КОМАНДЭ КЪЫХЭХАМ ИРАГЪЭБЛАГЪЭ

Налшык дэт Универсальнэ спорт комплексым щекIуэкIащ зи ныбжьыр илъэс 2I-м фIэмыкIахэм тхэквондомкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы и саугъэтхэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэ 49-м къикIа спортсмен 405-рэ.
Зэхьэзэхуэм и япэ махуэм утыкум къихьа ди лъэпкъэгъу Бекъул Миланэ зи хьэлъагъыр килограмм 46-м нэблагъэхэм я гупым псоми щефIэкIащ икIи дыщэ медалыр зыIэригъэхьащ. Илъэсыр къызэрихьэрэ мы ехъулIэныгъэр Миланэ и дежкIэ етIуанэ текIуэныгъэщ.
КъыкIэлъыкIуэ махуэм кIэух зэIущIэм щызэхуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спорстменитI. Зи хьэлъагъыр килограмм 54-м нэблагъэхэм я финалым пашэныгъэр щиубыдащ Щокъуий Ислъам, Дыжьын медалыр къылъысащ Багъ Идар. КъищынэмыщIауэ, къыщыхах зэIущIэхэм къыщигъэлъэгъуа зэфIэкI лъагэхэм япкъ иткIэ Щокъуийм игъэзэщIащ Урысей Федерацэм спортым и мастерым и мардэр.
Урысейм щIыхь зиIэ и тренер Ахъмэт Амир и гъэсэн зи цIэ къитIуахэр къэралым и командэ къыхэхам хагъэхьащ. Мыгувэу абыхэм зэхьэзэхуэ инхэр къапоплъэ.

Мэзкуу Къан.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ