ХУЩХЪУЭХЭМ ГУЛЪЫТЭ ХЭХА ХУАЩI

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм, «правительст-вэм хухах сыхьэтым» хыхьэу, щытеп­сэлъыхьащ цIыхухэр хущхъуэхэмкIэ къызэрызэрагъэпэщым зэрыкIэ­лъыплъ щIыкIэм.

Абы теухуауэ къэпсэлъа, КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам жиIащ мы зэманым ди къэралым санкцэ зэмылIэу­жьыгъуэхэр къызэрыхуагъэувар къалъытэу гулъытэ хэха зэрыхуащIыр цIыхухэр хущхъуэкIэ къызэгъэпэща зэрыхъуным. Министрым зэрыжиIамкIэ, 2014 гъэм щегъэжьауэ Урысейм хущ­хъуэ къыдэзыгъэкI IуэхущIапIэхэр хэпщIыкIыу нэхъыбэ щыхъуащ. Ап­хуэ­дэуи абы къыхигъэщащ цIыхур нэхъыбэрэ зыхуэныкъуэ хъу хущхъуэ лIэу­жьыгъуэхэр гъуэтыгъуей зэрымыхъунур.
Урысейм ещанэ увыпIэр дуней псом щиIыгъщ хущхъуэхэм я аналогхэр щIынымкIэ. Iэмал имыIэу цIыхур  зыхуей хъу хущхъуэхэм хуэдэу ди  деж къыщыщIагъэкIым процент 77-рэ еу- быд, хамэ къэралхэм кърашыр процент 50 мэхъу.
Мы зэманым зэпымыуауэ хамэ къэрал IуэхущIапIэхэм хущхъуэхэр ди къэралым кърагъашэ икIи абы и лъэ­ныкъуэкIэ лъэпощхьэпо щыIэну къалъытэркъым.
- Худэчых зиIэ цIыхухэр хущ­хъуэкIэ къызэрызэрагъэпэщ къэрал программэм ипкъ иткIэ, КъБР-м Узыншагъэр ­хъумэнымкIэ и министерствэм 2022 гъэм и япэ мазищым зыхуеину псори къищэхуащ, адэкIи а лэжьыгъэм пыдощэ, - жиIащ Къалэбатэм. - А Iуэхум ехьэлIауэ федеральнэ бюджетым ­къыхигъэкIащ сом мелуани 168-м нэб­лагъэ. Мы зэманым къэрал зэгу­рыIуэныгъэхэр зэтщIылIащ сом мелуан 96,5-рэ и уасэ хущхъуэ къызэрашэным ехьэлIауэ. Дуней псом къыщацIыху фIэщыгъэхэр яIэу къэтщэхуа хущ­хъуэхэм я процент 54-р Урысейм къы­щыщIагъэкIхэращ, процент 46-м нэблагъэр хамэ къэралхэм ейщ. Хущхъуэхэм я бжыгъэмкIэ процент 71-р ди къэралым щащI, процент 29-р - хамэ къэралхэм.
Узыншагъэр хъумэным ехьэлIа Iуэ­хухэм кIэлъыплъынымкIэ федеральнэ IэнатIэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIы­налъэ IуэхущIапIэм и унафэщI Ахматов Алим жиIащ цIыху куэдым зыкъы­зэрыхуагъазэр, уней аптекэхэм мыхьэ-нэ нэхъ зиIэ хущхъуэхэр зэрыщамы­гъуэтыр къыхагъэщу.
- Соми 100-м нэс зи уасэ хущхъуэ лIэу­жьыгъуэ 43-м иужьрей тхьэмахуэм ­хагъэхъуауэ гу лъыттэркъым. Соми 100 - 500 зытехьэхэм (хущхъуэ 31-м ехьэ­лIауэ) я уасэм процент 1,4-кIэ хэщIащ, сом 500 нэхъыбэ зыхуагъэув хущхъуи 10-ми я уасэр процент 0,6-кIэ ехуэ­хыжащ. Сом миным къыщыщIэдзауэ нэхъыбэж зыщIат хущхъуэ 28-м я уасэм процент 1,4-кIэ хэхъуащ. Мы зэманым аптекэм щIэмылъ хущхъуэхэр 27-рэ ­мэхъу, - къыхигъэщащ къэпсэлъам.
Егоровэ Татьянэ жиIащ республикэ бюджетым сом мелуан 472-рэ зэрыху­хихар хущхъуэкIэ цIыхухэр къызэгъэ­пэщыным, ауэ уасэхэм зэрыхэхъуэр къэплъытэмэ, ар ирикъун-иримы­къуным теухуауэ министрым и Iуэху еп­лъыкIэм щIэупщIащ.
Къалэбатэ Рустам жиIащ а Iуэхум  республикэ унафэщIхэм я нэIэ зэры­тетыр.
- Илъэс ныкъуэм и кIэм гурыIуэгъуэ хъуну аращ мы Iуэхум кърикIуэнур, - къыхигъэщащ министрым.
КъБР-м и Парламентым БюджетымкIэ, налогхэмрэ финанс IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI АфэщIагъуэ ­Михаил жиIащ хущхъуэхэм я фIагъым-рэ аптекэхэм къэпщытэныгъэхэр зэ­рыщ­рагъэкIуэкIымрэ зэрыкIэлъып­лъыпхъэр.
«Захуагъэ здэщыIэ Урысей - Пэжым и телъхьэ» партым и фракцэм и унафэщI Кебеков Владимир къыхигъэщащ ­рецепт ямыIэу ят хущхъуэхэм зэры­тегузэвыхьыр, зэрыхабзэу, апхуэдэхэр цIыхухэм я узыншагъэмкIэ зэрызэра-ныр.
КъБР-м и Парламентым ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и комитетым и уна­фэщI Къэжэр Хъусен жиIащ къэрал, уней аптекэхэри медицинэ IуэхущIапIэхэри къэпщытэн хуейуэ къызэрилъытэр, хабзэр къызэпызыуд Iуэхухэр е хущхъуэхэр ирикъуу зэрамыIэр къыщIагъэщын папщIэ.
Депутатхэм ягъэбелджылащ зытеп­сэ­лъыхьа Iуэхухэм ятеухуауэ КъБР-м и Правительствэм, республикэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм, Узыншагъэр хъумэным ехьэлIа Iуэхухэм кIэ­лъыплъынымкIэ федеральнэ IэнатIэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ IуэхущIапIэм гулъытэ зыхуащIыпхъэ лэжьыгъэхэр.
 

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

30.04.2024 - 12:25

БЖЭ ЗЭIУХАХЭМ Я МАХУЭ

115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм и цIэр зезыхьэ лъахэхутэ гупым и хэщIапIэм иджыблагъэ щыхьэщIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIищым я гъэсэнхэр.

30.04.2024 - 09:03

ИТАЛИЕМ БЗЫЛЪХУГЪЭУ ИСЫМ ДАХАГЪЭКIЭ ЕФIЭКI АДЫГЭ А­НЭТ

Италием щыщ тхакIуэ,  да Винчи Леонардэ и тхы­дэмрэ лэжьыгъэм­кIэ щIэ­ныгъэлI нэхъыщхьэ Вечче Карлэ и Iэдакъэ къы­щIэкIа «Катеринэ и гуфIэкIэр: Леонардэ и анэ» романыр Налшык къалэ щагъэлэгъуащ мы

30.04.2024 - 09:03

ВИТЕБСК ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪЭГЪУЭНУЩ

Кавказым и уэрэджыIакIуэхэр хэтынущ Витебск щекIуэкIыну «Славянский базар в Витебске» лъэпкъыбэ макъамэ фестивалым. 

30.04.2024 - 09:03

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ФЫХЭТ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэлы­жьы­хьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхынущ Хэку зауэшхуэм теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф