СурэтыщIым и дунейм

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, иджыблагъэ къыщызэ­Iуахащ ­ЮНЕСКО-м СурэтыщI гъуазджэ­хэмкIэ и дунейпсо ассо­циацэм, ­Урысейм, КъБР-м я Су­рэтыщIхэм я зэгухьэныгъэхэм хэт, КъБКъУ-м ДизайнымкIэ и кол­леджым и ­егъэджакIуэ нэхъыжь Тураев Рус­там и лэжьыгъэхэм я гъэ­лъэгъуэ­ныгъэ.

IуэхущIапIэм узэрыщIыхьэу нэм къыIуедзэ зи IэщIагъэм и щэхухэм фIы дыдэу щыгъуазэ IэпщIэлъапщIэм живописым нэхърэ нэхъ игъэ­лъапIэ зэрыщымыIэр. «Мои правила» зы­фIи­ща гъэлъэгъуэныгъэм утыку къыщ­рихьа IэдакъэщIэкIхэр нэр зыгъэгуфIэ, псэм зезыгъэпсэху, куэ­-дым уезыгъэгупсыс защIэщ. Сабийм и гъащIэм щегъэжьауэ балигъым и дунеймрэ и гурыгъузхэмрэ, и махуэмрэ ар зэригъакIуэ щIыкIэмрэ, нэгъуэщI куэдми ухашэ абыхэм.
И юбилейм ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэм зи Iэдакъэ­щIэкIхэр езыгъэлъагъуну мурад зы­щIа щIалэм и гуфIэгъуэр даIыгъын,        и гуащIэм зыщагъэгъуэзэн папщIэ абы зыкърезыгъэхьэлIахэм ар яри­гъэ­цIыхуащ музейм и лэжьакIуэ, искусствовед Леонтьевэ Нинэ. ИтIанэ абы утыкур хуит хуищIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Карчаевэ Iэминат.
- Рустам зыпэрыт Iуэхум хэзыщIыкI IэщIагъэлIщ жыпIэнри зыри хужу­мыIэххэнри зыщ. И IэдакъэщIэкIхэм ущеплъкIэ зыхыбощIэ нэрымылъагъу хуабагъэ, дахагъэ гуэр, Iэм и мыза­къуэу, ахэр псэкIэ зэрыщIар къыуи­гъащIэу. Нэхъыщхьэр зэрыплъагъур нэкIэкъым, гукIэщ. Арагъэнщ Турае­вым и зэчийм и щэхури.
Рустам ехъуэхъуну, псалъэ гуапэ ­хужаIэну хуейхэр куэд хъурт. Апхуэ-дэу абы и гуащIэм тепсэлъыхьу, ди щIыналъэм и мызакъуэу, Урысейм и утыкушхуэ куэдым и лэжьыгъэхэр  къызэрыщрихьам, и цIыху хэ­тыкIэм  и  гугъу ящIу, студентхэм фIыуэ къызэралъагъур къыхагъэщу пшыхьым къыщыпсэлъащ КъБР-м и Сурэ­тыщI­хэм я зэгухьэныгъэм и ­тхьэмадэ Те­мыркъан Геннадий, цIыхухэр егъэ­джэ­нымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэ-­гъуа­лэм я IуэхухэмкIэ министрым и къуэдзэ ШэнтIыкъу Иринэ, сурэтыщI цIэрыIуэ Колкутин Андрей, ДизайнымкIэ колледжым и унафэщI Къанло Алим, езым и гъэсэнхэр.
Тураев Рустам псоми фIыщIэ ­яхуищIащ икIи гушыIэ щIыкIэу жиIащ иужьрей илъэсхэм хузэфIэкIахэр къы­зэрызэщIикъуэж, цIыхухэм я деж зэ­рызыщиухеиж Iуэхуу гъэлъэгъуэныгъэр зэрыщытыр. Апхуэдэуи къыхигъэщащ щIэблэм ядэгъуэгурыкIуэ- ну, абыхэм я лэжьыгъэхэм я гъусэу езым ейхэр утыку кърихьэну сытым дежи зэрыфIэфIыр. Ар иджыри къохъулIэ Рустам. Къапщтэмэ, музейм и пэш ещанэм цIыхухэм щIалъагъуэ-хэр езым ипхъу Атэлыкъ Марьям и IэдакъэщIэкIхэрщ.
ПсалъэкIэ къэIуэтэгъуейщ сурэт­-хэм я купщIэр, абыхэм къапкърыкI нэхумрэ хуабэмрэ. Аращи, гъэлъэ­гъуэныгъэм еплъыну хуейхэм апхуэ-дэ Iэмал яIэщ щэкIуэгъуэм и 25-рэ хъу­ху, ар щызэхуащIыжынур а махуэращ.
 

ИСТЭПАН Залинэ. Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.