ТУТНАКЪХЭМ Я ХУИТЫНЫГЪЭХЭР КЪЫЗЭПАМЫУДЫН ПАПЩIЭ

КъБР-м и прокуратурэм къудамэ хэха иIэщ щIэпхъаджагъэ зыщIэу суд унафэкIэ тезыр зытралъхьахэм ар щрагъэпшыныжкIэ къэрал законхэр гъэзэщIа зэрыхъум, щхьэхуимытхэм я хуитыныгъэхэр къызэпамыудыным кIэлъыплъу. Абы и унафэщI Къуэкъуей Артик яIущIащ Урысей ФСИН-м и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм хыхьэ IэнатIэхэм я унафэщIхэм я къуэдзэхэм.

ЗэIущIэм щызэпкърахащ ахэр я лэжьыгъэм зыщыхуэзэ щытыкIэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Къапщтэмэ, зи къуаншагъэр къызыгурыIуэжа тутнакъхэу гъуэгу захуэм теувэжахэр, хабзэм афIэкIа емыбэкъуэну къалъытэхэр къэутIыпщыжыным е щхьэхуимыту щаIыгъыну хуагъэува зэманым щыщу къахуэнэжа тезырыр нэхъ щабэкIэ яхузэхъуэкIыным ехьэлIауэ щыIэ хабзэхэр.
ЯгъэтIысар тутнакъэщым щыщаIыгъын хуей пIалъэр имыух щIыкIэ, ар хабзэ хэхам тету псэуну хуагъэуву, хуит къэщIыжыным теухуа Iуэхум судыр щыхэплъэкIэ зыIууэ гугъуехьхэми и гугъу щащIащ зэIущIэм. Къуэкъуейр тепсэлъыхьащ апхуэдэхэр къэмыгъэхъун папщIэ щыIэ хэкIыпIэхэм икIи хеящIэхэм хуагъэхьыну тхылъхэр тэмэму гъэхьэзырыным теухуа чэнджэщхэри, зэIущIэм хэтхэр зыщIэупщIахэм я жэуапхэри яритащ.

 

ЗЭБАР Мадинэ, КъБР-м щыIэ УФСИН-м и пресс-IэнатIэм и унафэщI.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ