Iэмэпсымэхэм къахохъуэ

Республикэ сабий клиникэ сымаджэ­щым узыфэр къыщахутэ и къудамэм МРТ аппаратыщIэр щагъэувыну пэшыр ягъэхьэзыр.
Iуэхур зэрекIуэкIыр къипщытащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам. Министрымрэ Республикэ сабий клиникэ сымаджэщым и дохутыр ­нэхъыщхьэ Гущэл Людмилэрэ тепсэ­лъы­хьащ зэман гъунэгъухэм къриубыдэу IуэхущIапIэм игъуэтыну зыужьыныгъэхэм, ахэр къызэрызэрагъэпэщынум теухуа еплъыкIэ щхьэхуэхэр къагъэлъэгъуащ.
Сом мелуан 77-рэ зи уасэ МРТ-р министерствэм къищэхуащ «Узыншагъэр хъу­мэн» лъэпкъ проектым хэту. ЩIэуэ къа­Iэрыхьа иджырей медицинэ Iэмэпсы­мэ­щIэм Iэмал къаритынущ сабий сымаджэ­щым узыфэр къэхутэнымкIэ щра­гъэкIуэкI къэпщытэныгъэхэр нэхъ псынщIэу зэфIагъэкIынымкIи абыхэм я фIагъыр къэ­IэтынымкIи.
НэхъапэкIэ Республикэ сабий клиникэ сымаджэщым лъэпкъ проектым хэту къы­Iэрыхьауэ щытащ компьютер томографрэ нэ узыфэхэм зэреIэзэ Iэмэпсымэрэ.

ЩхьэщэмыщI Изэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.

28.04.2024 - 09:03

ПЭРЫТ УВЫПIЭР АДЭКIИ ИIЫГЪЫНУЩ

Налшык къалэ и Музыкэ театрым щекIуэкIащ «ФIагъым и лъагапIэ-2024» фIэ­­щыгъэр зиIэ Япэ Кавказ-Ищхъэрэ конференц.

28.04.2024 - 09:03

ИНТЕРНЕТ ХАБЗЭНШАГЪЭМ ЗЭГЪУСЭУ ПЭЩIОУВЭ

Каменномост (Къармэхьэблэ) дэт курыт еджапIэ №2-м щекIуэкIащ сабийхэр щIэпхъаджащIэхэм ящыхъумэнымрэ интернет напэкIуэцIхэм гъэпцIагъэкIэ хабзэм къе­мызэгъ щрагъэлэжьыным пэщIэтынымрэ ятеухуа зэIущ

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.