Адэжь щIэину Адыгэ нып!

Мы гъэм илъэс 23-рэ мэхъу­ри мэлыжьыхьым и 25-м ди лъэпкъэгъуу дунейм тет псоми догъэлъапIэ Адыгэ ны­пым и махуэр.

Лъэпкъыр зэкъуэзыгъэувэ нэщэ­нэхэм ящыщ зы хъуа­ ныпым и махуэм теухуа гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр дыгъуа­-сэ щекIуэкIащ ди республикэм. Апхуэдэхэм ящыщщ Нарткъалэ дэт курыт школ №2-м (унафэщIыр Шыбзыхъуэ Иннэщ) къыщызэрагъэпэща дауэдапщэхэр. 
Школ пщIантIэм пщэдджыжьым жьыуэ къеуэн щыщIэзыдза адыгэ макъамэхэмрэ ди лъэпкъым, абы и тхыдэм, къыдекIуэкI хабзэм, нэмы­сым, ныпым ятеу­хуа усэхэмрэ махуэшхуэм хуэкIуэ гукъыдэж къаритащ егъэджакIуэхэми, еджакIуэ цIыкIухэми, махуэшхуэм и хьэщIэ лъапIэхэми. Iуэхум пызыщэт адыгэбзэр школым щезыгъэджхэм а махуэм ята дерс зэIухахэр, ирагъэкIуэкIа викторинэ­хэр, флэшмобхэр. Ахэр къы­зэ­рагъэ­пэщат Къардэн Хуэ­мей, Жыласэ Заремэ, Що­джэн Заретэ, Вэрыкъуэ Iэминат, Хьэмгъуокъу Лейлэ, Къурашэ Эммэ, Къущхьэ ФатIимэ, нэгъуэщIхэми. 
- Дунейм тет лъэпкъ псоми езыхэм я дамыгъэ, адрейхэм къазэры­щхьэщыкI нагъыщэ яIэжщ. Апхуэдэ-хэщ бзэр, хабзэр, дуней тетыкIэр, ныпыр, - жеIэ егъэ­джэныгъэ-гъэ­сэныгъэ IэнатIэм илъэс куэд лъандэрэ хьэлэлу пэрыт, школым и егъэджакIуэ нэхъыжьхэм ящыщ Къардэн Хуэмей. - Адыгэм теухуауэ жыпIэмэ, псоми дощIэ илъэс куэд щIауэ къыддэ­гъуэгурыкIуэ ныпыр. Абы тет шабзэхэм, вагъуэхэм мы­хьэнэ куу яIэщ. Ахэр адыгэ лъэпкъым и Iэпкълъэпкъ ­12-м хуокIуэ. Ны­пыр щIэу­дзыфэми жэуап иIэщ: адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ дыкъэзыухъу­ре-  ихь дунейм пщIэ хуащIу щытащ. Дунейм и беры­чэтым, мамырыгъэм я нагъыщэ нэхъыщхьэр удзыфэ­ращ. Арауэ жаIэ ныпыр щIэу­дзыфэр.
Апхуэдэу дерс зэIухар зыубла  егъэджакIуэм и псалъэм къыпащэу, ныбжьы­щIэ­хэр тепсэлъыхьащ  Ады­гэ ныпым и махуэм и тхыдэм, а лъэпкъ нэщэнэм тет шабзэхэмрэ вагъуэ­хэмрэ я мыхьэнэм, уэрэдхэр жа­Iащ, усэхэм къеджащ. 
- ЩыIащ адыгэ лъэпкъыр щаIэтаи, и цIэр ину щыIуаи, апхуэдэ къабзэу гугъуехь мымащIи илъэгъуащ, нэ­щIэбжьэ куэди игъэныщ­кIуащ. Апхуэдиз зи нэгу щIэкIа адыгэ лъэпкъым др­и­щIэб­лэщ. Дэ абы дригушхуэн ­хуейщ, адэкIэ гъащIэм пытщэну ди пщэм къы­далъхьащи, - жаIэрт ныб­жьы­щIэхэм. - Хэкум, лъэп­къым я напэм хуэфащэу дывгъэпсэу! Нобэ дгъэ­лъапIэ адыгэ ныпми хъуэ­хъуу    хужаIэр Тхьэм кърипэс! Усэ сатырхэм зэрыщыжыIауэ, «Адыгэ ныпыр дыгъэм пэ­лыдрэ, Кавказ къуршы­жьыр къыпэлыдыжу, уафэм дэтхьеймэ - ди Шыхулъа­гъуэу, щIылъэм къетхьэхмэ - ди ­гъуазэу», мамырыгъэм дри­телъхьэу дызэдэвгъэп­сэу.
ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэр махуэшхуэ джэгукIэ яухащ. Адыгэ ныпыр хуарзэу къащхьэщыту, утыкур ягъэбжьы­фIащ егъэджакIуэхэми абыхэм я гъэсэн ныбжьыщIэхэми. 
ГъащIэм и фэу нып щхъуан­­тIа­фэу, шабзэши­щыр зи дыща­фэм зэкъурегъэувэ лъэп­къым и цIыху псори! 

ТАМБИЙ Линэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ