ПХЪЭР МЭЗЫМ ЗЫШЭЖАР

Къэхъуа

Си адэ Хьид мэзкIэ IэкIуэлъакIуэу щытащ. Абы хиха пхъэр, езыр бгъэдэмытми, къацIыхурт, апхуэдэу къабзэт, хэплъыхьа защIэти.

Ди къуажэ цIыхухъухэр мэз кIуауэ нэгъуэщIым игъэхьэзыра пхъэ ирихьэлIамэ, абы еIусэу я хабзэтэкъым, езыхэм хахырти къашэрт. Ауэ щыIэт а хабзэхэм ебакъуэхэри. Апхуэдэхэм къафIэIуэхутэкъым хьэлэл, хьэрэм, емыкIу, фIэлIыкI жыхуаIэхэр. ИужькIэ ишэжыну и мураду, пщIэнтIэпсыр къыпыхуу нэгъуэщIым хиха пхъэр я шыгум е выгум из ящIырти, гуфIэу яшэрт я унэ. Ауэ апхуэдэхэм пщIэ хуащIыртэкъым. Хьэжьвакъэжьышхым сыт и пщIэ!

Зыкъом щIауэ мэзым щIэлът ди адэм игъэхьэзыра пхъэ гулъэ. Шыхэр, выхэр зэпэубыдат – ахэрат колхозыр зэрывэр. Арати, пэплъэрт пхъэр къызэришэжын выгу е шыгу къыщигъуэтыным.

Зы махуэ гуэрым, уэшх къешхат, увэ хъунутэкъыми, выгу къилъэIухуэри, ди адэр кIуат пхъэр къишэжыну. АрщхьэкIэ и пхъэр щылъыжтэкъым, ишат зыгуэрым. Гум и лъэужьым фIыуэ еплъри, гу лъитащ выгум и зы шэрхъыр гъущI кIапсэ IувкIэ щIыпIитIым деж зэрыщызэтепхар – а зэтепхапIэхэр хуиту къыхэщырт гъуэгум. Абы и нэр тригъэтурэ, къуажэм къэсыжащ, гупэ хьэблэм лъэужьыр ихури, ар зэкIуалIэ пщIантIэм дыхьащ.

Плъэмэ – и пхъэр гуэщым щIэлъу елъагъу. Маджэри, я лIыр, Сэфар къыщIокI. Сэлам зэраха нэужь, ди адэм жеIэ: «Уа, Сэфар (и цIэр зэсхъуэкIащ), мэзым пхъэ щыбгъуэтыртэкъэ си пхъэм фIэкIа? Щхьэ къэпша мыр, зиунагъуэрэ?» ЛIыр къолъ: «Сыт, си пхъэщ, жыхуэпIэр?! ЛIо, уи мыхъур ятелъ пхъэм?» «Уэлэхьи, ятелъмэ, Сэфар. Си уэщым пиупщIар сэ сцIыхужыркъэ?! ИтIанэ, мес нэгъуэщI зы щыхьэти: уи шэрхъыр гъущI кIапсэкIэ щызэтепха щIыпIитIыр гъуэгум хъарзынэу къыхощ, - жиIащ ди адэм. – ИIэ, си пхъэр къызэтыж, мис, си выгумкIэ дэсшыжынщ». «Дэпшыжмэ, тхьэр согъэпцI! – жиIащ Сэфар. – Къыздисшам сэ сшэжынщи, итIанэ узыхуейр ещIэ».

«КхъыIэ, апхуэдизым дыхыумыгъэт», - жиIэу ди адэр елъэIуа щхьэкIэ къимыгъанэу, лIы ерыщым пхъэр къыздриша дыдэм деж ишэжри иридзыжауэ щытащ.

Мыр хъыбару куэдрэ дэлъащ ди къуажэм, иджыри нэхъыжьхэм фIыуэ ящIэж.

 

КЪАГЪЫРМЭС Борис.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.05.2024 - 15:35

МАМЫРЫГЪЭМ И ЖЬЭГУР НАЛШЫК ЩЫЗЭЩIАГЪЭБЛАЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Мамырыгъэм и жьэгур Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм и бзыпхъэщ» зыфIаща V щIыналъэ зэхуэсыр.

13.05.2024 - 08:48

БЗЭ ЗИМЫIЭР ЛЪЭПКЪЫНШЭЩ

ХамэщIым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщу адэжь лъахэм ­къихьэжа адыгэ щIалэгъуалэм ядэлэжьэныр, абыхэм я Iуэху зытетым зыщыгъэгъуэзэныр, я еджэныгъэр зэрекIуэкIым кIэ­лъыплъыныр, я лэжьыгъэр зэрызэте

13.05.2024 - 08:47

IУАЩХЬЭМАХУЭ ДАХА НЫПХЭР

Нэмыцэхэм я лъэсырызекIуэ полкищрэ танк дивизэрэ зэтезыкъутауэ щыта 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм хэ­тахэр хахуэу щыхэкIуэда Мартыновскэ районымрэ (Ростов щIыналъэм щыщщ) ди республикэмрэ зэпыщ

13.05.2024 - 08:46

ЩIЫХЬЫЦIЭМ И ЩIЫХЬКIЭ

Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ «Налшык – зауэлI щIыхьым и къалэщ» выставкэ-зэпеуэр.

13.05.2024 - 08:45

ТЕКIУЭНЫГЪЭ ИНЫМ И ЩIЫХЬКIЭ

ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ и колледжым щагъэлъагъуэ студент-дизайнерхэм я лэжьыгъэхэр.