, зэхэпща хъуа хукхъуэр мафIэкIэ зэщIагъэплъа мывэ пIащIэхэм тралъхьэрт...

ИщхьэкIи къызэрыщыхэдгъэщащи, мы шхыныгъуэр дэнэ щIыпIэкIи, унагъуэ щхьэхуэхэм я деж къыщыщIэдзауэ шхапIэ зыхузэфIэкIхэм я деж щыщIэкIыжу, зыпащI щымыIэм хуэдэу щагъэхьэзыр, щызэрахьэ, махуэм къриубыдэу зыбжанэрэ щызыIуагъахуэ, сытми дашх. АтIэми, ар Iэнэм къытехутэн ипэ, гъуэгуанэ кIыхь зэпызыч ерыскъыгъуэщ. Арагъэнущ, абы пщIэшхуэ щIыхуащIри.

ЩIакхъуэм (хьэлыгъум) и дунейпсо махуэм къэрал куэдым зи гугъу тщIы шхыныгъуэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэр къыщызэрагъэпэщ: шхын телъыджэм и гъэхьэзырыкIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыгъуазэ ущыхуащI зэхыхьэхэр ирагъэкIуэкI, щIакхъуэгъажьэхэм жармыкIэхэм кърахьэлIахэр щагъэлъагъуэ, щащэ...

ЛУЦЭ СулътIан.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.

08.05.2024 - 09:03

ЗИ НАПЭ ЕМЫПЛЪУ ЛЪЭБАКЪУЭ ЗЫМЫЧА

ТхакIуэ, журналист Къудей Владимир илъэс 70 ирокъу

08.05.2024 - 09:02

РАДИОМ И МАХУЭМ ТЕУХУА ТЕЛЕЧЭЩАНЭ ДЖЭГУ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэгъэгушхуэм къызэрацIыхуж телечэщанэ цIэрыIуэр Радиом и махуэм ирихьэлIэу нурыбэу къызэщIагъэблэнущ, идз нэхум хэлъ тхыпхъэхэр макъамэрэ уэздыгъэ джэгуу зэхэту яутIыпщынущ.

08.05.2024 - 08:10

ЛIЫГЪЭР ЗЫГЪЭУНЭХУАР

(Нарт тхыдэжь)

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI