Илъэси 100-р ягъэлъапIэ

Налшык къалэм дэт Къэ­рал киноконцерт гъэ­лъэ­гъуапIэм дыгъуасэ Iуэху дахэ ще­кIуэ­кIащ Лениным и цIэр зезы-хьэ ­союзпсо ком­мунист щIалэ­гъуалэ зэгухьэныгъэр ­(ВЛКСМ) къызэрызэрагъэ­пэщрэ илъэси 100 зэ­ры­рикъум и щIыхькIэ.

Абы  хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и ­комсомол зэщIэ­хъееныгъэм и ветеранхэм я ­советым и тхьэмадэ Жыджэт Александр, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и Уна­фэщI Къуэдзокъуэ Му­хьэмэд, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Прави-             тельст­вэм и УнафэщI Мусуков Алий, ­КъБР-м цIыхухэм я хуиты­ны­гъэхэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэ Зумакулов Борис, комсомолым хэтахэр, нэ­гъуэщI­хэри.
Комсомолым и Бэракъыр утыку къыщрахьэм, пэшым щIэсхэр къэтэджащ. Жыджэт Александр жиIащ коммунист щIалэгъуалэ зэ­гухьэныгъэм хэтыну зи насып къихьахэм я дежкIэ махуэшхуэр зэрагъэ­лъапIэм мыхьэнэ зэриIэр.
- Зым и дежкIи щэхукъым ­ди щIыналъэм и ныбжьыщIэ мини 100-хэм, псори зэхэту ­къап­щтэмэ, къэралым и щIалэгъуалэ мелуанхэм, коммунист щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэм гъэсэныгъэ куу, зыу­жьыныгъэ къа­зэ­рыритар. ­Комсомол зэщIэхъееныгъэм хэ­­тахэм мураду яIамкIи я бжыгъэкIи къытекIуэн нэгъуэщI щыIакъым, ар сыт и лъэны­къуэкIи къэралым и гъащIэм хэтт, - жиIащ Жы­джэтым. - Комсомолыр жыджэру хэтащ къэ­ралыр зэфIэгъэувэжыным, Хэкур хъумэным, щIыщIэр къэIэтыным, нэгъуэщI куэдми. А псом къыпэкIуащ къэралым и ордени 6. Нобэ республикэм щолажьэ щIалэгъуалэ, сабий-ныбжьыщIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэу 45-рэ. Абыхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, НыбжьыщIэ хэкупсэхэм я зэщIэхъееныгъэр, «ТекIуэ­ныгъэм и волонтёрхэр» урысейпсо зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэр, студент гупхэр, н. СызэреплъымкIэ, ком­сомолыр нобэ щымыIэжми, нэхъыщхьэр - абы и гуп­сысэхэм дытету къэралым зе­дгъэу­жьынырщ. Ди жагъуэ зэры­хъунщи, къытхэтыжкъым комсомол зэгухьэныгъэр щы­зэфIэува япэ илъэсхэм абы жыджэру хэтахэр. Абыхэм я фэеплъыр дэ тхъумэн хуейщ, лъэпкъым, Хэкум хуащIар тщымыгъупщэу.
КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зы­гъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек комсомолым хэ­тахэм зэрехъуэхъу тхыгъэм зэ­IущIэм къыщеджащ Къуэ­дзокъуэ Мухьэмэд. ИужькIэ къы­­зэ­хуэсахэм захуигъэзащ КъБР-м цIыхухэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэ Зумакулов Борис. Ар кIэщIу къытеувыIащ ВЛКСМ-м и тхыдэм.
- Мы пэшым щIэсхэр зэгъу­нэгъу дызыщIыр мы­хьэнэш-хуэ зиIа коммунист зэгухьэныгъэм ди гъащIэр пыщIауэ, ды­хуэ­пэжу зэры­щы­тарщ. Ды­щы­щыуа къэхъуами, псом япэ Хэкум, итIанэ ди щхьэм дегупсысу дыкъекIуэ­кIащ. Совет Союзыр къэрал лъэщу, зэ­къуэту зэрыщытами я фIыщIэ хэлъащ комсомолхэм. Комсомолыр 1918 гъэм жэпуэгъуэм и ­29-м щаухуат рабочэхэмрэ мэкъумэшыщIэ щIалэгъуалэмрэ я зэгухьэныгъэхэм я I урысейпсо зэхыхьэм. Абы къыщыщIэ-дзауэ ди цIыхухэм яхузэ­фIэ­кIащ куэд дыдэ. Къэбгъэлъагъуэмэ, комсомол мини  150-м щIигъу хъуащ Совет Сою­зым и ЛIыхъужь, Хэку зауэш­хуэм къыщагъэлъэгъуа лIыгъэм ­папщIэ цIыху мелуани 3-рэ ­ныкъуэм орденхэмрэ медалхэмрэ иратащ. А Iуэхугъуэ инхэм ятеухуауэ мы гъэм томитI хъууэ тхылъ гъуэзэджэ къы­дэдгъэкIащ, нэтын кIэщI­хэр ди щIыпIэ ­телеканалхэм къагъэлъэгъуащ. ФIыщIэ яхудощI апхуэдэ гулъытэ къы­зэрыт­хуащIам пап­щIэ.
Зумакуловым къыхигъэ-щащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и комсомол зэщIэхъееныгъэм и ветеранхэм я советым и ЩIыхь тхылъыр КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIа­лъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек, ­КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, ­КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и унафэщI Къуэдзо­къуэ Мухьэмэд, нэ­гъуэщI къэрал лэжьакIуэ зыбжанэми ира­тыну унафэ зэращIар.
Республикэм и депутатхэм къабгъэдэкIыу, комсомолым и илъэси 100-мкIэ къызэхуэсахэм ехъуэхъуащ Егоровэ Татьянэ. Абы жиIащ коммунист щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэм иIа зэфIэкIымрэ абы зэщIигъэуIуа цIыху бжыгъэмкIэ лъэщIыхьэн иджырей жыла­гъуэ ­щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм зэрахэмытыр. «Комсомолым хэкупсэ цIыху минхэр къигъэхъуащ. Нобэ ар тхыдэм и напэкIуэцI нэхъ дахэхэм ящыщ зыщ икIи дыщыгугъынщ абы и щапхъэр ди щIэблэм ямыгъэкIуэдыну», - къыхигъэщащ Егоровэм.
ЗэIущIэм къыкIэлъыкIуащ нэгузыужь пшы­хьи.

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.