ТХАБ-ТХЫБ-ТХЫБЭ-ТХЬЭБЭ

Апхуэдэ цIэр зэрехьэ Геленджик («Хъулъыжъый», «ХъупIэжьий» - «хъулъэ»-хъупIэ, «жъый»-цIыкIу) къалэм къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ къыщхьэщыт Къуацэгъур тхыцIэу Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм и зы къудамэу къалъытэм хыхьэ лъагапIэу Пшъадэ (Пшадэ) псыр зи къежьапIэм.

Метр 905-рэ зи лъагагъ Тхыбэ (Тхьэбэ) Iуащхьэжьыр нэгъуэщI псыхъуэ кIэщI цIыкIухэми я къежьапIэщ, я къущхьэзэIухуэпхъщ. Апхуэдэу, Тхыбэ и бгыщIэхэм къуэпсыбэу зыщызэхуэзыхьэсыж Пэпай псы цIыкIур Пшадэ хокIуэсэж. Иужьрейр хы ФIыцIэм холъэдэж. Абын нэхъ инщ, здежэхри Псыжь лъэныкъуэкIэмкIэщ, ищхъэрэкIэщ. Тхыбэ бгыр псыхъуэу зи цIэ къитIуахэм, уардэ дэхъухьыжауэ, я зэхуаку дэтщ.

ТхакIуэ, егъэджакIуэ, лъахэхутэ цIэрыIуэ Твёрдый Александр «Кавказым и топонимикэ псалъалъэ» и тхылъым къызэрыщигъэлъэгъуамкIэ, щыIэщ мы бгым урысыбзэкIэ зэреджэ «Тхаб» фIэщыгъэр «тхьэ куэд здэщыIэ щIыпIэ» мыхьэнэм хуэзыгъэкIуэну зыфIэкъабылхэри, апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм лъабжьэ куу имыIэу къэзыбжхэри.

Тхыбэ и Iэгъуэблагъэр къалъытэ Урысейм и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм къикIыу Кавказ Ищхъэрэм къакIуэ туристхэр нэхъ дэзыхьэххэм, махуэ бжыгъэкIэрэ къуакIэбгыкIэхэм, мэзылъэ лъагапIэхэм къыщызыущыхьыну зи щIасэхэм хагъэунэхукIа щIыпIэ нэхъ зэгъхэм.

Апхуэдэу, Тхыбэ и щыгумкIэ щхьэпрокI совет лъэхъэнэм зыплъыхьакIуэ куэдым я нэгу зыщрагъэужьу къекIуэкIа, «Кубаным и партизан лъагъуэхэмкIэ» зыфIаща турист гъуэгуанэжьри. КъищынэмыщIауэ, мы бгыщхьэм тетщ геодезием хуэлажьэ щIэныгъэ IуэхущIапIи.

Iуащхьэр зэрымыин дыдэм, и къехыжыпIэхэр зэрымызадэм, зэрымыгугъусыгъум къыхэкIыу, абы и Iэшэлъашэр альпинизмэм дихьэхагъащIэхэм япэ лъэбакъуэхэр щачынымкIэ тыншщ. А псом къадэкIуэуи, мы щIыпIэр бгыхэм я зэхэлъыкIэр уи нэгу къыщIэзыгъэувэщ, уэзыгъэлъагъущ, я дахагъэр зэхозыгъащIэщ, зыгъэпсэхупIэу тIум я хэщIапIэщ.

КъищынэмыщIауэ, «Тхыбэ» («Тхаб») цIэр кIэрыпщIащ Къуацэгъур шытхым ипщэкIэ гъэза и джабэ нэкIухэр зи къежьапIэ нэгъуэщI псы цIыкIуми. Ар, километри 10 зи кIыхьагъ мывалъэ къуэзэвым зыщихъунщIа иужькIэ, хы ФIыцIэр зи кIуапIэ Дэгубэ холъэдэж.

БЭРАУ Бышэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.05.2024 - 15:35

МАМЫРЫГЪЭМ И ЖЬЭГУР НАЛШЫК ЩЫЗЭЩIАГЪЭБЛАЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Мамырыгъэм и жьэгур Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм и бзыпхъэщ» зыфIаща V щIыналъэ зэхуэсыр.

13.05.2024 - 08:48

БЗЭ ЗИМЫIЭР ЛЪЭПКЪЫНШЭЩ

ХамэщIым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщу адэжь лъахэм ­къихьэжа адыгэ щIалэгъуалэм ядэлэжьэныр, абыхэм я Iуэху зытетым зыщыгъэгъуэзэныр, я еджэныгъэр зэрекIуэкIым кIэ­лъыплъыныр, я лэжьыгъэр зэрызэте

13.05.2024 - 08:47

IУАЩХЬЭМАХУЭ ДАХА НЫПХЭР

Нэмыцэхэм я лъэсырызекIуэ полкищрэ танк дивизэрэ зэтезыкъутауэ щыта 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм хэ­тахэр хахуэу щыхэкIуэда Мартыновскэ районымрэ (Ростов щIыналъэм щыщщ) ди республикэмрэ зэпыщ

13.05.2024 - 08:46

ЩIЫХЬЫЦIЭМ И ЩIЫХЬКIЭ

Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ «Налшык – зауэлI щIыхьым и къалэщ» выставкэ-зэпеуэр.

13.05.2024 - 08:45

ТЕКIУЭНЫГЪЭ ИНЫМ И ЩIЫХЬКIЭ

ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ и колледжым щагъэлъагъуэ студент-дизайнерхэм я лэжьыгъэхэр.