ЩIыуэпсыр зэрахъумэм теухуауэ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ зи чэзу зэIущIэр. Абы къыщаIэта Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ «Экология» лъэпкъ проектыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм зэрыщагъэзащIэр.
КъБР-м щIыуэпс хъугъуэ­фIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министр Шаваев Ильяс жиIащ «Экология» лъэпкъ проектым хыхьэу республикэм «Къэрал къабзэ», «Мэзхэр хъумэн» Iуэхухэм зэрыщелэжьыр.
«Къэрал къабзэ» федеральнэ Iуэхум къыщыгъэ­лъэгъуахэр гъэзэщIэным ­хухахащ сом мелуан 86,75-рэ. Абы щыщу сом мелуани 6,07-р щIыналъэм и ­мылъкущ. Ахъшэр хухахащ хабзэм къемызэгъыу ира­кIута кIэрыхубжьэрыхухэр зэ­ран зыхуэхъуа щIы Iыхьэ­хэр ягъэпшэрынымрэ ягъэ­бэ­тэжынымрэ. Апхуэдэ лэ­жьыгъэхэр щрагъэкIуэкIащ Май, Тэрч щIыналъэхэмрэ Бахъ­сэн къалэ округымрэ зэхэту я щIы гектар 20-м щIигъум.
Министрыр щхьэхуэу тепсэлъыхьащ «Мэзхэр хъу­мэн» федеральнэ Iуэхум хыхьэу иужьрей илъэситIым зэфIагъэкIам. Абы зэрыжиIамкIэ, щIы гектар 97-рэ къызэщIиубыдэу мэзым жыгыщIэхэр щыхасащ, щIы гектар 1285-м жыгхэр зы­хуей щыхуагъэзащ. 2019 гъэм зэфIагъэкIа лэжьыгъэ псоми сом мелуан 72-рэ текIуэдащ, мэзхэм зрагъэубгъуным сом мелуани 6,99-рэ хухахащ, мэзым пыщIа IуэхущIапIэхэр зыхуэ­ныкъуэ Iэмэпсымэхэмрэ мафIэсгъэункIыфI техникэхэмкIэ къызэрагъэпэщыным - сом мелуан 65,01-рэ.
МафIэсгъэункIыфI техникэу 30, Iэмэпсымэ зэмылIэу­жьыгъуэу 55-рэ (сом мелуан 64,3-рэ текIуэдащ), мэз хозяйствэм къыщагъэсэбэп оборудованэу 6 (сом мин 692,8-рэ и уасэу) къащэ­хуащ.
Шаваевым къыхигъэщащ республикэм апхуэдэ мафIэсгъэункIыфI техникэ бжы­гъэ илъэс куэд хъуауэ рес­публикэм къызэрымы­кIуар.
2020 гъэми лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкIащ «Мэзхэр ­хъу­мэн» Iуэхум ипкъ иткIэ. Мы илъэсым ахэр зэфIагъэкIащ сом мелуан 43,58-кIэ. Мэзхэм зегъэужьыным сом мелуани 8-м щIигъу ­хухахащ, техникэ щхьэхуэхэр къэщэ­хуным - сом мелуан 34,74-рэ. Техникэ хьэлъэу (бульдозеррэ жыжьэ кIуэцI­рыкIыф машинэу) 11 къащэхуащ, Iэмэпсымэу 90-м хуэдиз.
Къэпсэлъам зэрыжиIамкIэ, «Къэрал къабзэ» федеральнэ проектыр ягъэзэщIэн папщIэ, IуэхущIапIэм Урысейм ЩIыуэпсыр хъумэнымкIэ и министерствэм зы­хуигъэзащ федеральнэ бюд­жетым къыхэкIыу щIыналъэм субсидие къритын папщIэ.
Апхуэдэу 2021 - 2023 гъэ­хэм я мурадщ Былым къуа­жэм щIы гектари 3,6-рэ щагъэпшэрыну, Тырныауз къалэм кIэрыхубжьэрыхухэмкIэ щауцIэпIа щIы гектари 3,2-рэ ягъэкъабзэу зрагъэу­жьыжыну.
- МэзгъэфIэну 4-рэ щIыуэ­псым щыгъуэтыгъуей щIы­пIи 6-рэ кадастр учётым дгъэуващ. ФIыщIэ яхудощI КъБР-м и Парламентым и депутатхэм, абы и лъэныкъуэкIэ къызэрыддэIэпы­къуам папщIэ. Дыщогугъ 2021 гъэм и кIэ пщIондэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэр псори дэфтэрхэм къыщыдгъэ­лъэгъуэну, - къыхигъэщащ Шаваевым.
Депутатхэр щIэупщIащ ­хабзэм къемызэгъыу мэзхэм жыгхэр зэрыщраупщIыкIым ахэр зэрыпэщIэ­тым, КъБР-м и мылылъэхэр зэрыткIум теухуауэ щIэныгъэлIхэм ирагъэкIуэкI къэ­хутэныгъэхэм, кIэрыхубжьэ­рыхухэр зэрагъэсеижымрэ зэрызэхадзымрэ, нэгъуэщI­хэми.
Шаваевым жиIащ мэзхэр хабзэм къемызэгъыу зэры­раупщIыкIым сыт хуэдэ щIыналъэри зэрыIууэр, ауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым апхуэдэ гугъуехьыр зэрыщынэхъ мащIэр. ЩIыналъэм и мэзхэм къызэщIаубыдэр щIы гектар 194700-рэ къудейщ, абы щыщу гектар 8800-р щхьэхуэу яхъумэ, абы къыхэкIыу апхуэдэ щIэпхъаджагъэ ялэжьыныр щымащIэ дыдэщ. Министерствэм и IэщIагъэлIхэм щIэх-щIэхыурэ щIыпIэхэм зыщаплъыхь, хабзэхъумэ Iэна­тIэхэм я лэжьакIуэхэр я ­гъусэу мэзыр хъумэным я нэIэ трагъэтщ. Къищы­нэ­мыщIауэ, IуэхущIапIитIым я лIыкIуэхэр зыхэт къэпщы­такIуэхэр хахащи, 2020 гъэм ирагъэкIуэкIа рейдхэм я бжыгъэм хэпщIыкIыу хэ­хъуащ, я лэжьыгъэм кърикIуэри нэрылъагъущ: илъэ­сыр къызэрихьэрэ уголовнэ Iуэху 17 къаIэтащ хабзэм къе­мызэгъыу мэзым жыгхэр зэрыщраупщIыкIам теухуа­уэ, апхуэдэуи лэжьакIуи 6 я IэнатIэм IуагъэкIащ мэзым кIэлъыплъынымрэ хъумэ­нымрэ теухуауэ я къалэныр тэмэму зэрамыгъэзэщIам къыхэкIыу.
Къэпсэлъам къыхигъэщащ псыежэххэм я Iуфэхэр зэгъэпэщыжынымрэ нэхъ шынагъуэ зыпылъ псыIущIэхэм елэжьынымрэ 2020 гъэм и кIэм зэрызэфIагъэкIынур.
Егоровэ Татьянэ жиIащ щIыуэпсыр хъумэныр Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм зэращыщыр икIи абы пщIэ хуа­щIу сабийхэр къэгъэхъуным ахэр цIыкIу щIыкIэ гулъытэ хуэщIын зэрыхуейр. ЗэIущIэм щыжаIар къызэщIа­къуэжа нэужь, щхьэж и къалэныр яубзыхуащ. Псом хуэ­мыдэу къыхагъэщащ «Экология» Iуэхур республикэм зэрыщагъэзащIэм, кIэрыху­бжьэрыхухэр зыхуей зэры­хуагъазэм адэкIи нэхъ ткIийуэ зэрыкIэлъыплъып­хъэр.

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.05.2024 - 08:48

БЗЭ ЗИМЫIЭР ЛЪЭПКЪЫНШЭЩ

ХамэщIым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщу адэжь лъахэм ­къихьэжа адыгэ щIалэгъуалэм ядэлэжьэныр, абыхэм я Iуэху зытетым зыщыгъэгъуэзэныр, я еджэныгъэр зэрекIуэкIым кIэ­лъыплъыныр, я лэжьыгъэр зэрызэте

13.05.2024 - 08:47

IУАЩХЬЭМАХУЭ ДАХА НЫПХЭР

Нэмыцэхэм я лъэсырызекIуэ полкищрэ танк дивизэрэ зэтезыкъутауэ щыта 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм хэ­тахэр хахуэу щыхэкIуэда Мартыновскэ районымрэ (Ростов щIыналъэм щыщщ) ди республикэмрэ зэпыщ

13.05.2024 - 08:46

ЩIЫХЬЫЦIЭМ И ЩIЫХЬКIЭ

Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ «Налшык – зауэлI щIыхьым и къалэщ» выставкэ-зэпеуэр.

13.05.2024 - 08:45

ТЕКIУЭНЫГЪЭ ИНЫМ И ЩIЫХЬКIЭ

ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ и колледжым щагъэлъагъуэ студент-дизайнерхэм я лэжьыгъэхэр.

12.05.2024 - 09:03

ЛЪАХЭХУТЭ ЗЭПЕУЭ

КъБР-м и Сабий, щIалэгъуалэ творчествэ унэм иджыблагъэ щекIуэкIащ урысейпсо зэIущIэ.