БАХЪСЭНЫЩХЬЭ ИДЖЫРИ ЗЫ ЕДЖАПIЭЩIЭ ЩАУХУЭНУЩ

Iуащхьэмахуэ щIыналъэм хъыбар дахэ иджыблагъэ къиIукIащ. Бахъсэныщхьэ, Къуэчкъарыкъуэ жыхуаIэ щIыпIэм деж, иджы нэхъыбэм Терскол фIэщыгъэмкIэ ящIэ къуажэм курыт щIэныгъэ щызрагъэгъуэт еджапIэщIэ щаухуэнущ.

Ухуэныгъэхэр щрагъэкIуэкIыну щIыпIэм иджыблагъэ щыIащ КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Езауэ Анзор, Iуащхьэмахуэ щIыналъэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ къулыкъущIапIэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Соттаев Къурмэн, министрым и къуэдзэ Борыкъуей Анзор сымэ.
«Егъэджэныгъэ» къэрал программэм ипкъ иткIэ Iуащхьэмахуэ щIыналъэм ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр щрагъэжьэнур 2023 гъэрщ. Мы лъэхъэнэм ухуакIуэхэмрэ щIыналъэ икIи щIыпIэ унафэщIхэмрэ зэращIылIэну зэгурыIуэныгъэхэм къыщылъытапхъэ Iуэхугъуэхэм йолэжь.
ЕджапIэщIэр цIыхуи I50-м ятещIыхьауэ щытынущ. ЦIыкIухэр щеджэну пэшхэм къищынэмыщIауэ, абы хэтынущ Iэпкълъэпкъым зыщрагъэузэщI пэш хуитышхуэ, Iэпщэ лэжьыгъэм щыхуагъасэ лъэщапIэ, иджырей еджэныгъэ Iэмалхэр шэщIауэ къыщагъэсэбэп техникэр зыхэт пэш зыбжанэ, шхапIэ, нэгъуэщIхэри.

БЕСЛЪЭН Берд.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.

08.05.2024 - 09:03

ЗИ НАПЭ ЕМЫПЛЪУ ЛЪЭБАКЪУЭ ЗЫМЫЧА

ТхакIуэ, журналист Къудей Владимир илъэс 70 ирокъу

08.05.2024 - 09:02

РАДИОМ И МАХУЭМ ТЕУХУА ТЕЛЕЧЭЩАНЭ ДЖЭГУ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэгъэгушхуэм къызэрацIыхуж телечэщанэ цIэрыIуэр Радиом и махуэм ирихьэлIэу нурыбэу къызэщIагъэблэнущ, идз нэхум хэлъ тхыпхъэхэр макъамэрэ уэздыгъэ джэгуу зэхэту яутIыпщынущ.

08.05.2024 - 08:10

ЛIЫГЪЭР ЗЫГЪЭУНЭХУАР

(Нарт тхыдэжь)

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI