ИДЖЫРЕЙ IЭМЭПСЫМЭХЭМКIЭ КЪЫЗЭРАГЪЭПЭЩ

«Узыншагъэр хъумэн» лъэпкъ проектым хыхьэу КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм щагъэзащIэ «Гу-лъынтхуэ узыфэхэм пэщIэтын» щIыналъэ проектым ипкъ иткIэ Республикэ клиникэ сымаджэщым медицинэ IэмэпсымэщIэхэр щагъэуващ.
Сом мелуан 77,7-рэ зи уасэ МРТ аппаратымкIэ ныкъусаныгъэншэу къыпхуэхутэнущ щхьэ куцIым лъыр зэрыщызекIуэм иIэ щыщIэныгъэ нэхъ мащIэ дыдэри. Iэмэпсымэр икъукIэ сэбэпышхуэщ Лъынтхуэ узыфэхэм щеIэзэ щIыналъэ центрым инсульт яIэу, я щхьэм удын игъуэтауэ щIэлъ сымаджэхэм я щытыкIэр зыхуэдэр псынщIэу икIи щыуагъэншэу къэхутэнымкIэ. Аппаратыр медицинэм и иджырей мардэхэм иту икIи фIагъ лъагэ иIэу зэрыщытым и щыхьэтщ нэгъуэщI узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэри абыкIэ къызэрыпхуэщIэр.
Сом мелуан 74,5-рэ зи уасэ КТ Iэмэпсымэм и лъэщагъым хуэдэ зиIэ къэрал медицинэ IуэхущIапIэхэм нобэр къыздэсым щIэткъым. Абы кърипщIэфынущ лъынтхуэхэм я щытыкIэр икIи абы и фIыгъэкIэ хэмытIасэу узыфэ куэд къэпхутэфынущ. 
КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам IэмэпсымэщIэхэр зыхуэдэр къипщытащ икIи жиIащ дохутырхэм я лэжьыгъэр абы хъарзынэу нэхъ тынш къазэрыщищIынур. 
- ЩIыналъэм и унафэщIхэм гулъытэшхуэ хуащI иджырей медицинэ аппаратхэр къэщэхуным. Узыфэр зыхуэдэр пэжу убзыхунымкIэ абыхэм къалэнышхуэ ягъэзащIэ. КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм 2019 - 2021 гъэхэм «Узыншагъэр хъумэн» лъэпкъ проектым и фIыгъэкIэ къищэхуащ икIи и нэIэ щIэт медицинэ IуэхущIапIэхэм щигъэуващ рентген зэращI компьютер томографу 12, МРТ Iэмэпсымэу 3. 20I3 гъэм узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм и нэIэм щIэт IуэхущIапIэхэм апхуэдэ зы аппарати яIэу щытакъым, иджы республикэм и сымаджэщ нэхъыщхьэхэр псори узыфэр къызэрахутэ оборудованэ лъэщхэмкIэ къызэгъэпэщащ, - жиIащ министрым.
Къыхэгъэщыпхъэщ томографхэр нэхъ лъапIэ мыхъу щIыкIэ къызэращэхуар, иджыпсту абыхэм я уасэр сом мелуани 150 - 170-м ноблагъэ.
 

ЩхьэщэмыщI Изэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

01.05.2024 - 09:03

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭМ И ДАМЫГЪЭ

Ярославль щекIуэкIащ лъэпкъ гъуазджэхэмкIэ «Ритмы Кавказа» IV лъэп­къыбэ фестивалыр. 

01.05.2024 - 09:03

ХЭКУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ТЕУХУАЩ УЭРЭДХЭР

Музыкэ къэрал театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки-2024» фестиваль-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. Сабийхэм ар къы­хузэрагъэпэщащ Суд приставхэм я федеральнэ къу­лыкъущIапIэм.

01.05.2024 - 09:03

ГЪАТХЭМЭ КЪАПЕХ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хы­-хьэу яухуа гъуазджэ гале­реем зэуэ щагъэлъагъуэ республикэм и художникибгъум я

01.05.2024 - 09:03

МАКЪАМЭ IЭМЭПСЫМЭХЭР ЗЫГЪЭБЗЭРАБЗЭХЭР

Астрэхъан къэрал консерваторэм щекIуэкIащ урыс цIыхубэ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Каспийская волна»  VII дунейпсо зэпеуэр.

30.04.2024 - 12:25

БЖЭ ЗЭIУХАХЭМ Я МАХУЭ

115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм и цIэр зезыхьэ лъахэхутэ гупым и хэщIапIэм иджыблагъэ щыхьэщIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIищым я гъэсэнхэр.