Гупсысэ убзыхуа зыхэлъ къалэнхэм иужь дитыпхъэщАбхъаз къэрал университетым и ректор, профессор, физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, ЩIэныгъэхэмкIэ Абхъаз академием, ЩIДАА-м я академик Гварамие Алеко илъэс куэд щIауэ псэемыблэжу хуолажьэ къыщалъхуа и хэкум, къызыхэкIа и лъэкъым. Ауэ щыхъукIи зэи зыщигъэгъупщэркъым адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ зэрызэкъуэшыр икIи абыхэм я зэпыщIэныгъэр зэригъэбыдэным сыт щыгъуи иужь итщ. Сыхъум къэрал педагогикэ университетыр къиуха нэужь, Алеко и кандидат лэжьыгъэр 1967 гъэм - Москва, 1985 гъэм доктор лэжьыгъэр Новосибирск щыпхигъэкIащ. Ар илъэс зыбжанэкIэ щылэжьащ Германием и еджапIэ нэхъыщхьэхэм, апхуэдэуи къэрал зэхуэмыдэхэм щыIэ университет 17-м лекцэ къыщеджащ. 1989 гъэм щегъэжьауэ АКъУ-м и ректорщ. Профессорым и жыджэрагъымрэ къэрал куэдым щыцIэрыIуэ щIэныгъэлIу зэрыщытымрэ я фIыгъэкIэ абы хузэфIэкIащ Абхъазыр щытыкIэ гугъу къыщихута илъэсхэм Урысейми, нэгъуэщI къэралхэми щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэныгъэ, егъэджэныгъэ зэпыщIэныгъэхэр иухуэн. Гварамие Алеко 1992 гъэм ЩIДАА-м и академик хъуащ, вице-президенту щытащ, математикэмкIэ, механикэмрэ информатикэмкIэ къудамэм и унафэщIщ. Зи IэщIагъэм гурэ псэкIэ пэрыт щIэныгъэлIым къызэрилъытэмкIэ, щIэныгъэращ псоми гъуазэ яхуэхъур, абы хохьэ политикэри. Абы ипкъ иткIэ, щIэныгъэлIхэм, тхыдэтххэм я пщэ къыдэхуэ жэуаплыныгъэр къызэрымыкIуэу инщ. Адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ зэшщ, ар хыболъагъуэ абыхэм я щэнхабзэм, бзэм, литературэм, гъуазджэм, «Нарт» эпосым, хабзэм, нэгъуэщIхэми. А лъэпкъитIми гузэвэгъуэшхуэ ящхьэ кърикIуащ – хамэ къэралхэм икъухьа щыхъуащ. - ЩIэныгъэ, егъэджэныгъэ я лъэныкъуэкIэ абхъаз-адыгэ зэхущытыкIэр нэхъ зэпэгъунэгъу щыхъур блэкIа лIэщIыгъуэм и 80 гъэхэрщ, - жеIэ Гварамие. I989 гъэм Абхъаз къэрал университетыр куржы националистхэм зэхакъутауэ щытащ. Абы щыгъуэ къэунэхуащ Тбилиси университетым и Сыхъум къудамэ. Апхуэдэ Iуэху мыщхьэпэм лъыгъажэ кърикIуауэ зэрыщытари псоми ящIэж. А зэманым ди лъэIукIэ дэIэпыкъуэгъушхуэ къытхуэхъуауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Шэшэным щыщ егъэджакIуэхэр, Краснодар, Москва, Урысейм и нэгъуэщI къалэхэм къикIа щIэныгъэлIхэр. Абы щыгъуэ еджакIуэ къакIуэу щытащ адыгэ щIалэгъуалэри, апхуэдэ дыдэу ди щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ Кавказ Ищхъэрэм и вузхэм щеджэну Iэмал яIэт. Апхуэдэу зэпыщIа дыхъуащ ди къуэшхэмрэ дэрэ, иджы лэжьыгъэ купщIафIэ куэд зэдыдощIэ. - ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академиер, Дунейпсо Адыгэ Хасэр, Абхъаз ЩIэныгъэ академиер - ахэр ауэ сытми къызэрагъэпэщауэ аракъым. Абыхэм я къалэн нэхъыщхьэ дыдэр, сэ къызэрыслъытэмкIэ, адыгэ-абхъаз щэнхабзэ, тхыдэ дунейр хъумэным хэлIыфIыхьынырщ, ди адэжьхэм къытхуагъэна хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэным, зегъэужьыным я гуащIэ халъхьэнырщ. Ар Iуэху къызэрыгуэкIыу щыткъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, адыгэхэри абхъазхэри хамэ къэрал куэдым щикъухьащ, зэдэлэжьэну яIэ Iэмалхэр пыухыкIащ. Ауэ, пэжыр жыпIэмэ, иджыпсту дыщыпсэу зэманымрэ Урысейм къыдит хуитыныгъэмрэ фIэщхъуныгъэ къыпхалъхьэ ди мурадхэмрэ гугъапIэхэмрэ къыдэхъулIэнымкIэ. Псом япэу дызыхуэныкъуэр интеллигенцэм и къаруращ, абы къыкIэлъокIуэ лъэпкъ зэхэщIыкIыр. Ди мурадхэр къыддэхъун папщIэ гупсысэ убзыхуа зыхэлъ лъэпкъ стратегие дыхуейщ – хамэ щIыпIэхэм щыхэхэс ди лъэпкъэгъухэр лъэпощхьэпо хэмылъу адэжь щIыналъэм къитIысхьэжыфу щытыныр Iэмал зимыIэщ, экономикэм зегъэужьын хуейщ, егъэджэныгъэм и фIагъымрэ щIэныгъэ къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм я купщIэмрэ егъэфIэкIуапхъэщ. А псори къыдэхъулIэн папщIэ Iуэхугъуэ пыухыкIахэр долэжь. ЩIДАА-р къапщтэмэ, абы хэтщ адыгэ, абхъаз щIэныгъэлI цIэрыIуэхэр. Абы къищынэмыщIауэ академием и бжэхэр хузэIухащ дэлэжьэну хуей псоми. ЩIэныгъэхэмкIэ Адыгэ академием дунейпсо мыхьэнэ иIэ щыхъуар Абхъаз щIэныгъэ центрыр хыхьа нэужькIэщ. КъищынэмыщIауэ, ди щIэныгъэлIхэр жыджэру иужь итщ зыуэ щыт федеральнэ программэхэр гъэзэщIа зэрыхъунум, КъБР-м, КъШР-м, АР-м абы и лъэныкъуэкIэ дэлэжьэным. ЩIДАА-м и нэIэ щIэту дэ идогъэкIуэкI дунейпсо конференцэхэр. Абхъаз щIэныгъэ центрым хыхьэхэм ящыщщ Абхъаз къэрал университетыр. Ар УФ-м и щIэныгъэ IуэхущIапIэ 49-м ядолажьэ, абы хохьэ Кавказ Ищхъэрэм щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтхэмри. Абы ипкъ иткIэ, дэ Iэмал диIэщ ди студентхэмрэ аспирантхэмрэ нэгъуэщI къалэхэм дгъакIуэурэ лэжьыгъэм и пIалъэм щыхэдгъэгъуэзэну, ди егъэджакIуэхэм я Iэзагъым щыхагъэхъуэну, щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр, диссертацэхэр пхыгъэкIыным зэгъусэу делэжьыну. ЕхъулIэныгъэ нэхъыбэ къыпэкIуэу жыпIэ хъунущ Москва, Къэзан, Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгэ къэрал университетхэм яхудиIэ пыщIэныгъэхэм. ЩIДАА-р къызэгъэпэщынми, ехъулIэныгъэхэр иIэу къэгъуэгурыкIуэнми, псом нэхъыбэу зи гуащIэ хэзылъхьар абы и тхьэмадэ профессор цIэрыIуэ Нэхущ Iэдэмщ. Абы и цIэр япэ дыдэу щызэхэсхар 1985 гъэм си доктор диссертацэр щыпхызгъэкIа Новосибирск математикэ институтырщ. Ар абы щылажьэрт. Абы лъандэрэ дызэрыцIыхут, дызэныбжьэгъут. Абы къызэринэкIа лэжьыгъэм и инагъыр къэлъытэгъуейщ, щIэныгъэ школ куэдым и лъабжьэр зыгъэтIылъа цIыхущ ар, нобэ щIэныгъэлI цIэрыIуэ хъуа куэд иригъэджащ. Iэдэм и цIэр фIащащ математикэм хэт Iухугъуэ нэхъ гугъухэм - «Нэхущым и проблемэ», «Нэхущым и эффект», нэгъуэщIхэми. ЩIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ и закъуэтэкъым Нэхущым и гулъытэр здынэсыр. Хуабжьу цIыху гуащIафIэт. Гугъущ апхуэдэ цIыхухэр щыпхэкIыжым деж. Ди жагъуэ зэрыхъущи, лэжьыгъэ дахэ куэд зыдэтщIэу академием хэта зыбжанэ дунейм ехыжащ. ЩIДАА-м хэтащ Абхъаз Республикэм и президентхэу Ардзинбэ Владислав, Бэгъэпщ Сергей, тхакIуэ Шинкубэ Бэгърат сыми. Зэи тщыгъупщэнукъым зэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъа щIалэхэу Тембот Аслъэнбий, Къэтхъэн Мухьэмэд, ЦIыпIынэ Аслъэн, Куэблэ Екъуб сымэ. Ди гуапэ зэрыхъущи, ЩIДАА-м иджы нэхъри зеужь, Iэдэм къигъэна лъагъуэм гуащIафIэу ирокIуэ, щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэр къыхохьэ, абыхэм я япэ лъэбакъуэхэр ядеIыгъ академием. Дэнэ ущыхуэмызэр ЩIДАА-м и академикхэм – США-м, Англием, Тыркум, Израилым, Германием, Швецием, Иорданием, Голландием, Сирием, Инджылызым… КIэщIу жыпIэмэ, лъэпкъым и къэкIуэнур куэдкIэ елъытащ абы хэт щIэныгъэлIхэм, ахэращ ди зэпыщIэныгъэхэри зыгъэбыдэр.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|