ДАХАГЪЭР ЗИ IЭРЫКIХЭР

Налшык и къалэкумрэ абы и Iэхэлъахэмрэ япэу зыкъэзыIэта удзыр къыщах. Иджырей техникэхэмкIэ къызэгъэпэща коммунальшикхэр щолажьэ Хъурэным и уэрамым хуэзэ лъэс зекIуапIэщIэм, Дэшхуей хадэм, ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм, Балъкъэр драмэ тетрым и Iэхэлъахэм.

Удзыр пыгъэщхъуным хуащIа трактор цIыкIухэр жыг здэщымыт нэхъ щIыIэнэщI хуитхэм щохэ, жыг щIагъхэр Iэрыгъэлажьэ электрокосилкэхэмкIэ щIагъэкъэбзыкIри, удз щхъуантIэр занщIэу Iуаш.

Накъыгъэр къэмысу коммунальщикхэм зэщIагъэкъэбзэнущ къалэм и уэрамыбгъухэри скверхэри. Гъатхэм дызэрытехьэрэ фэтэр унэ зэтетхэм я пщIантIэхэми лэжьыгъэр щызэпыуркъым. БжэIупэ удз гъэкIыпIэхэм ящыщ куэдыр узыпхымыплъыфу жыг къуацэхэмрэ щхъуантIагъэ дэжейхэмрэ ясеят. Апхуэдэ щIыпIэхэр щагъэкъэбзащ Лениным и проспектымрэ Къэрэшей уэрамымрэ я зэхэкIыпIэм пэмыжыжьэ лъэс зекIуапIэм, Хъураным, ПащIэм я уэрамыбгъухэм.

КъалэщIыб лэжьыгъэхэри зэпыуркъым. Осетинскэ, КIыщокъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамхэм хуэзэ Налшыкыпс Iуфэм мы махуэхэм щыхасащ ди дежкIэ щIэщыгъуэ дыдэ жыг лIэужьыгъуэу щэщI. Ахэр я теплъэкIэ зэрыдахэм имызакъуэу, щIэхи хохъуэ - зы илъэсым хуэзэу сантиметр 15-кIэ. ЗэрыжаIамкIэ, етIанэгъэ нэхъ фIимышу псы Iуфэр къэщIэрэщIэнущ. Абыхэм я зы лIэужьыгъуэ «Iэдэм и жыг»-кIэ зэджэм и гъэгъа къудейр мазэрэ ныкъуэкIэ мыгъуэлэжу пытщ, тхьэмбылыфэрэ хужьу зэхэт и гъэгъахэм къапих мэ гуакIуэм бжьэ цIыкIухэр уэру ирашалIэ, абы къыхащIыкI фор хущхъуэгъуэ зыхэлъ нэхъыфIхэм хабжэ.

Жыгым къыпих хьэуаращи, тхьэмбылыр егъэкъабзэ, цIыхум и узыншагъэмкIи сэбэпышхуэу къалъытэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрыр къызэрыунэхурэ илъэси 100 зэрырикъум ехьэлIауэ къыхалъхьа «Гуапагъэм хуэгъэпса Iуэхуищэ» лъэпкъ проектым хиубыдэу ди щыхьэрым и щIыпIэу 7-м жыгыщIэхэмрэ щхъуантIагъэхэмрэ куэду щыхасэнущ.

Лэжьыгъэхэр зэкъуэту кърахьэлIэ «Экологистика» ООО-рэ Налшык къалэ администрацэмрэ.

ЛЪОСТЭН Музэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

01.05.2024 - 10:01

ДАХАГЪЭ КЪЭЗЫГЪЭЩI

Дунейм къафэ лIэужьы­гъуэу тетым я махуэшхуэр мэлы­жьыхьым и 29-м ягъэ­лъапIэ. Къафэм и дунейпсо махуэр гъэлъэпIэн жэрдэмыр ЮНЕСКО-м КъафэмкIэ и советым 1982 гъэм къыхилъхьауэ щытащ.

01.05.2024 - 09:03

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭМ И ДАМЫГЪЭ

Ярославль щекIуэкIащ лъэпкъ гъуазджэхэмкIэ «Ритмы Кавказа» IV лъэп­къыбэ фестивалыр. 

01.05.2024 - 09:03

ХЭКУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ТЕУХУАЩ УЭРЭДХЭР

Музыкэ къэрал театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки-2024» фестиваль-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. Сабийхэм ар къы­хузэрагъэпэщащ Суд приставхэм я федеральнэ къу­лыкъущIапIэм.

01.05.2024 - 09:03

ГЪАТХЭМЭ КЪАПЕХ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хы­-хьэу яухуа гъуазджэ гале­реем зэуэ щагъэлъагъуэ республикэм и художникибгъум я

01.05.2024 - 09:03

МАКЪАМЭ IЭМЭПСЫМЭХЭР ЗЫГЪЭБЗЭРАБЗЭХЭР

Астрэхъан къэрал консерваторэм щекIуэкIащ урыс цIыхубэ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Каспийская волна»  VII дунейпсо зэпеуэр.