ЧУВАШХЭМ Я ЛЪЭПКЪ ЩЭНХАБЗЭ ЦЕНТР

Урысейм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм я илъэсым хыхьэу, Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Къэрал лъэпкъ библиотекэм къыщызэрагъэпэщащ «Родной мой край - Чувашия» тхылъ дапхъэр. Ар ирагъэхьэлIащ республикэм щыпсэу чувашхэр зэкъуэзыгъэувэ «Нарспи» лъэпкъ щэнхабзэ центрыр къызэрызэрагъэпэщам.

Чувашхэм я лъэпкъ щэнхабзэ центр республикэм щыIэным теухуа жэрдэмыр жылагъуэ лэжьакIуэ Черновэ Алёнэ къыбгъэдэкIащ, щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм я бжыгъэр къыхатхыкIа нэужь. КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фондым, Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэм, щолажьэ республикэм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ центру 12.

- Къэбэрдей-Балъкъэрым си лъэпкъэгъу исрэ имысрэ зэзгъэщIэну яужь сихьащ икIи сыщIэупщIэурэ къэслъыхъуэу щIэздзащ. Зэман кIэщIым къриубыдэу зыбжанэ къыщызгъуэтым, дызэгурыIуэри дызэхуэсащ. Абы унафэ щытщIащ чувашхэм я лъэпкъ щэнхабзэ центр республикэм къыщызэдгъэпэщыну, ди лъэпкъ IуэрыIуатэм къыхэщ бзылъхугъэм - Нарспи - и цIэри абы фIэтщыну, - жеIэ Черновэм. - Лъэпкъ библиотекэм чуваш литературэ-IуэрыIуатэ гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэIуахащ украинхэм я «Днипро» щэнхабзэ центрым и унафэщI Харенкэ Светланэ и фIыгъэкIэ. Библиотекэм и фондым чуваш тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ я тхылъ, щIэныгъэ-публицистикэ литературэ куэд къыщыдгъуэтащ, ди лъэпкъым къыхэкIа цIыху цIэрыIуэхэм, абыхэм я щыIэкIэ-псэукIэхэм ехьэлIауэ.

Тхылъ фIыуэ зылъагъухэм я Къэбэрдей-Балъкъэр зэгухьэныгъэм и унафэщI Шинкарёвэ Наталье зэхыхьэм зыкърезыхьэлIахэм ягу къигъэкIыжащ ди щIыналъэм лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэу 190-м щыщхэр зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу зэрыщыпсэур, чувашхэм творческэ зэпыщIэныгъэ быдэ зэрыхуаIэр.

Черновэ Алёнэ зыубгъуауэ къытеувыIащ чувашхэм я тхыдэм, къадекIуэкI хабзэ дахэхэм, я къэрал дамыгъэхэм.

ЗэIущIэм хэтащ «Нарспи» щэнхабзэ центрым щыщхэу Петровэ Алинэ, Устиновэ Маринэ, Черновэ Алёнэ, Мизинэ Ларисэ, Дьяченкэ Маргаритэ, республикэм и жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.05.2024 - 15:35

МАМЫРЫГЪЭМ И ЖЬЭГУР НАЛШЫК ЩЫЗЭЩIАГЪЭБЛАЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Мамырыгъэм и жьэгур Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм и бзыпхъэщ» зыфIаща V щIыналъэ зэхуэсыр.

13.05.2024 - 08:48

БЗЭ ЗИМЫIЭР ЛЪЭПКЪЫНШЭЩ

ХамэщIым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщу адэжь лъахэм ­къихьэжа адыгэ щIалэгъуалэм ядэлэжьэныр, абыхэм я Iуэху зытетым зыщыгъэгъуэзэныр, я еджэныгъэр зэрекIуэкIым кIэ­лъыплъыныр, я лэжьыгъэр зэрызэте

13.05.2024 - 08:47

IУАЩХЬЭМАХУЭ ДАХА НЫПХЭР

Нэмыцэхэм я лъэсырызекIуэ полкищрэ танк дивизэрэ зэтезыкъутауэ щыта 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм хэ­тахэр хахуэу щыхэкIуэда Мартыновскэ районымрэ (Ростов щIыналъэм щыщщ) ди республикэмрэ зэпыщ

13.05.2024 - 08:46

ЩIЫХЬЫЦIЭМ И ЩIЫХЬКIЭ

Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ «Налшык – зауэлI щIыхьым и къалэщ» выставкэ-зэпеуэр.

13.05.2024 - 08:45

ТЕКIУЭНЫГЪЭ ИНЫМ И ЩIЫХЬКIЭ

ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ и колледжым щагъэлъагъуэ студент-дизайнерхэм я лэжьыгъэхэр.