Мамырыгъэм и телъхьэу

Урысейм и Профсоюз щхьэхуитхэм я федерацэм Накъыгъэм и 1-р гъэ­лъэпIэным ехьэлIауэ къыхилъхьа урысейпсо автозэдэжэм хэтщ Къэ­бэрдей-Балъкъэр щIыналъэри. 

Дыгъуасэ автомашинитху щрагъэжьащ Къэ­бэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 щри­къум и ­цIэр зэрихьэу Налшык къалэм иIэ утым. Ахэр Псыхуабэ деж щахыхьэжынущ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм икIынухэм икIи зэгъусэу Москва и Ут плъы­жьым екIуэлIэнущ. А Iуэхум теу­хуа пэкIум хэ­тащ КъБР-м и Проф­союзхэм я зэгу­хьэныгъэм и унафэщI Амщокъуэ ФатIимэт, ­УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Геккиев Заур, КъБР-м IуэхущIапIэхэм ­ядэ­­­лэжьэнымрэ лъэпкъ Iуэху­хэмрэ жылагъуэ  проектхэмкIэ и министр ­КIу­рашын Анзор, егъэ­джэ­­­ныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуа­лэм я IуэхухэмкIэ и ­министрым и къуэ­дзэ ­Мокаев Ашэ­мэз, Налшык къалэм и щIыпIэ адми­нистрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз, ­КъБР-м Зауэм, лэ­жьыгъэм, IэщэкIэ Зэ­щIэу­зэда Къарухэм, хабзэ­хъумэ IэнатIэхэм я ветеранхэм я советым и уна­фэщI Шыхъуэбахъуэ Му­хьэмэд, депутатхэр, жы­лагъуэ лэ­жьакIуэхэр, во­лонтёрхэр.
- Мамырыгъэм, Лэжьыгъэм папщIэ! Нацизм ­щы­мыгъэIэным дрителъ­хьэщ!  Апхуэдэ гупсы­сэ-хэр и лъабжьэу, Урысейм и Профсоюз щхьэ­хуитхэм я федерацэм мы Iуэхур къызэригъэпэщащ, - къыхигъэщащ Амщокъуэ ФатIимэт. - ЦIыхум я гуа­щIэдэкIыр, Урысейм и дзэмрэ ди къэралым и Президент Путин Владимиррэ я Iуэху бгъэ­дыхьэкIэхэр ядэ­тIы­гъы­ныр ди къалэнщ. Къыхэгъэщыпхъэщ, проф­­союзхэм я урысейпсо ав­т­озэдэжэр накъыгъэ махуэшхуэхэм зэры­теу­хуар. Иджыпсту къэрал псом щекIуэкI мып­хуэдэ Iуэхугъуэхэм хэтщ профсоюзым и пашэ минхэр. Ди жэрдэмыр щIыналъэ унафэщIхэми къыддаIыгъ. Илъэс къэс Накъыгъэм и 1-м дытеп­сэлъыхь хабзэщ цIыхухэм я улахуэр гъэтэмэмын, лэ­жьыгъэ IэнатIэщIэхэр къы­зэгъэпэщын зэры­хуейм, къулейсызыгъэ щы­мыгъэIэным. Ауэ нобэ жытIэну дызыхуейр цIы­ху­хэр мамыру лэжьэну, нацизм щымыIэу псэуну зэ­рахъуэпсапIэрщ.
Профсоюзхэм я урысейпсо автозэдэжэр мэлы­жьыхьым и 12-м щрагъэжьащ Владивосток. Абы хэтхэр накъыгъэм и 1-м - ГуащIэ­рып­сэухэм  я махуэм - ирикIуэнущ    ди щыхьэрым и Ут плъыжьым.
Шыхъуэбахъуэ Мухьэ­мэд жиIащ Урысейм ­ид­жыпсту Украинэм щри­гъэ­кIуэкI Iуэхухэр дэ­Iыгъыным, ди зауэлIхэм я гур фIы яхуэщIынымрэ за­щIэгъэкъуэнымрэ ехьэ­лIа куэд къэрал псом зэрыщекIуэкIыр, абыхэм мы­хьэнэшхуэ зэраIэр. «Мыпхуэдэ Iуэхугъуэхэм икъукIэ уагъэгушхуэ. Псом хуэмыдэу абы къегъэлъагъуэ ди цIыхубэр зэрызэкъуэтыр. Дызэ­гъусэу нацизмыр дымыгъэкIуэдмэ е абы лъабжьэ едгъэщIмэ, Хэку зауэш­хуэм щыгъуэ зи гъащIэр зытахэм ящIар псыхэ­кIуадэ хъуауэ убж хъунущ. Нобэ Украинэм щыIэ ди щIалэхэм дазэрыкъуэтыр захедгъащIэмэ, шэч хэ­мылъу, нэхъ тегушхуэнущ, текIуэныгъэр къахьынущ». 
- Ди ныбжьэгъу лъапIэ­хэ! Илъэс 77-рэ и пэкIэ ди Хэкум игъэкIуэдауэ щытащ нацизм шынагъуэр. Аращи, нобэ аргуэру ­къедгъэгъэзэж хъунукъым гуауэ, нэпс, зэбииныгъэ къэзыхь а Iуэху­гъуэм. Абы щхьэкIэ Iэмал псори къэдгъэсэбэпын ­хуейщ. IэщэкIэ зэщIэузэда ди къарухэр Донецк, Луганск республикэхэм щыIэщ. Абыхэм, дауи, яхэтщ ди цIыхугъэ, Iыхь­лы, ныбжьэгъу куэд. Аращи ди къалэнщ IуэхукIи псалъэкIи защIэдгъэкъуэну. Дэ мамырыгъэм дри­телъхьэщ! - жи­Iащ Мокаев Ашэмэз.
- Тхыдэм уриплъэжмэ, зэ­ман-зэманкIэрэ цIыхур гъэунэхупIэ зэпымыууэ ихуэу къекIуэкIащ: Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм ди адэшхуэхэр псэемыблэжу фашизмэм пэщIэтащ, Аф­ганистаным щызэуащ, ди адэхэр терроризмэм ебэнащ, иджы нобэрей щIэблэр Украинэм ще­кIуэкI залымыгъэм пэ­щIэтщ. Ауэ адэкIэ дыхуейт мып­хуэдэ Iуэхугъуэхэр тхылъ­хэм иратха мыхъу­мэ, къэ­кIуэну щIэблэм я нэгу щIэмыкIыну. Украинэм къыщекIуэкI зэпэ­щIэ­тын­ы­­гъэм къыдэкIуэу, а Iуэ­хугъуэхэм пцIы халъхьэу хъыбархэр зэбграгъэкIын зэрыщIадзами ды­щы­гъуазэщ. Апхуэдэ хъыбархэр нэхъыбэу къы­зыIэ­ры­хьэр щIалэгъуа­лэращи, абы­хэм гулъытэ хэха яхуэтщIыпхъэу къы­­золъы­тэ, Iуэхум и пэ­жыпIэр яху­зэхэгъэкIын папщIэ, - жи­Iащ «Налшык къалэм и щIалэгъуалэм я зэгу­хьэ­ныгъэ» IуэхущIапIэм и уна­фэщI Сурковэ Екатеринэ. 
БАГЪЭТЫР Луизэ.
Сурэтхэр
Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ