Хабзэхъумэхэм я
ЩIыхь аллеем
Жэпуэгъуэм и 13-м Къэбэрдей-Балъкъэрым ягу къыщагъэкIыжащ хабзэхъумэ органхэм я лэжьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу ди лъахэм мамырыгъэрэ зэгурыIуэныгъэрэ илъыным зи гъащIэр щIэзытахэр. Налшык щекIуэкIащ фэеплъ пэкIу.
Республикэм и мамырыгъэм зи гъащIэр щхьэузыхь хуэзыщIа лIыхъужь-хэм я фэеплъым пщIэ хуащIу абы кърихьэлIат КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек, Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм, республикэм и Парламентымрэ Правительствэмрэ, министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я лIыкIуэхэр, КъБР-м и къарузехьэ, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я унафэщIхэр, жылагъуэ, дин, ветеран зэгухьэныгъэхэм я лэжьакIуэхэр, республикэ МВД-м и унафэщIхэмрэ ветеранхэмрэ, хэкIуэда хабзэхъумэхэм я Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ.
Къызэхуэсахэм защыхуигъазэм КIуэкIуэ Казбек жиIащ:
- Нобэ мыбдежым дыщызэхуэсащ лIыгъэмрэ я къалэным зэрыхуэпэжымрэ къагъэлъагъуэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мамыры-гъэр зыхъума хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм я фэеплъым пщIэ хуэтщIыну. Ди республикэм апхуэдэ Iуэхугъуэ гуауэ зэи къыщремыхъуж. Тхэмытыжхэм я фэеплъыр нэху ирехъу.
КъыкIэлъыкIуэу псалъэ иратащ Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ, полицэм и генерал-лейтенант Ромашкин Игорь.
- Ди республикэм и мамырыгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ я гъащIэр щIатащ хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэ 37-м. Нобэ дигу къыдогъэкIыж, я фэеплъым пщIэ худощI зи къалэным пэрыту хэкIуэдахэр. Илъэс 13 ипэкIэ къэхъуа Iуэхугъуэ гуауэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм мыкIуэдыжыну хатхащ. Дэ ахэр зэи тщыгъупщэнукъым, сыт щыгъуи ди гум илъынущ, тхузэфIэкI къэдгъанэр-къым я фэеплъыр къэнэн папщIэ, - жиIащ минист-рым.
Ромашкин Игорь къыхилъхьэри, хэкIуэдахэм я фэеплъым пщIэ хуащIу къызэхуэсахэр дакъикъэкIэ щымащ.
ЛIыгъэрэ хахуагъэрэ къагъэлъагъуэу ди республикэм и мамырыгъэмрэ зэпIэзэрыт щытыкIэмрэ яхъумэу зи гъащIэм емыблэжа хабзэхъумэхэр ягу къагъэкIыжу, я фэеплъым пщIэ хуащIу, хэщIыныгъэ зыгъуэта Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ даIыгъыу къэпсэлъахэщ Экстремизмэмрэ торризмэмрэ пэщIэтынымкIэ «Уи унагъуэм мамырыгъэ илъыну» Къэбэрдей-Балъкъэр жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI, КъБР-м и МВД-м и Жылагъуэ советым хэт Шыбзыхъуэ Сафудин, КъБР-м экстремизмэмрэ щIалэгъуалэ политикэмрэ япыщIа лэжьыгъэхэр щIыпIэхэм щызэгъэуIунымкIэ и министр Къуэшырокъуэ Залым, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и ЩIалэгъуалэ советым и унафэщIым и къуэдзэ Чеченов Рустам. Къыхагъэщащ ди нобэми, къэкIуэнуми нэхъыщхьэр Къэбэрдей-Балъкъэрым мамырыгъэрэ зэгурыIуэныгъэрэ щытепщэныр зэрыарар, зэкъуэту абы сыт щыгъуи дыхущIэкъун зэрыхуейр.
КъБР-м и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и тхьэмадэ Дзасэжь Хьэзрэталий хэкIуэдахэм тхьэ яхуелъэIуащ. Благочиннэ Бобылев Валентини апхуэдэ Iуэхугъуэр зэфIигъэкIащ.
Фэеплъ пэкIум пащэу КъБР-м Къалэн куэд щагъэзащIэ щIалэгъуалэ центрым и волонтёрхэм мамырыгъэр яхъумэу къамыгъэзэжыну тхэкIыжахэм я фэеплъым и дамыгъэу шар хужь гъэпщахэр яутIыпщащ.
ЗэIущIэм кърихьэлIахэм, КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэ-кIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек я пашэу, удз гъэгъахэр тралъхьащ Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм, мамыр зэманым зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда хабзэхъумэхэм я фэеплъым.
ЛIыгъэм и дерс
Зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда хабзэхъумэхэм я Фэеплъ махуэм теухуа ЛIыгъэм и дерс щекIуэкIащ Налшык къалэ дэт курыт еджапIэ №9-м.
ШколакIуэхэм яхуэзащ КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэрагъакIуэм кIэлъыплъынымкIэ и управленэм и оперуполномоченнэ нэхъыжь, полицэм и подполковник Давыдовэ Иринэрэ Урысей МВД-м и Управленэу Налшык къалэ щыIэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщI, полицэм и майор Османов Мухьэрбийрэ. ХьэщIэхэм ныбжьыщIэхэм ягу къагъэкIы-жащ 2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м Налшык къалэм къыщыхъуахэр.
- Дэ псоми тщIэн икIи тщыгъуп-щэн хуейкъым Хэкум деж я къалэныр щагъэзащIэу дамэтелъ зезыхьэ цIыхухэм къагъэлъэгъуа лIыгъэр. Абыхэм я гъащIэр щIатащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм я мамырыгъэмрэ къэкIуэнумрэ, - къыхигъэщащ Давыдовэ Иринэ.
Класс нэхъыжь школакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ захуигъэзащ Османов Мухьэрбий.
- Ди лIыхъужьхэм къагъэлъэ-гъуар Хэкур фIыуэ лъагъуным и щапхъэшхуэщ, - къыхигъэщащ абы.
ЗэIущIэм и кIэухым, полицей-хэм я къэпсэлъэныгъэхэм едэIуа школакIуэхэр тепсэлъыхьащ я къулыкъур, дзэ къалэнхэр ягъэзащIэу хэкIуэда я Iыхьлыхэм.
Зэманыр
пэлъэщыркъым
Фэеплъ Iуэхугъуэхэр Бахъсэн щIыналъэми щыIащ.
2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м Налшык къыщыхъуахэр ягу къыщагъэкIыж махуэм Урысей МВД-м и «Бахъсэн» къудамэм щекIуэкIащ зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда я лэжьакIуэхэм я фэеплъ Iуэхухэр. Абы хэтащ хэкIуэдахэм я Iыхьлыхэр, я лэжьэгъухэр, къудамэм и ветеранхэр, къудамэм дэлажьэ Жылагъуэ советым, къалэ, район администрацэхэмрэ прокуратурэмрэ я лIыкIуэхэр, школакIуэхэр.
Урысей МВД-м и «Бахъсэн» къудамэм и унафэщI, полицэм и полковник Хэжь Аслъэнбий жи-Iащ къулыкъукIэ я къалэныр ягъэзащIэу хэкIуэда, я гъащIэм емыблэжу зэпIэзэрытыгъэмрэ мамырыгъэмрэ къызэзыгъэпэща я ныбжьэгъухэм я фэеплъыр сыт щыгъуи хъумэныр я пщэ къызэрыдэхуэр.
- Абыхэм я хахуагъэмрэ ята тхьэрыIуэм зэрыхуэпэжымрэ щапхъэу дэ догъасэ щIэблэщIэр, - къыхигъэщащ Хэжьым.
Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэ хэкIуэдахэм я фэеплъым пщIэ хуащIу дакъикъэкIэ щымащ, мамырыгъэр яхъумэу зи гъащIэр щIэзытахэм я фэеплъым и дамыгъэу шар хужь гъэпщахэр яутIыпщри фэеплъым деж удз гъэгъа-хэр щагъэтIылъащ.
Я фэеплъым пщIэ хуащI
Бахъсэн къалэм щекIуэкIащ цIыху куэд зыхэт зэдэжэ. ЕкIуу къызэрагъэпэща спорт Iуэхугъуэ иным Лениным и проспектым къытришат цIыху минищым нэблагъэ.
Iуэхум щIидзэным и пэ къихуэу Бахъсэн къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим къыхилъхьэри, ди лъахэм и мамырыгъэр бзаджащIэхэм щахъумэу хэкIуэда хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм я фэеплъым пщIэ хуащIу дакъикъэкIэ щымащ.
Къалэ спорт Iуэхум жыджэру хэтащ сыт хуэдэ ныбжьми къриубыдэ бахъсэндэсхэр. Абыхэм яхэтащ Бахъсэн къалэ округым и администрацэмрэ къалэ советым-рэ, жылагъуэ IуэхущIапIэхэмрэ зэгухьэныгъэхэмрэ я лIыкIуэхэр, спортсменхэр, школакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ, къызэрыгуэкI къалэдэсхэр. ГъэщIэгъуэну, узыIэпашэу уакIэлъыплъырт ныбжьыщIэхэмрэ щIалэгъуалэмрэ къакIэрымыхуу къажэ пенсионерхэм. Спортым сыт хуэдэ ныбжьри зэрыхэзагъэр наIуэт.
Iуэхур зэфIэкIыху, къалэм и уэрам нэхъыщхьэм щыплъыращ «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэм», полицэм, МЧС-м я лэжьакIуэхэр.
Фэеплъ зэдэжэм бахъсэндэсхэм къыщагъэлъэгъуащ спортым зэрыхэзагъэр, гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ къаритащ
Нэхъыщхьэр
къагуроIуэ
Тырныауз къалэм щызэхэта щыгъуэ пэкIум хэтащ щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Залиханов Къанщоубийрэ муниципалитетым и лIыкIуэхэмрэ, Урысей МВД-м Iуащхьэмахуэ щIыналъэмкIэ и къудамэм и Жылагъуэ советым хэт Газаевэ Зухра, Iуащхьэмахуэ районым щыIэ ОВД-мрэ ВВ-мрэ я ветеранхэр, хэкIуэда хабзэхъумэхэм я унагъуэхэм щыщхэр, къудамэм и унафэщIхэмрэ лэжьакIуэхэмрэ, апхуэдэуи школакIуэхэр, районым щыпсэухэмрэ хьэщIэхэмрэ.
Я къалэн ягъэзащIэу 2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м хэкIуэда къэ-рал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм я лэжьакIуэхэм я Фэеплъ махуэм ягу къагъэкIыжащ илъэс 13 и пэкIэ къэхъуахэр, я гъащIэм емыблэжу я къалэныр зыгъэзэщIа, я тхьэрыIуэм хуэпэжу хабзэр, ди лъахэм и мамырыгъэмрэ зэпIэзэрытыныгъэмрэ зыхъума къудамэм и лэжьакIуэхэр.
Урысей МВД-м и къудамэу Iуащхьэмахуэ щIыналъэм щыIэм и унафэщI, полицэм и подполковник Скичко Сергей къыщыпсалъэм къыхигъэщащ: «Дэ зэи тщыгъупщэркъым я къалэнхэр ягъэзащIэу хэкIуэдахэр, абыхэм я унагъуэхэм сыт щыгъуи ди нэIэ ятетыныр ди лэжьыгъэм къыгуэх имыIэу и Iыхьэм и мызакъуэу, ар ди къалэнщ. Нэхъыщхьэр апхуэдэ гуауэхэр къытрагъэзэжу къэмы-гъэхъунырщ, ди республикэм, районым щыпсэухэм я шынагъуэншагъэмрэ и зэпIэзэрытыныгъэмрэ къызэгъэпэщынырщ. Дэ дрогушхуэ ди лIыхъужьхэм. Абыхэм я фэеплъыр мыкIуэдыжынщ, я щIыхьыр лъагэщ».