АДЫГЭ НЫПЫМ И МАХУЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ 2010 гъэм щегъэжьауэ Адыгэ ныпым и махуэр мэлыжьыхьым и 25-м щагъэлъапIэ Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэм. Апхуэдэуи ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу къэралхэм адыгэ ныпым и махуэр щаIэт. БлэкIа илъэс зыбжанэм къриубыдэу мы махуэшхуэм лъэпкъ, дунейпсо мыхьэнэ иIэ хъуащ. Ар и нэщэнэщ зэгуэрым зэбгрыпхъа хъуа адыгэ лъэпкъыр нобэ нэхъ гъунэгъу зэрызэхуэхъужым, щIалэгъуалэр къызыхэкIам и тхыдэм зэрыдихьэхым.
Адыгэ ныпым и гугъу япэ дыдэ зыщIар инджылыз зыплъыхьакIуэ Спенсер Эдмундщ. «Шэрджэс щIыналъэм сызэрыкIуар» тхылъым абы къыщиIуэта гупсысэхэм тетхыхьащ адыгэ тхакIуэ Къуиикъуэ Асфар.
А гукъэкIыжхэр I839 гъэм тхылъ щхьэхуэу Лондон къыщыдэкIауэ щытащ. Япэ напэкIуэцIым щхъуэкIэплъыкIэу къыщыгъэлъэгъуа адыгэ ныпым тепсэлъыхьу, Спенсер етх: «Iэтащхьэ къэсар къезыгъэблагъэ фоч уэ макъхэр зэрыувыIэу, екIуу хуэпа зауэлI мин шууэ къытпежьэри, асыхьэтым шэрджэс щIалэ бжьыфIэ гупым дыкъаухъуреихьащ. Языныкъуэхэр къызэрыгуэкIыу, мэкъумэшыщIэхэм ещхьу хуэпат, адрейхэм Iэщэ-фащэр къакIэрылыдыкIырт. Абдежым Хъерсыс СулътIан зи цIэ тхьэмадэ махуэм къыщызэкIуэцIихащ Истамбыл къраха, Тыркум пщIэшхуэ щызиIэ пщы гуащэм IэкIуэлъакIуэу хидыкIа бэракъ дахащэр. Апхуэдизу зыщIэхъуэпс лъэпкъ бэракъыр къызэралъагъуу, а цIыху къомым я гум из хъуауэ къыщыпкI гуфIэгъуэр нэхъри щIиIэтэу джатэ мин уафэм хуэгъэзауэ дыгъэм пэлыдащ».
Адыгэ ныпым тет дамыгъэхэм къэхутакIуэхэр зэтемыхуэу топсэлъыхь. Языныкъуэхэм ар адыгэ лъэпкъ пщыкIутIым я зэкъуэтыныгъэм и дамыгъэу ябж. Адрейхэм ахэр ЩIыми, Уафэми, Псыми щыIэрыхуэ Лъэпщ и шабзэшэхэм я дамыгъэу къалъытэ. Ауэ бэракъым щIэлъ гупсысэ куум улъэIэсын папщIэ, аргуэру тхыдэм гъэзэжыпхъэщ.
Домбеякъ лъэхъэнэм хиубыдэу хьэтхэм къащIэна фэеплъхэм захуэбгъазэмэ, нэрылъагъу мэхъу адыгэ бэракъым и зэхэлъыкIэми и купщIэми адыгэ-хьэт дамыгъэхэр я лъабжьэу зэрыщытыр. Гъуаплъэм, домбеякъым, дыщэм къыхэщIыкIа хьэт дамыгъэ хъурейхэр ди эрэм и пэкIэ минитI гъэхэм щыIа Аладжэ Хъукъуэ щэнхабзэм хеубыдэ. А лъэхъэнэр археологхэм Мейкъуапэ щэнхабзэм ирапх. Абырэ Хьэт пащтыхьыгъуэм дыгъэр и лъабжьэу яIа дамыгъэ зэпрыдзымрэ тещIыхьауэ жыпIэ хъунущ XIX-нэ лIэщIыгъуэм «къагъэщIэрэщIэжа» адыгэ бэракъыр. Дыгъэм и къэухь узыIуплъэм вагъуибгъу тету дамыгъэ хъурей ирокIуэ. Ику ит къэухьым вагъуэ цIыкIуий итщ. Шабзищ зэблэдзам хьэтхэм я дамыгъэ зэбгъузэнатIэр нэхъ зэщIэкъуауэ къегъэлъагъуэ: мамырыгъэм, мэкъумэшым теухуар IуагъэкIуэтри, шабзэшэхэм я теплъэ папцIэхэмкIэ зауэм пыщIа Iыхьэр нэхъ къыхагъэщащ.
УпщIэ къоув: дауэ XIX-нэ лIэщIыгъуэм Мейкъуапэ щэнхабзэмрэ анадолэрыс алыджхэм я IэдакъэщIэкIхэмрэ зэрызэлъэIэсар? Абы и жэуапыр тхыгъэжьхэм къыбжаIэфынущ. Псалъэм папщIэ, XX-нэ лIэщIыгъуэм къагъуэтыжа Кархемих къраха гъущIым тетхам къраджыкIащ «атхэмрэ хьэтхэмрэ Кавказ Ищхъэрэм икIыу Азие ЦIыкIум зэрыIэпхъуар». КъищынэмыщIауэ, Псыкупсэ къыхэлъадэ Хьэтыпс деж къыщагъуэтыжащ кхъуэщынхэм я убыдыпIэм тегъэуа мейкъуапэ-хьэт дамыгъэхэр.
Лъэпкъ псом къызэдащтауи, лIакъуэ щхьэхуэ-щхьэхуэуи адыгэхэм нып зыбжанэ зэрахьауэ къыхощ тхыдэм. Ауэ псом нэхърэ нэхъ лъапIэу къанэр адыгэхэм I830 гъэм къаIэта, я Хэкур щахъумэжым зи лъабжьэ щIэува ныпращ. Ноби адыгэхэм къытпэщылъщ дызэкъуэувэн зэрыхуей къалэнышхуэр. Аращ вагъуэ пщыкIутIрэ шабзэ зэблэдзаищрэ зытет бэракъ удзыфэм и пщIэр ди зэманми щIэиныр.
Иужьрей илъэс 20-м адыгэ бэракъыр Кавказым исхэми хэхэс адыгэхэм я дежкIи лъэпкъ дамыгъэ нэхъыщхьэ хъуащ. Нобэ ар щыдолъагъу автобусхэм, щыгъынхэм, сыхьэтхэм, нэгъуэщI куэдми къыкIэрыщу. А бэракъыр щамыIыгъ зы адыгэ хьэгъуэлIыгъуи екIуэкIыркъым.
А ныпым и дахагъымрэ гуакIуагъымрэ щызыхэпщIэр УФ-м и хэгъуэгухэм я япэ дамыгъэр зезыхьэ Адыгэ Республикэращ. Къэрал IуэхущIапIэ нэхъыщхьэхэм я унащхьэхэм щохуарзэ республикэм и къэрал ныпыр – адыгэ бэракъыр.

НэщIэпыджэ Замирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ