ЩIЫНАЛЪЭХЭМ Я ЩIЫУЭПСЫМ И ЩЫТЫКIЭР

«Плъыр удзыфэ» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм иджыблагъэ наIуэ къищIащ «Урысейм и щIыналъэхэм лъэпкъ экологиемкIэ я рейтингым» 2023 - 2024 гъэхэм я щIымахуэм кърикIуахэр.

Рейтингыр 2017 гъэм къыщыщIэдзауэ зэхагъэувэ, 2018 гъэм щегъэжьауэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ цIыхухэр абы щыгъуазэ ящI. 
2023 гъэм дыгъэгъазэм и 1-мрэ 2024 гъэм мазаем и 29-мрэ я зэхуакум дэлъ щIымахуэ мазищым экологие и лъэныкъуэкIэ сыт хуэдэ лэжьыгъэ щIыналъэхэм яхузэфIэкIами хэплъэри, абы кърикIуахэм ятещIыхьауэ рейтингыр зэхагъэуващ. Къэпщытэныгъэм хохьэ щIыналъэхэм щыщыIэ хьэуам, псым, щIыгулъым яIэ къабзэгъэр, дунейм и щытыкIэр, цIыхухэм я псэукIэр, промышленнэ IуэхущIапIэхэр экологием зэрыхуэсакъыр, абы и лъэныкъуэкIэ щIыпIэ властхэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр, нэгъуэщIхэри. 
Рейтингым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, япэ увыпIипщIыр зыубыдахэр мыпхуэдэу къызэкIэлъокIуэ: Мэзкуу къалэр, Тамбов областыр, Мурманск областыр, Алтай республикэр, Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Калугэ, Курск областхэр, Чуваш республикэр, Кострома областыр, Чукотскэ АО-р.
ИкIэм къинащ Новосибирск, Орел, Иркутск, Омск, Красноярк, Челябинск щIыналъэхэр. Къыхэгъэщыпхъэщ къэпщытэныгъэхэм хэмыта щIыналъэхэри зэрыщыIэр. Псалъэм папщIэ, Къэрэшей-Шэрджэсыр, Шэшэныр, Дагъыстэныр, нэгъуэщIхэри. 
 

ХЬЭЩОКЪУЭ Алыдж.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.05.2024 - 13:17

ЕГЪЭДЖЭНЫГЪЭМ И МАРДЭЩIЭХЭМ ХУОКIУЭ

Ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ дыгъуасэ къэкIуащ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей.

05.05.2024 - 13:16

ГЪУЭГУ МАХУЭ ТЕТ МАФIЭГУР

«Жемчужина Кавказа» мафIэгур Налшык къыдыхьащ накъыгъэм и 2-м. Абы ис зыплъыхьакIуэхэм Iэмал ягъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Iуащхьэмахуэ зрагъэлъагъуну. 

05.05.2024 - 09:03

ГЪАВЭ БЭВЫР Я ПЛЪАПIЭЩ

Май щIыналъэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI, -къитащ иджыблагъэ щIыпIэ администрацэм мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ и управленэм.

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.