ЛIыхъужьым и фэеплъ зэIущIэ

Налшык дэт «Гладиатор» универсальнэ спорт комплексым щекIуэкIащ «Сос­налы СулътIан и мемориал» зыфIаща бэнэкIэ хуитымкIэ матч зэIущIэ. Ар хуэгъэпсауэ щытащ зауэлI цIэрыIуэр къызэралъхурэ илъэс 80 зэрырикъум.

Абхъаз Республикэм ­зыхъумэжыныгъэмкIэ и ­министру щыта, Абхъазым и ЛIыхъужь Сосналы Сулъ­тIан и юбилейм ирихьэ­лIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуащ ди къуэш рес­публикэм къикIа бэнэкIэ хуи­тымкIэ спортсмен щIалэщIэ командэмрэ Республикэм и Парламентым и ­вице-спикер Авидзбэ Фазлибей зи Iэтащхьэ гупым-рэ. 
Фэеплъ зэхыхьэр къыщы­зэIуахым матч зэIущIэм ­хэтхэмрэ хьэщIэхэмрэ псалъэ гуапэхэмкIэ захуигъэзащ КъБР-м спортымкIэ министрым и къуэдзэ Хэжь Заур. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и хьэщIэхэм къабгъэдэкIыу зэхыхьэм къыщыпсэлъащ Авидзбэ Фазлибей. Абы къызэхуэсахэм яхуиIуэтэжащ абхъаз лъэпкъым я ­хуитыныгъэр яхъумэ­жы­нымкIэ бэнэныгъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къикIахэм лIыхъужьыгъэ щызрахьар. Гупым и пашэм щхьэхуэу къыхигъэщащ щхьэхуитщIыжыныгъэм хуэу­нэтIа зауэм Сосналы СулътIан увыпIэшхуэ зэрыщиIыгъам икIи абы теухуауэ Абхъаз Республикэм и президент Бжание Алъэн и тхыгъэм къеджащ. 
Зэхыхьэм хэтащ генерал хахуэм къулыкъу къы­дэзы­щIа­хэмрэ и унагъуэм щыщхэмрэ, хабзэгъэув, гъэзэщIакIуэ влас­тым и лIыкIуэхэр, зэкъуэш республикэхэм я ветеран, спорт зэгу­хьэ­ныгъэхэм щыщ­хэр. Ахэр спорт­сменхэм ехъуэ­хъуащ зэIущIэ дахэ удэ­зыхьэх къагъэлъэгъуэну. 
Налшык щекIуэкIа фэеплъ зэIущIэм къеблэгъа хьэщIэ лъапIэхэм яхэтащ Абхъазым спорт бэнэкIэмкIэ и федерацэм и президент, Урысей Федерацэм, Европэм, дуней псом зыбжанэрэ я чемпион, 2012 гъэм екIуэкIа Олимп Джэгухэм домбеякъ медаль къы­щызыхьа, иджыпсту зи ныбжьыр илъэс 16 иримыкъуахэм бэнэкIэ хуитымкIэ я урысейпсо командэ къы­хэхам и тренер нэхъыжь Царгуш Денис. 
Генерал Сосналым теухуа документальнэ фильмыр къагъэлъэгъуа нэужь зэ­пеуэхэм щIадзащ. 
Фэеплъ зэхьэзэхуэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Налшык къалэм, Абхъазым я командэ къыхэ­хахэр. Иджы етIуанэу екIуэкI зэIущIэм и саугъэт нэхъыщхьэхэм щIэбэнащ зи ныбжьыр илъэс 14-17-м ит  я хьэлъагъ елъытауэ гуп 11-у гуэшауэ щыта спорт­сменхэр. 
ЗэпэщIэтыныгъэ гуа­щIэ­хэм пашэныгъэр щиубыдащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ къыхэхам. Абы къакIэлъокIуэ нал­шык­дэсхэр. ХьэщIэхэр еща­нэщ. 
ТекIуахэмрэ къыхэжа­ны­кIахэмрэ ягъэпэжащ гра­мотэхэмкIэ, кубокхэмрэ медалхэмкIэ. Къищы­нэ­мыщIауэ, абыхэм иратащ генералым и щхьэгъусэ ­Сосналы Любовь игъэува ахъшэ саугъэтхэр. 

Къэхъун  Бэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ