КЪЫХЭТХЫКIЫМ КЪРИКIУАХЭР

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щиIэ управ­ленэм и уна­фэщIым и къуэдзэ Гъащтэ Ау­рикэ. Ахэр тепсэлъыхьащ статистикэмкIэ республикэ IэнатIэм нэгъабэ иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм кърикIуам.

IуэхущIапIэр нэхъыщхьэу зиужь итахэм ящыщщ 2021 гъэм жэпуэгъуэм и 15-м щегъэжьауэ щэкIуэгъуэм и 14 пщIондэ ирагъэкIуэкIа Урысейпсо къы­хэтхыкIыныгъэр. Иджы япэу Iуэхум ­къыщагъэсэбэпащ бжыгъэхэр зи лъабжьэ технологиер. КъыхэтхыкIыныгъэм къыхаша волонтёрхэр сэбэп ­хъуащ план­шетхэм унагъуэхэм ятеухуахэр иратхэнымкIэ. Апхуэдэуи Iуэхур нэхъ тынш ищIырт «Къэрал Iуэхутхьэбзэхэр» сайтымкIэ зебгъэтх зэрыхъум.
КъыхэтхыкIыныгъэм щызэхуахьэсхэр къэрал гъэзэщIакIуэ властым сэбэп ­хуохъу унафэ пыухыкIахэр къащтэнымкIэ. Псалъэм къы­дэкIуэу жыпIэмэ, псэу­кIэм, экономикэм зегъэужьыным ятеу­хуа проектхэм, ухуэныгъэхэм, гъуэгу телъ­хьэным, псэупIэ ухуэным, еджапIэ, сабий IыгъыпIэ къызэIухыным, газ, псы, ток зэрыкIуэ бжьамийхэмрэ кIапсэхэм-рэ дэлъхьэным, жылагъуэ транспортым и зекIуэ­кIэр убзыхуным, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми ­лъабжьэ яхуэхъур къыхэтхы­кIыныгъэм къигъэнаIуэ бжыгъэхэрщ.
2022 гъэм и япэ мазищым къулыкъущIапIэм Iуэху зыбжанэ щызэфIахащ зэ­хуахьэсахэр зыхуей хуэгъэзэнымкIэ. Уры­сейм и хэгъэгухэм щрагъэкIуэкIа къы­хэтхыкIыныгъэм кърикIуа­хэр мэлы­жьыхьым къытридзэну и мурадщ Рос­статым. ИужькIэ  зэхуахьэсахэр Iуэху­гъуэ пыу­хыкIахэм ятеухуауэ гуэшауэ­  у­тыку къыз­эры­ра­хьэнур жиIащ Гъащтэ Аурикэ.
Лэжьыгъэр щекIуэкIым къагъэсэбэпа планшет 2000-р дохутырхэмрэ егъэджа­кIуэхэмрэ иратыжыну я мурадщ, псори зэфIэкIрэ итхэр ирагъэкIыжмэ.
 

Къэбарт Мирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

30.04.2024 - 12:25

БЖЭ ЗЭIУХАХЭМ Я МАХУЭ

115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм и цIэр зезыхьэ лъахэхутэ гупым и хэщIапIэм иджыблагъэ щыхьэщIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIищым я гъэсэнхэр.

30.04.2024 - 09:03

ИТАЛИЕМ БЗЫЛЪХУГЪЭУ ИСЫМ ДАХАГЪЭКIЭ ЕФIЭКI АДЫГЭ А­НЭТ

Италием щыщ тхакIуэ,  да Винчи Леонардэ и тхы­дэмрэ лэжьыгъэм­кIэ щIэ­ныгъэлI нэхъыщхьэ Вечче Карлэ и Iэдакъэ къы­щIэкIа «Катеринэ и гуфIэкIэр: Леонардэ и анэ» романыр Налшык къалэ щагъэлэгъуащ мы

30.04.2024 - 09:03

ВИТЕБСК ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪЭГЪУЭНУЩ

Кавказым и уэрэджыIакIуэхэр хэтынущ Витебск щекIуэкIыну «Славянский базар в Витебске» лъэпкъыбэ макъамэ фестивалым. 

30.04.2024 - 09:03

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ФЫХЭТ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэлы­жьы­хьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхынущ Хэку зауэшхуэм теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф