|
Хьэгуарэ Джамилэ японыбзэкIэ «мэпсалъэ»
28 октября, 2020 - 06:23
Дуней псом къыщацIыху ди лъэпкъэгъу дирижёр телъыджэ Темыркъан Юрэ и ныбжьыр илъэс 75-рэ щрикъу илъэсым, 2013 гъэм, Санкт-Петербург дэт «Скифия» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIауэ щытащ Хьэгуарэ Джамилэ «Юрий Темирканов. Монолог» зыфIища и тхылъыр. Иджы хъыбар гуапэ къытIэрыхьащ - «Монолог» тхылъым Токио щоджэ! Ар «Альфа-Бета» тхылъ тедзапIэм японыбзэкIэ къыщыдэкIащ маэстрэм и гуащIэм дихьэх зэдзэкIакIуэ Iэзэ Огавэ Кацунари и фIыгъэкIэ. Тхылъыр псом япэу а бзэм къызэрагъэтIэсар зэрымыщIэкIэ къэхъуа Iуэхукъым - Японием куэдым ирепх Темыркъаныр, Токио и оркестрхэм, езым и гупым щIыгъуу абы щит концертхэм щегъэжьауэ ныбжьэгъу куэд зэрыщиIэм деж щыщIэкIыжу.
Маэстрэм и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ теухуауэ дунейм япэу илъэситху ипэкIэ къытехьа лэжьыгъэр щIэджыкIакIуэхэм я пащхьэ зэрырахьэрэ блэкIа зэманым псы Iэджэ ежэхащ, куэдым зихъуэжащ. Ауэ зэрыщытауэ къэнащ абы и творческэ гъуэгуанэ бгъуфIэр, зэчий ин зыбгъэдэлъ Юрэ и Iэзагъэр.
Тхылъым япэу сыкъыщеджам щыгъуэ сигу ирихьауэ имыхужхэм ящыщщ Темыркъан Юрэ «зи щхьэм щымыдыхьэшхыжыф цIыхур ахьмакъщ» зэрыжиIар. Мыр-щэ! «Псэр жьы зэрымыхъумрэ Iэпкълъэпкъым и щытыкIэмрэ зэгурыбгъэIуэну егъэлеяуэ гугъущ». ЗэрымыщIалэжыр къыхигъэщми, 2018 гъэм къриубыдэу куэдым яхузэфIэмыкIын зрагъэхъулIэфащ Темыркъан Юрэрэ ар зи унафэщI гупымрэ - Санкт-Петербург и симфоние оркестрым къэралибгъум концерт щэщI щитащ. Дыгъэгъазэ мазэм Темыркъаным Санкт-Петербург щригъэкIуэкIащ илъэс къэс къызэрагъэпэщ «Гъуазджэхэм я утыку» дунейпсо фестивалыр.
Японием «Дыгъэ къыкъуэкIым» и орден иIэщ (и мыхьэнэкIэ къэралым щыетIуанэ дамыгъэщ), ар 2015 гъэм Темыркъаным къратащ, Токио илъэс куэд хъуауэ щригъэкIуэкI лэжьыгъэ купщIафIэм, Урысеймрэ а къэралыгъуэмрэ я цIыхухэр лъэпкъ макъамэхэмкIэ зэпэгъунэгъу щIыным хуищI хэлъхьэныгъэшхуэм къыпэкIуэу.
|
10.05.2024 - 12:25 ЦIыхум и лъэр нихьэсащ хы лъабжьэми, къуршу щыIэм я нэхъ лъагэми, хьэршми. Ари хъунт и Iэужь къыщимынэу, щIыуэпсым хэмыIэбэу, пщIэ хуищIу щытатэмэ. |
|
10.05.2024 - 09:03 2024 гъэм накъыгъэм и 1-м къыщыщIэдзауэ къару игъуэтащ хабзэщIэм - зи пIалъэр икIа, жьы хъуа гъэшхэкIхэр, псыхэкIхэр тыкуэнышхуэхэм я кассэхэм дяпэкIэ щыпхагъэкIынукъым. |
|
10.05.2024 - 09:03 Бахъсэн къалэ администрацэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим иджыблагъэ IущIащ Быф Жэмал и цIэр зэрихьэу а къалэм дэт спорт еджапIэм муай-таймкIэ и тренер Бекбулатов Рашид. |
|
09.05.2024 - 16:58 Путин Владимир Урысейм и Президент къулыкъум иджы етхуанэу пэрыуващ, хэхыныгъэхэм щытекIуа нэужь. А Iуэхум иращIэкIа зэхуэсышхуэр сыхьэтым нэблагъэкIэ екIуэкIащ. |
|
09.05.2024 - 15:02 Налшык дэт къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм щекIуэкIащ ТекIуэныгъэм и махуэшхуэм теухуа пшыхь. |
|