ЩыIахэр къыдагъэщтэж

«Дружба» (Мейкъуапэ) - «Спартак-Налшык» (Налшык) - 1:0 (0:0). Мейкъуапэ. «Дружба» стадион. Мэ­лыжьыхьым и 23-м. ЦIыху 500 еплъащ. 

Судьяхэр: Привалов, Ежак (тIури Сочэ щыщщ), Габагков (Владикавказ). 
«Дружба»: Хьэшыр Т., КIыщ, Далий, Кириленкэ, Мэкъуауэ (Васильев, 70), Пекъу, Багъэтыр, Уэрэзей (Гъыш, 70), Къурашын (Iэшэ, 40), Делэкъу (Крылов, 80), Къуэн.
«Спартак-Налшык»: Антипов, Белоусов, Шумахуэ И., Сындыку, КIэдыкIуей (Жангуразов, 58), Ольмезов, Хьэшыр А., Масленников, Дэхъу (ХъутIэ, 78), Торосян (Ульбашев, 86), ЛIуп.
Топыр дигъэкIащ Iэшэм, 52 -пенальтикIэ (1:0).
28-нэ дакъикъэм ЛIупым пенальтир худэгъэкIакъым.
Дагъуэ къыхуащIащ КIэ­ды­кIуейм, Далийм, Шумахуэ И., Ольмезовым, Хьэ­шыр А., Пекъум, Василье­вым, Iэшэм, Хьэшыр Т., Крыловым, КIыщым, Сындыкум.
Джэгум къыхахуащ Кры­ловыр (82-нэ дакъикъэм).

Урысей Федерацэм ­футболымкIэ и етIуанэ диви­зионым и Япэ гупым ще­кIуэкI зэхьэзэхуэм и тIощIрэ ебланэ джэгугъуэм хыхьэу щэбэт кIуам «Спартак-Налшыкыр» Мейкъуапэ щыIущIащ абы и «Друж-ба»-м. Зэхьэзэхуэм и турнир ­таблицэм и иужьрей увы­пIэхэм къыщыувыIа хэгъэ­рейхэмрэ мы гъэ джэгу­гъуэм зэрыщIидзэжрэ зэи хузэфIэмыкIауэ тхьэмахуэ блэкIам япэ текIуэныгъэр щызыIэрызыгъэхьа налшыкдэсхэмрэ я зэпэщIэ­ты­ныгъэр хуэм дыдэу къы­щIидзащ. Командэхэм ­къы­­зэрагъэпэщыну хэт ­ебгъэрыкIуэныгъэхэр и къ­е­жьа­пIэм щыужьыхыжырт е я хьэрхуэрэгъухэм къызэ­паудырт. 
Япэу гъуэм нэхъ пэгъу­нэгъу хъуар хэгъэрейхэращ. Етхуанэ дакъикъэр екIуэ-кIыу Антиповым и штрафнойм хуэкIуэ «Дружба»-м и футболистыр ди щIалэхэм хабзэм къемызэгъыу къагъэувыIащ. Штрафнойр зыгъэзэщIа Къуэным топыр гъуэм ищхьэкIэ игъэкIуащ. 
КъыкIэлъыкIуэ ебгъэры­кIуэныгъэри къызэзыгъэпэщар мейкъуапэдэсхэращ. Нэ­хъапэми хуэдэу, ди щIалэхэм яIэщIэщIа щыуагъэм штрафной кърикIуащ. Иджы топым ди гъуащхьэхъумэхэм кърагъэгъэзащ. 
Хуэмурэ екIуэкI джэгум зэхьэрхуэрэгъухэм набдзагубдзаплъагъэр яфIигъэ­кIуэда хуэдэт. ЩытыкIэр япэу къигъэсэбэпыну мурад ищIащ ЛIупым. «Дружба»-м и гъуащхьэхъумэхэм яIэ­-щIэ­кIыу штрафнойм ихьа налшыкдэсхэм я гъуащ­хьауэр, хабзэр къызэпауду фIэкIа хэгъэрейхэм къахуэгъэувыIакъым - пенальти! Еуэну бгъэдыхьа ар къэзы­лэжьа ЛIупым и мурадыр и кIэм нэс хуэгъэзэщIакъым. Гъуэм и пкъом пэгъунэгъуу дигъэкIын игугъа топыр зымащIэкIэ блэлъэтащ. 
«Спартак-Налшыкым» къемы­хъулIа пенальтир къыу­мылъытэмэ, зэпэщIэ­ты­ныгъэм, нэхъапэми хуэ-дэу, жыджэрагъ хэлътэкъым. Командэхэм гулъытэ нэхъыбэ зыхуащIыр зыхъу­мэжыныгъэрат. 
ЗэIущIэм и япэ Iыхьэм и кIэух дакъикъэм ирихьэлIэу ди щIалэхэм угловой къыхатащ. Абы хэту топыр къызы­Iэрыхьа ЛIупым IэмалыфI иIащ бжыгъэр къызэIуихыну, ауэ ар щхьэкIэ зэуа топыр «Дружба»-м и гъуащ­хьэтет Хьэшырым къищтащ. 
Загъэпсэхуу къихьэжа нэужь зэхьэрхуэрэгъухэр нэхъ жан къэхъуащ. Абы ­кърикIуащ хэгъэрейхэм я ебгъэрыкIуэныгъэ шына­гъуэри. Ди штрафнойм щихьэм топыр къызыIэрыхьа «Дружба»-м и футболистыр налшыкдэсхэм я гъуащхьэхъумэм ириудащ. Хабзэр къызэпаудауэ къэзылъыта судьям метр 11-мкIэ игъэ­лъэгъуащ. Апхуэдэ унафэмкIэ и мыарэзыныгъэр жы­джэру къэзыгъэлъэгъуэну хуежьа Шумахуэм судьям дагъуэ къыхуищIащ. 
Пенальтир игъэзэщIэну топым бгъэдыхьащ япэ Iы­хьэм и кIэух дакъикъэхэм джэгум къыхыхьа Iэшэм. НэхъапэIуэкIэ ЛIупым къе­мы­хъулIар хэгъэрейхэм я гъуащхьэхъумэныкъуэм дагъуэншэу хузэфIэкIащ - 1:0. 
ЩытыкIэр псынщIэ дыдэу ягъэзэкIуэжыну ипэкIэ кIуэта «Спартак-Налшы­кым» и ебгъэрыкIуэныгъэ­хэм хуэфэщэн кIэух ира­гъэгъуэтыфыртэкъым - ахэр зэуэ топыр гъуэм блэ­лъэ­тырт е «Дружба»-м и гъуащ­хьэхъумэхэм ебгъэры­кIуэ­ны­гъэр къызэпаудырт. Ап­хуэ­диз зыхъумэжыныгъэр хэгъэрейхэми щыуагъэн-шэу ирагъэкIуэкIыфыртэкъым - хабзэр къызэпаудурэ ди щIалэхэр штрафной ­еуэ­ну Iэмал зыкъомрэ къахукъуэкIырт. 
Зэхьэзэхуэм и кIэм нэблэгъауэ мейкъуапэдэсхэм аргуэру хабзэр къызэпаудащ. Дакъикъэ зыбжанэ ипэкIэ зэIущIэм къыхыхьа Крыловым ди щIалэхэм ящыщ зы ириудащ. Судьям дагъуэ къызэрыхуищIамкIэ мыа­рэ­зыуэ къемызэгъыу зызыщI а щIалэр джэгум къыхаху­ху увыIакъым. 
Тхьэмахуэ ипэкIэ джэгукIэ дахэ къагъэлъагъуэу япэ текIуэныгъэ къэзыхьа «Спартак-Налшыкыр» ди къуэшхэм къыхагъэщIауэ зэ­пэщIэтыныгъэр иухащ. Хьэлэмэтращи, налшыкдэсхэм я тренер нэхъыщхьэу Биджиев Хьэсэнбий и пэкIэ лэжьа КIэбышэ Зауррэ         Шакъ Ашэмэзрэ ар иужь ­лъэхъэнэм къыхагъэщIащ. Гъатхэпэм и 27-м 3:1-уэ къытекIуащ Налшык щыхьэщIа КIэбышэр зи пашэ Псы­хуабэ и «Мэшыкъуэ-КМВ»-р. Щэбэт кIуам Мейкъуапэ къыщефIэкIащ Шакъыр зи тренер нэхъыщхьэ икIи «Спартак-Налшыкым» хэ­кIыжа щIалэ зыбжанэ зыхэт «Дружба»-р. Абыхэм къагъэлъагъуэ хъуэжыкIафIэ ды­зэрымыхъуар икIи нэхъапэм я лэжьэкIэмкIэ мыа­рэзыуэ трагъэкIа гъэса­кIуэхэр нобэрейхэм къыдагъэщтэжащ.
 ТIощIрэ ебланэ джэгу­гъуэм и адрей зэIущIэхэм мыпхуэдэ бжыгъэхэр къарикIуащ: «ТIуапсы» (ТIуапсы) - «Динамо» (Ставрополь) - 2:1, «Кубань-Холдинг» (Новокубанск) - «Легион Динамо» (Мэхъэчкъалэ) - 1:0, «Анжи» (Мэхъэчкъалэ) - «Чайка» (Песчанокопскэ) - 3:6, «Форте» (Таганрог) - «Биолог-Новокубанск» (Прог­ресс) - 2:2, «Алания-2» (Владикавказ) - «Мэшы­­къуэ-КМВ» - 1:1, «Ротор-2» (Волгоград) - «Черноморец» (Новоросийск) - 0:5, «Динамо» (Мэхъэчкъалэ) - «ЕсэнтIыгу» (ЕсэнтIыгу) - 5:0.
КъыкIэлъыкIуэ зэIущIэр ди щIалэхэм Налшык щрагъэкIуэкIынущ. Мэлы­жьы­хьым и 30-м абыхэм кърагъэблэгъэнущ Владикавказ и «Алания-2»-р. 

Жыласэ  Замир. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ