ЖЬЭГЪУП- ДЖУБГЭ - ЖЬЫУБГЪУ

  Хы ФIыцIэ Iуфэм дызыщрихьэлIэ щIыпIэцIэхэм яхэтщ ди нобэрей гъащIэм куэдрэ щызэхэтххэри. Апхуэдэхэм ящыщ зыщ Джубгэ (Жьыубгъу) фIэщыгъэр. Абы и къежьэкIэ хъуам ехьэлIауэ Iуэху еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ.

Лъахэхутэ, щIэныгъэлI Мерэтыкъуэ Къасым «Адыгейский топонимический словарь» и тхылъым зэритымкIэ, «жьыубгъу» псалъэм къикIыр езым къеIуэтэж, «жьым зыщиубгъу щIыпIэ» жыхуиIэу.   

ЩIыпIэцIэхэр зэхуэхьэсыжыным зэман куэд тезыгъэкIуэда Ковешников Владимир «Очерки по топонимике Кубани» и IэдакъэщIэкIым къызэрыщихьымкIэ, фIэщыгъэр къытехъукIагъэнкIэ хъунущ «губгъу» - «губгъуэ» псалъэми. Сыту жытIэмэ, Джубгэ псы цIыкIур тенджызым щыхэхуэжым деж къыщыунэху ныджэр къызэрымыкIуэу бгъуфIэщ, абы къыхэкIыуи, хым къыхиху жьым хуиту зыщиубгъущ.

Гу лъытапхъэщ, фIэщыгъэр «пшагъуэм зыщригуашэ» къэпсэлъыкIэм хуэзышэну хущIэкъухэри зэрыщыIэм.

Iэгъуэблагъэм пэмыжыжьэу щыс шапсыгъ къуажэхэм дэс нэхъыжьыфIхэм зэраIуэтэжым тетщIыхьмэ, Жьыубгъу щIыпIэцIэр ещхьщ «Устьджегутинск» фIэщыгъэм (Къэрэшей-Шэрджэс) и лъабжьэм халъагъуэ «жьэгъуп» - «жьэгъум и пэ» псалъэ зэхэтми. Къыхэгъэщыпхъэщ, бзэ щIэныгъэлI, этнограф Лопатинский Лев лIэщIыгъуэ блэкIам икухэм хуэзэу Жьыубгъу (Джубгэ) щIыпIэцIэм и гугъу щищIым, «жьэгъуп» - «жегуп» псалъэхэр къигъэсэбэпауэ зэрыщытари.

Мыдрейуэ, дымыгъэщIэгъуэн тлъэкIыркъым, фIэщыгъэр урысыбзэм хуэзышэну зыфIэкъабылхэри зэрыщыIэр, къикIыр «жэщ тхьэIухуд» е «дахагъэм и тIуащIэ» мыхьэнэхэм хуагъакIуэу. Апхуэдэ егупсысыкIэр къызыхахари нобэрей гъащIэрщ: жэщым кхъуафэкIэ хым утесу, зи гугъу тщIы ныджэм укъыщыхуэплъэкIэ, нэм къыIуидзэ теплъэм хуабжьу узэрызыIэпишэрщ, узэритхьэкъурщ. АрщхьэкIэ, ди гуапэ зэрыхъунщи, апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм лъабжьэ гуэри зэримыIэм и телъхьэр щынэхъыбэщ тхыдэджхэм я деж. Ар нэрылъагъущ адыгэхэм ди псэукIэу щытамрэ ди бзэм щыщу зы мащIэ нэхъ мыхъуми хэзыщIыкIхэм я дежкIи.

Джубгэ посёлкэр а цIэ дыдэр зезыхьэ псы цIыкIур хы ФIыцIэм щыхэхуэжым деж Iусщ, ТIуапсы къалэм и ищхъэрэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ километр 70-кIэ пэжыжьэщ. А фIэщыгъэр зезыхьэ псым километр 27-рэ и кIыхьагъщ, и Iуфэхэм мывэ пхъэбгъу абрагъуэхэмкIэ щызэтрагъэувауэ щыта испы унэхэр щыкуэдщ. Абыхэм ящыщ зыр Кавказым щынэхъ ин дыдэхэм халъытэ.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

27.04.2024 - 09:11

КХЪУХЬЛЪАТЭХЭМКIИ ЗЫЗЭПАЩIЭ

КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат лэжьыгъэ Iуэху­кIэ Тэтэрстаным кIуауэ щыIэщ.

27.04.2024 - 09:03

ПСЭУПIЭЩIЭХЭР - ГУФIЭГЪУЭ ЩIЫКIЭМ ТЕТУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэр Налшык «Долина Кавказа» зыфIаща и хьэб­лэщIэу къухьэпIэ лъэны­къуэмкIэ къыщызэIуахам щы­зэхуэсахэр хуабжьу зы­щыгуфIыкIа зэхыхьэ ще­кIуэкIащ. 

27.04.2024 - 09:03

ЦIЫХУ ЛЪЭУЖЬЫФIЭМ И ФЭЕПЛЪ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым ли-­те­ратурэ-макъамэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ, адыгэ усакIуэ, гупсысакIуэ, лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ­ПащIэ Бэчмырзэ